Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр

Бадзэуэгъуэм и 3-м Мейкъуапэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэ.
Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие къэралы­гъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Крас­­нодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм ирагъэблагъэри хэтащ адыгэ лъэп­къыр зэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ, нэхъыжьыфI ­Мэ­ш­бащIэ Исхьэкъ, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Ад­ми­нист­рацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Адыгейм лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэ­лэжьэнымрэ хъыбар-егъащIэ IэнатIэхэмкIэ и ко­-мите­тым и унафэщI Щхьэ­­­лахъуэ Аскэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуихри ири­гъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий.
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат зэIущIэм хэтхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ. Абы къыхигъэщащ ады­гэхэм захъу­мэжын,адрей лъэпкъхэм мамыру ядэп­сэун папщIэ Дуней-псо Адыгэ Хасэм илэжь Iуэ­хухэм яIэ мы­хьэнэр зэ­рыиныр. ЖиIащ ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэ дахэхэмрэ зэхэтыкIэ екIумрэ дэнэ къэрал щыпсэу ады­гэхэри зэпызыщIэ Iуэ­хугъуэу, ди зыужьыны-гъэм и лъабжьэу къызэ­рилъытэр. Адыгейм и Iэ­тащ­хьэм къыхигъэщащ ДАХ-м хэтхэм я къарур зэгъэуIуауэ ­зэ­дэлажьэмэ, лъэпкъым и зыужьыныгъэм къыхуэщхьэпэну хэ­кIыпIэхэр къызэра­гъуэ­тынур и фIэщ зэрыхъур.
ЗэIущIэм щытепсэлъы­хьащ ДАХ-м и XIII конг­рессыр къызэрызэрагъэ­пэ­щынум, зэрекIуэкIынум, абы и Уставым (Хабзэм) халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр, ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур зэ­ра­гъэлъэпIэнум, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр адэжь хэкум зыгъэпсэхуакIуэ къэшэным, хэхэсхэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ ­щаджу къызэрагъэпэща ­курс­хэм, нэгъуэщI куэдми.
ДАХ-м и тхьэмадэ ­Сэ­хъурокъуэ Хьэутий иджы­б­­лагъэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамкIэ ехъуэхъури лъэпкъым хуилэжьа Iуэху щхьэпэхэм папщIэ «Адыгейм и щIыхь» дамыгъэ лъапIэр къы­хуагъэфэщащ.
Иджыблагъэ ныбжь дахэ зэрырикъуар зыгъэ­лъэ­пIа нэхъыжьыфIхэу Мэш­бащIэ Исхьэкърэ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэми тхьэ­­мадэ ХьэфIыцIэ ­Му­­хьэ­мэдрэ зэIущIэм ­фэеплъ саугъэтхэр щратащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр хуа­гъэфэщащ лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэлажьэ, абы и Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ цIыху зыбжа-нэм.
ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэм теухуа тхыгъэ ­убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIы­- г­ъуэхэм язым фыкъыщеджэ хъунущ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.