ЩIэныгъэлIхэр Лъагъуэнакъэ къыщхьэщож

Урысейм щыщ щIэныгъэлIи 120-м Президент Путин Владимир «Тхыгъэ зэIуха» хуагъэхьащ Адыгэ Республикэм хыхьэ Лъагъуэнакъэ та­фэм щрагъэкIуэкIыну я ­мурад ухуэныгъэхэр и нэIэ щIигъэувэну елъэIуу.

2019 гъэм щIышылэм и 20-м Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэза тхыгъэм щы­теп­сэ­лъыхьауэ щытащ заповедниккIэ зэ­джэ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм епха лэжьыгъэхэр зэрызэфIахыпхъэм теухуауэ: «Тхыдэ фэеплъу къалъытэ щIыпIэхэр туризм IуэхукIэ ­къагъэщхьэпэнкIэ хъумэ, абыхэм яу­быд щIымрэ щIыуэпсымрэ хъумэныр нэхъапэу щытын хуейщ, «экологи­ческий туризм» фIэкIа езэгъынукъым апхуэдэ щIыпIэхэм. ЩIым щыщ Iы­-хьэ пычын, абы жыг къыщиупщIыкIын, ухуэныгъэ Iуэху щыукъуэдиин хуэ­дэхэр абыхэм ехьэлIапхъэкъым. Шэч хэлъкъым апхуэдэ щIыналъэхэм щыпсэу цIыхухэм я гукъыдэжыр къыпфIэмыIуэхуу зэрымыхъунуми».
А Iуэху бгъэдыхьэкIэ узыншэр ягу къагъэкIыжкIэрэ, щIыуэпсым елэжь щIэныгъэлIи 120-м Президентым зы­хуагъазэ Лъагъуэнакъэ тафэм щау­хуэну загъэхьэзыр турист екIуэлIапIэм епха лэжьыгъэхэр нэуфIыцI­щхьэрыуэу кърахьэжьэныр яхуимыдэну елъэIуу.
ЩIэныгъэлIхэм я тхыгъэм къыхагъэщ 2021 гъэм гъатхэпэм и 6-м УФ-м и Правительствэм Лъагъуэнакъэ ­«биосферэ полигон» жыхуаIэм хуэ­-   дэ зэрыщаухуэнум теухуа Уна­фэ №561-м Iэ зэрыщIидзар. Сом меларди 7,6-рэ зытекIуэдэну а ухуэныгъэм и Iуэхур мызэ-мытIэу и къэпсэлъэныгъэхэм къыщиIэтащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурати. Бытырбыху иджыблагъэ щекIуэкIа Экономикэ зэхуэсышхуэми абы щы­тепсэлъыхьащ. Ауэ ахэр зэреплъымкIэ, Лъагъуэнакъэ тафэм щызэхуэ­хьэса щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм Iэ пхъашэкIэ уеIусэмэ, абы къыщыкI ­удзхэри, ис хьэпщхупщхэри, псэущхьэхэри, бзухэри, Адыгеймрэ Краснодар краймрэ псы къабзэкIэ зы­щыгугъ псыежэххэм къэс щIыщIагъ псыхэри кIуэдыжынкIэ хъунущ. ЩIэ­ныгъэлIхэм дэтхэнэ зыри къыхураджэ къаIэта Iуэхур даIыгъыу щIыпIэ телъыджэр  яхъумэну.

 

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.