Хэкурыдж зекIуэхэр

«Урысейм и щIэинхэр. Iуащхьэмахуэ ихъуреягъкIэ» фIэщыгъэр зиIа хэкурыдж проектым хиубыдэу, мы махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэрагъэпэщащ квадроциклхэмкIэ щIыпIэр къыщызэхажыхьа зекIуэ хьэлэмэт. Iуэхум и жэрдэмщIакIуэ хъуащ гъуэгу пхыдзахэм къыщыжыхьыным дихьэххэм я «Квадроостров» клубу Москва щылажьэмрэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ «Альтаир» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэмрэ хэтхэр. Ди щIалэхэм нэмыщI, зекIуэ гъэщIэгъуэным хэтащ Москварэ Москва областымрэ ящыщ щIалэхэу гъуэгу пхыдзахэм квадроциклкIэ къыщыжыхьыным дихьэххэр. Ахэр зрикIуэну лъагъуэр зыубзыхуар Урысей географие зэгухьэныгъэм хэт хэкурыдж цIэрыIуэ Мокаев Тенджызщ. ЗекIуэм и унафэщIу щытар «Квадроостров» клубым и пашэ Зимин Александрщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, проектыр къызэрыунэхурэ илъэсищ мэхъу, абы и мурад нэхъыщхьэри щIыналъэ щIыуэпсыр нэсу джыныращ. ЩIалэ хахуэхэм квадроциклхэм тесу зэпачащ километр 500-м щIигъу гъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, шынагъуэхэри, пхыдзахэри, лъагъуэ мыцIыхухэри, кIыхьхэри хэту. Апхуэдэу Кавказ къуршхэм хиубыдэ бгы зэхуакуи 6-рэ щхьэдэхыпIи 7-рэ къызэранэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс дахэр зрагъэлъэгъуащ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ зыбжанэм къыщыувыIащ. Апхуэдэт, къапщтэмэ, генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий и цIэр зезыхьэ хуейр, Къэнжал щIыпIэр, нэгъуэщIхэри. ЗекIуэм къриубыдэу абы хэтахэм Iуащхьэмахуэ ихъуреягъыр къажыхьащ, ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIа­дзэри. Iуэхум адэкIи къыпащэнущ. ДяпэкIэ абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм я мызакъуэу, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэми къикIа щIалэхэри.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.