Ди щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр тхуэхъумэрэ?

КIарэ Галинэ Сэрмакъ дэт курыт еджапIэ №1-м биологиер щригъэджу лэжьащ, абы къыщызэригъэпэща «Си щIы хъурейр» гуп­жьейм щигъасэ ныбжьыщIэхэр ду­нейм и зэ­хэлъыкIэм теухуауэ республикэ, район зэ­пе­уэхэм па­-шэ щыхъуу къэгъуэ­гуры­кIуащ. 2005 гъэм КIарэр Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфIу къа­лъытащ, ныбжьыщIэхэр щIы­уэпсыр хъумэным зэрыхуэбгъасэ хъунум теухуауэ игъэлъэгъуа лэ­жьыгъэм япэ увыпIэр къыщихь­ри. Иджы ар «ЩIыуэпсыр ди гъащIэщ» щIы­налъэ зэхуаку жылагъуэ зэ­щIэ­хъее­ны­гъэм и унафэщIым и къуэ­дзэщ. Бзылъхугъэр ирагъэ­кIуэкI лэ­жьыгъэр зыхуэдэм тед­гъэп­сэ­лъы­хьащи, къыджиIахэм ди гуа­пэу фы­щы­­догъэгъуазэ.
- Галинэ, щIыуэпсым епха жыла­гъуэ­ Iуэхум дауэ удихьэха?
- ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием бгы щIыпIэхэм я щытыкIэхэр джынымкIэ и институтым, Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм, срищIэныгъэ лэжьакIуэщ. Ди щIыналъэм, къап­щтэмэ, Кавказым хиубыдэ щIыпIэ псоми, псэ зыIуту дунейм тет лIэужьыгъуэхэр хъумэным ехьэ­лIауэ гугъуехьхэр зэрыщыIэр нэрылъагъут. Арати, «ЩIыуэпсыр ди гъащIэщ» зыфIэтща жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм щIыналъэ зэ­хуаку мыхьэнэ иIэу къызэдгъэпэщащ, абы и унафэщIым и къуэдзэу сэ сагъэуващ. Ди лэжьыгъэр зы­хуэдунэтIыр щIыуэпсыр хъумэным цIыху­хэр къыхуедджэнымрэ хэхауэ зи нэIэ трагъэт щIыпIэхэр зэрахъу­-мэ Iэмалхэр едгъэфIэкIуэнымрэщ. Апхуэ­дэуи, сэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм НКО-хэм я IуэхухэмкIэ и уна­фэщIым и къуэдзэу сыхахащ.
- Сыт хуэдэ проектхэр къохъу­лIа?
- Пэжыр жысIэнщи, проект куэд згъэзэщIащ, федеральнэ мыхьэнэ зиIэхэри яхэту. Иужьрей илъэсищым сызэлэжьахэм я гугъу сщIы­мэ, абыхэм я цIэхэр къыфхуисIуэнщ: «ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ Тембот Аслъэнбий и Iуэху бгъэдыхьэкIэр и лъабжьэу дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным цIыхур къыхуеджэ­ным теухуауэ», «Заповедная Кабардино-Балкария», «Кавказым и щIэинхэр дывгъэхъумэ» (мыр Урысейм и WWF-м и гъусэу къызэдгъэпэща Iуэхущ). Президент саугъэтхэр зыт фондым и проектхэм ящыщщ «Гъуэтыгъуей хъуа хьэкIэ­кхъуэкIэхэр тхъумэн папщIэ, цIыхумрэ абыхэмрэ зэрызэдэдгъэгъуэгу­ры­кIуэнур» Iуэхур. Абыхэм къищы­нэмыщIауэ, Азием узыщрихьэлIэ ле­опардым хуэдэхэр Кавказым къэгъэ­Iэпхъуэным теухуа программэм селэжьащ, «ЩIыуэпсыр зэ­гъу­сэу дывгъэхъумэ», «Тхылъ плъы­жьым и лъагъуэкIэ: Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыпсэу хьэкIэ­кхъуэ­кIэхэм ящыщу Тхылъ плъы­жьым ихуахэр» Iуэхухэр дгъэзэщIащ.
- Фи жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм арэзы укъищIрэ?
- Иужьрей илъэс зыбжанэр ­къапщ­тэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэу 500-м щIигъу къыщызэдгъэпэщащ. Сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж къы­щыщIэ­дзауэ дыкъэзыухъуреихь ­дунейм и щытыкIэмрэ щIыуэпсыр ­хъумэн зэрыхуеймрэ теухуауэ щIэныгъэ кон­ференцхэр, гъэлъэ­гъуэныгъэ­хэр, зэхьэзэхуэхэр, джэгукIэхэр зэ­пымыууэ идогъэкIуэкI. Щысабийм щегъэжьауэ цIыхум я гупсысэр къаб­загъэм, шынагъуэншагъэм хуэгъэушыным, ди лъахэм и къулеягъым, мыбы къыщыкI къэ­кIыгъэ лIэу­жьыгъуэхэмрэ узыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ хуэгъэсакъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэ щIыналъэхэм дежкIэ - щIы ­мащIэ фIэкIа къамыубыдми, зи теп­лъэ къулеймрэ апхуэдиз псэущхьэ зэмылIэужьы­гъуэрэ зиIэм - цIыхумрэ щIы­уэпсымрэ я зэпыщIэныгъэр нэры­лъагъуу щытын хуейщ.
- Дызытепсэлъыхьым теухуауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр щыIэ республикэм? Уи хъуэпсапIэхэми ды­щыбгъэгъуэзэну сыхуейт.
- Ухэзыгъаплъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ диIэщ. Ахэр епхащ хьэуар, псыхъуэ­хэр зэрауфIейм, жыгхэр ирауп­щIыкIыурэ мэзхэр зэрагъэ­кIуэ­дыжым, щIыгулъым и зэхэ­лъы­кIэмрэ къэкIыгъэхэмрэ нэхъы­кIэ зэрыхъум. Абы къыхэкIыу къ­эрал унафэщIхэми щIыпIэ унафэр зезы­хьэхэми нобэ нэхъыщхьэ дыдэу я нэIэ зытрагъэтын хуейхэм ящыщу къызолъытэ, зэрыжысIауэ, цIыху­бэм я гъэсэныгъэм гулъытэ ­хуа­щIыныр, етIуанэрауэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр зи лъабжьэ иджырей Iэмалхэм ятещIы­хьауэ ди щIыналъэм зрагъэу­жьыныр. Иужь­рейм ехьэлIауэ законхэр, программэ хэхахэр къэщтэн хуейщ.
ХъуэпсапIэу сиIэращи, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыгъэпсэхупIэ щIы­налъэ хъуну сыхуейт. КъэкIыгъэ гъуэтыгъуейхэр кърамычу, хьэкIэ­кхъуэкIэхэр къамыукIыу, псы­хъуэхэм пхъэнкIий дамыкIутэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и зэран щIыуэпсым емыкIыу слъагъуныр насыпышхуэт.
- Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ хъумэным иджыпсту хуэфащэ гулъытэ ­ягъуэтрэ?
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызы­хуэкIуаращи, къэкIыгъэ, хьэкIэ­кхъуэкIэ псэущхьэ куэд ди Тхылъ плъыжьым ихуащ, щымыIэжыххэ­хэм хабжэу е кIуэдыжынкIэ шына­гъуэ пылъу. Абы къегъэлъагъуэ цIыхур щIыуэпсым зэрыщымыс­хьыр. Дунейр хъумэным теухуауэ унафэщI­хэм Iэмал ткIийхэр къамыгъэсэбэпауэ хъуну къыщIэкIынукъым.
- КъБР-м и Тхылъ плъыжьым ихуахэм укъытезгъэувыIэнут.
- Япэ къыдэкIыгъуэр 2000 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ икIи абы хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэу 138-рэ (шэрыпIхэм ящыщу 26-рэ, ­къуалэбзууэ - 53-рэ, бдзэжьей лIэу­жьыгъуэу - 14, хьэпщхупщу - 3, щIыми псыми щыпсэу псэущхьэу - 3, ­гъудэ-бадзэу - 39-рэ), къэкIыгъэ зэ­хуэмыдэу 100, жыглыцрэ Iэгъэбэгуу 5 къызэщIиубыдэрт.
КъБР-м и Правительствэм 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа УнафэмкIэ щIэгъэбыдауэ етIуанэу къыдагъэкIа ди Тхылъ плъыжьым ихуар псори зэхэту 372-рэ мэхъу: къэкIыгъэрэ Iэгъэбэгуу лIэужьы­гъуи 175-рэ (Iэгъэбэгуу - 15, жыглыцу - 37-рэ, мэзбийуэ - 3, удз гъагъэу 110-рэ), хьэкIэкхъуэкIэу 197-рэ (тхы ­къупщхьэншэ псэущхьэу 87-рэ, тхы къуп­щхьэ зыхэлъхэм ящыщу 110-рэ).
Тхылъ плъыжьым и къыдэкIы­гъуитIри щапхъэу къыщIэсхьар иужь­рей илъэс 20-м абы ихуа псэущ­хьэхэм лIэужьыгъуэ 59-кIэ зэрыхэ­хъуар (2000 гъэм 138-уэ щы­тамэ, иджы 197-рэ хъуащ) нэрылъагъу ­хъун щхьэкIэщ. Нэхъ яцIыхухэм ­щыщу я цIэ къыфхуисIуэнщ: ­къущхьэхъушейр, Iущхьэр, къэлэрдэгур, къэлэ­рыр, леопардыр, къуршыбгъэр, къущхьэхъубгъэр, мысыр­джэ­дыр, европей щы­хьыр, нэ­гъуэщI­хэри.
- Егъэджэныгъэ IэнатIэхэм ныбжьыщIэхэр дунейм зэрыщыхагъэгъуазэм теухуауэ сыт къыдже-­­ п­Iэн?
- Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и член-корреспондент ­Тембот Аслъэнбий зэрыжиIащи, «Бгы­лъэ щIыпIэхэм щыIэ гугъуехь­хэм щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ­гулъытэ яхуэ­щIыныр XXI лIэщIы­гъуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ ды­дэ­хэм ящыщ хъун ­хуейщ, псэ зыIутхэм я тIасхъапIэр цIыхумрэ абы и Iэ­рыкIхэмрэ елъытауэ щытщи». Сэ­ри сызэреплъращи, сабийхэм я лъахэр фIыуэ ялъагъуу, яхъумэу гъэсэныр егъэджэныгъэ IэнатIэм нэхъ мы­хьэ­нэшхуэ щызиIэ и къалэнхэм ящыщ зыщ. Къыхэдмыгъэщу хъунукъым биологиер зэры­рагъэджым къалэ­нышхуэ зэригъэзащIэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрызэхэлъым, зэ­рызихъуэжым ныб­жьыщIэхэр абы зэрыхигъэ­гъуазэр. Ауэ а дерсым и закъуэкIэ курыт еджапIэм къыщащIэр мащIэщ. ЖысIэнуращи, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэ псоми экологием сыхьэт бжыгъэхэр щыхухахакъыми, еджакIуэ­хэм щIы­уэп­сым щыгъуазэ защIыну Iэмалу яIэр мащIэщ. Экологием сыхьэт бжыгъэ щхьэхуэ хухэпх хъуну къысщохъу. А Iуэхур нэхъ куууэ зэпкъ­рысхыу тхыгъэ зыбжанэ згъэ­хьэ­зырауэ сиIэщ, щIэныгъэ къыдэ­кIыгъуэ зэмы­лIэужьыгъуэхэми къы­т­резгъэдзащ.
- ЖытIар къызэщIэткъуэжмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъума хъун папщIэ цIыхум сыт ищIэн ­хуейр?
- Псом япэу зыщигъэгъупщэ хъунукъым дунейм и зы Iыхьэу ар зэрыщытыр икIи а зэпыщIэныгъэр зэпиудмэ, езым и щыIэныгъэми зэ­ран зэрыхуэхъужыр.

БАГЪЭТЫР Луизэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.