|
Гъатхэ лэжьэгъуэр зэхуащIыж
1 июля, 2021 - 07:11
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэгъуэм и 29-м гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ.
Депутатхэр арэзы техъуащ Налшык суд IуэхущIапIэ №7-м зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум Тембот Мухьэмэд ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам. КъищынэмыщIа-уэ, ХьэщIэлI Славэ щхьэщахащ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и аудитор IэнатIэр.
ЗэIущIэм щыдаIыгъащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъур Жыласэ Заурбэч, «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къулыкъур Конаков Хьэсэн зэрыхуагъэлъэгъуар.
Абыхэм Егоровэ Татьянэ ехъуэхъун и пэ, фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ республикэ газетитIым илъэс куэдкIэ я редактор нэхъыщхьэу лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Аттаев Жэмалрэ. «Республикэм и зэман нэхъ гугъухэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Аттаев Жэмалрэ яхузэфIэкIащ лъэпкъ газетитIым я къалэнхэр зыхуей хуэзауэ къызэрагъэпэщыну, уеблэмэ зрагъэужьыну. Абыхэм зэфIагъэува лъабжьэр яхъумэну, нэхъыбэжым хунэсыну дохъуэхъу Жыласэ Заурбэчрэ Конаков Хьэсэнрэ», - жиIащ Егоровэм. Депутатхэм къабгъэдэкIыу къулыкъу зыхуагъэфэщахэм ехъуэхъуащ Пащты Бориси.
ЗэIущIэм ещанэ еджэгъуэу депутатхэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис жиIащ КъБР-м и Парламентым и нэIэм щIэту а дэфтэрым мази 4-кIэ зэрелэжьар IуэхущIапIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэта лэжьакIуэ гупыр.
Депутатхэр хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2021, 2022, 2023 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, бюджетым и хэхъуэр зэрагъэзэхуэжащ федеральнэ мылъкуу сом зы мелардрэ мелуан 477,5-рэ бюджет зэхуаку трансферт хэхауэ къызэрыкIуамрэ ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм зегъэужьыным сэбэп хуэхъунымкIэ фондым кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным тещIыхьауэ сом мелуани 107,5-рэ (имыгъэзэжу) республикэм къызэрыритамрэ къыхэкIыу. А зэхъуэкIыныгъэхэр къэлъытауэ, щIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 45-рэ мелуан 236-рэ, къигъэсэбэпыну зыхуеинур - сом мелард 46,4-рэ хъунущ. Бюджетыр зыхущыщIэр сом зы мелардым щIегъу.
- Законопроектым къыщылъытащ Тырныауз къалэм псы фIейр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр щыгъэувынымрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ апхуэдэхэр щызэгъэпэщыжынымрэ сом мелуан 15 къыхэгъэкIыныр, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуан 31,7-рэ хуэгъэхьэзырыныр. Апхуэдэуи хуэгъэкIуатэ зиIэ цIыху щхьэхуэхэм хущхъуэхэр пщIэншэу къахуэщэхунымрэ сабийр илъэс хъухукIэ и шхынымкIэ къызэгъэпэщынымрэ тещIыхьауэ къэдгъэсэбэп ахъшэр хэдгъэхъуащ сом мелуан 37,6-кIэ, - жиIащ министрым. - Муниципальнэ щIыналъэхэм субсидие етыным хыхьэу, курыт еджапIэхэр зэрагъэпэщыжыным (Шэрэдж Ипщэ къуажэм) текIуэдэну сом мелуан 32,7-рэ къыщыдгъэлъэгъуащ проектым. Къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зыхуэзыгъазэм я бжыгъэм зэрыхэхъуам ипкъ иткIэ, республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 12,2-рэ щIыдгъужащ, псори зэхэту а Iуэхум текIуэдэнур сом мелуан 39-рэ мэхъу.
Депутатхэр едэIуащ «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2021, 2022 - 2023 гъэхэм тещIыхьауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. Арэзы техъуащ «Социальнэ, щэнхабзэ, коммунальнэ IуэхущIапIэхэр, инвестицэ проектхэр зытетыпхъэ мардэхэр гъэбелджылыным теухуауэ», «ЩIыщIагъ фIыгъуэхэм теухуауэ» КъБР-м и законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм зэрызыщыщIагъакъуэ Iэмал-хэр къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и гуэдзэным зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм унагъуэ хуэмыщIахэмрэ я закъуэ псэууэ зыхузэфIэмыкIхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ, 4-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
Апхуэдэуи зэIущIэм щаубзыхуащ КъБР-м и Парламентыр 2021 гъэм и бжьыхьэ зэхыхьэгъуэм зэлэжьынур.
Егоровэ Татьянэ зэIущIэм и кIэм депутатхэр къыхуриджащ коронавирусым зэрыпэщIэт хущхъуэр зыхэзымылъхьахэр а Iуэхум иужь итыну, езыхэми я благъэ-Iыхьлыхэми я узыншагъэм кIэлъыплъыну.
- ЦIыхухэми апхуэдэ лъэIукIэ захуэзгъэзэну сыхуейт, сыту жыпIэмэ коронавирусым дыщытекIуэнур абы зэрыпэ-щIэт хущхъуэр нэхъыбэм зэтхьэлIэмэщ. Ар псоми къыдгурыIуэн хуейщ. Зэрыфлъагъущи, иужьрей тхьэмахуитIым ди къэралым щыхэхъуэжащ сымаджэу зы жэщ-махуэм къахутэм и бжыгъэр. Вакцинэр псоми зыщыхрагъалъхьэ къэралхэм щытыкIэр нэхъыфI зэрыщыхъужам гу лъыттэн, дызыхуэсакъыжын хуейуэ къызолъытэ, - жиIащ Егоровэм.
Зэрыхабзэу, иужьрей зэIущIэр зэхуащIыжащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ.
|
|
30.04.2025 - 13:57 Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. |
|
|
30.04.2025 - 09:29 «Акрополь» хьэщIэщым щызэхуащIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|