Анэдэлъхубзэр Москва щагъэIу, тхылъыщIэхэр щагъэлъагъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 17 - 20-хэм Москва и Утыку плъыжьым ще­кIуэ­кIащ «Красная площадь» VII тхылъ фестивалымрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я V лъэпкъ литературэ фестивалымрэ. Ди республикэм и цIэкIэ тхылъ выставкэм хэтащ ­Котляровхэ Викторрэ Ма­риерэ. Илъэсым и литературэ зэ­хыхьэ ­нэхъыщхьэм зыкъыщигъэлъэ­гъуащ (мы гъэм ещанэу) «Горянка» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ, адыгэ усакIуэ Къаныкъуэ ­Заринэ.
Дуней псом къащта, куэдым ефIэкI ди адыгэ фащэ екIур къы­щылыдыкIрэ адыгэбзэр игъэбзэ­рабзэу, къыддекIуэкI щэнхабзэ дахэм хьэщIэхэр хигъэгъуазэу, и пщэ­рылъхэр ныкъусаныгъэншэу зэ­рызэфIихымкIэ и лъэпкъэгъухэр игъэгушхуэу фестивалым хэта ­Къаныкъуэ Заринэ и кIэн къикIащ УФ-м Лъэпкъ литературэхэм ядэ­IэпыкъунымкIэ и программэм и Федеральнэ редакцэ советым и зэIущIэ щхьэпэми хэтыну.
- Лъэпкъ литературэхэм я фес­тивалыр щIэщыгъуэ икIи зыхуэб­гъадэ хъун щымыIэ хъуащ лъэпкъ щхьэхуэм и лIыкIуэу абы хэт зы цIыхумкIэ лъэпкъ псом я литературэр, бзэр, щэнхабзэр зыхуэдэр къызэрыпхузэIуихымкIэ. Iуэхум хы­хьэу, зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр, мастер-классхэр, лекцэхэр, дерсхэр, концерт гукъинэжхэр ирагъэкIуэкIащ, - жеIэ Къаныкъуэ Заринэ. - Фестивалым анэдэлъхубзэм ирилажьэу хэта тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ я Iуэху бгъэды­хьэ­кIэ­хэмкIэ щызэхъуэжащ, зэхуэгуапэу, зэлэжь проектхэмкIэ зыр адрейм дэIэпыкъуу зэрыщIащ. Ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхыхьэм зэрыщызэхъуэжам и фIыгъэкIэ, къэралым и щIыналъэ псоми хэIущыIу щащIыфынущ лъэпкъ­хэм я анэдэлъхубзэхэр яджын, яхъумэжын зэрыхуейр. Зэ­IущIэм хэта цIыху жыджэрхэм я фIыгъэкIэ, дэтхэнэми зыхащIащ анэ­дэлъхубзэхэр кIуэдыжмэ, лъэпкъ щхьэхуэхэри зэрыщымыIэнур. А Iуэху зэIумыбзыр зэфIэхыныр ­къайхъулIэнырщ литературэ фес­тивалым академическэ зэгухьэ­ныгъэхэр, егъэджакIуэхэр, бзэ­щIэ­ныгъэлIхэр, музыкантхэр, усакIуэхэр, тхакIуэхэр щIызэщIигъэуIуэр.
Литературэ фестивалыр къызэ­рызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэ­ситху ирокъу. 2017 гъэм япэу ирагъэжьа зэхыхьэ щхьэпэр илъэс зэ­кIэлъыкIуэхэм Къэзан, Новгород Ищхъэрэ, Новосибирск, иужьрей илъэситIым Москва щрагъэ­кIуэ­кIащ. Коронавирусым къыхэкIыу ­нэгъабэ ар зэпэIэщIэу ящIащ. Мыгъэрей фестивалым утыку къыщ­рахьащ «Современная литература народов России: драматургия» антологиер. Ар зэхалъхьэн папщIэ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэща редакцэ совет 53-м лэжьыгъэ нэхъыфIу къалъытахэр къыхахыурэ Москва ягъэхьащ. А Iуэхум иджыри пащэну, цIыхубэ IущыгъэмкIэ антолие - лъэпкъ псалъэжьхэр, псын­щIэ­рыпсалъэхэр, псалъэ Iущхэр щызэхуэхьэсар - къыдагъэкIыну я мурадщ. БлэкIа илъэсхэм зэхаша фестивалхэм утыку къыщрахьа лэжьыгъэхэм ящыщщ «Современная поэзия», «Детская литература», «Современная проза» антологие­хэр.
- Гухэхъуэт тхакIуэхэм я гъусэу ­коряк таурыхъхэм къыхэщ лIы­хъужьхэм я сурэтхэр ныбжьыщIэхэм зэращIым укIэлъыплъыну, нэгъуей, селькуп, осетин бзэхэмкIэ къызэ­рагъэпэща мастер-классхэри удэ­зы­хьэхт. Апхуэдэу щIэщыгъуэ тщыхъуащ Тэтэрстаным анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымкIэ Сабий щэнхабзэ узэщIыныгъэ лъэпкъ комплекс къызэрыщызэIуахар, - къыддогуашэ Къаныкъуэр. - Анимацэ фильмхэмрэ сериалхэмрэ хамэбзэ зыбжанэкIэ (тэтэр, урыс, ма­рий, мордва, чуваш, удмурт, ­нивх) ягъэлъэгъуащ. Бурят каллиграфиер тхылъ тедзапIэхэм къызэрыщагъэсэбэпми дыкIэлъагъэплъащ, «Финн-угор комиксхэр» проектыр зыгъэхьэзырахэм дыIуа­гъэщIащ. Проектым хэтахэр ди анэдэлъхубзэкIэ усэхэм дыкъеджащ.
«Красная площадь» тхылъ фестивалым хыхьэу, къэралым и тхылъ тедзапIэхэм утыку кърахьащ къыдагъэкIа тхылъыщIэхэр, ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэхэмрэ уса­кIуэхэмрэ тхылъеджэхэр Iуагъэ­щIащ, гъэлъэгъуэныгъэхэр, артистхэм я концертхэр, мастер-классхэр, нэгъуэщI зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщащ. КъызэщIэп­къуэжмэ, зэхыхьэ 500-м щIигъу ­ирагъэкIуэкIащ икIи махуиплIым ­къриубыдэу абы хьэщIэу цIыху мин 50-м нэблагъэ зэхуишэсащ. Пан­демием и шынагъуэншагъэм къигъэувхэм тету, абы екIуэлIэну гукъы­дэж зиIа цIыхухэм я бжыгъэр ягъэмэщIэн хуей хъуащ.
Утыку плъыжьым щагъэува «Урысейм и щIыналъэхэм я тхылъ те­дзапIэхэр» плIанэпэ №17-м щагъэлъэгъуащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм щы­традза тхылъыщIэхэр. Апхуэдэхэщ Кавказымрэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ ятеухуахэр, саугъэт папщIэу къыдагъэкIа сурэтылъэ тхылъ-альбомхэр. Гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхылъ дапхъэм фести­валым щIэупщIэшхуэ зэрыщиIар.
Тхылъ фестивалым и утыку нэхъыщхьэм къыщыпсэлъащ Быков Дмитрий, Дашевская Нинэ, Драгунский Денис, Служитель Григорий, Арбенинэ Дианэ, Толстая Татьянэ, Устиновэ Татьянэ, Водолазкин Александр, Прилепин Захар, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэр.
- Жып телефон щыIэу сыхьэт къы­щIэбгъэсэбэпынур зыгуэрым къызэрыгурымыIуэм хуэдэу, сэри къыз­гурыIуэркъым тхылъымпIэм традза тхылъхэр лъэныкъуэ ебгъэзу иджырей электроннэхэр къызэ­рыхэпхынур. Сэ схуэдэхэр, тхылъымпIэхэр зэрагъэндзэкIмэ нэхъ къэ­зыщтэхэр, тхылъыщIэ къыдэкIам и мэр зыщIэзышэну, «тхылъхэм я дунейм» щыхьэщIэну зыфIэфIхэр куэдкIэ дынэхъыбэщ, - жиIащ фес­тивалым хэтахэм ящыщ зым. - Нэхъапэми хуэдэу, дауи, ди къэралыр тхылъ еджэнымкIэ пэрытыжу къы-щIэкIынукъым, ауэ тхылъ тедзапIэ­хэм ягъэува дапхъэхэм ятепщIыхь­мэ, тхылъыщIэхэм, усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я бжыгъэм зэрыхэ­хъуэр нэрылъагъущ.
ЗэIущIэм хэтащ Урысейм и тхыдэ зэгухьэныгъэм, УФ-м и литераторхэм, тхылъ тедзапIэхэм, тхылъеджэ­хэм ядэIэпыкъунымкIэ и къызэгъэ­пэщакIуэ комитетым я унафэщI Нарышкин Сергейрэ УФ-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, свя­зымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Шадаев Максутрэ. Абы­хэм зыщаплъыхьащ «История отечества», «Детская и учебная литературэ» утыкухэм. Нарышкин Сергей «Подари ребёнку книгу» Iуэхур зи жэрдэм Къэрал библиотекэм ­хуигъэфэщащ Урысейм и тхыдэм теу­хуа къыдэкIыгъуэ 700-м я сертификатыр, къэралым и щIыналъэ пхы­дзахэм я къуажэ библиотекэхэм ­хуагъэшэн папщIэ.
Нарышкиным къыхигъэщащ илъэ­сиблым къриубыдэу тхылъ фестивалыр Урысейм и тхыдэм щыщ зы Iыхьэ зэрыхъуар. Къэралым и тхылъ зэгухьэныгъэр илъэс 20 зэрырикъумкIэ ехъуэхъури, ­УФ-м и Президентым къыбгъэдэкIа «Урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным хэлъ­хьэныгъэфI зэрыхуащIам пап­щIэ» фIыщIэ тхылъыр яритыжащ «Гендирекция международных книжных выставок и ярмарок» ­АО-м и генеральнэ унафэщI Гельмиз Андрейрэ УФ-м Бжыгъэр зи ­лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, свя­зымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм периодикэ къы­дэкIыгъуэхэмрэ тхылъ тедзапIэ­хэм­рэ къэралыр дэIэпыкъунымкIэ и ­департаментым и унафэщIым и ­къуэдзэ Дзюбинская Светланэрэ. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ «История России в стихах» урысейпсо зэхьэ­зэхуэм щытекIуа ныбжьыщIэхэр.
«Детская и учебная литература» Iыхьэм утыку къыщрахьащ тхылъ тедзапIи 100-м нэблагъэм къыдагъэкIа лэжьыгъэхэр икIи тха­кIуэ­хэмрэ сурэтыщIхэмрэ зэхыхьэ ­гукъинэжхэр драгъэкIуэкIащ. Абы и утыкум щыхьэщIащ таурыхъым ­мультфильм къызэрытращIыкIым къытеувыIа Норштейн Юрэ. Утыкум кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм щахутепсэлъыхьащ фэнтези жанрым. Гаглоев Евгений, Кащеев Глеб, Рыль­ских Германрэ Тамарэрэ я тхылъыщIэхэри абдеж щагъэлъэ­гъуащ.
Класс нэхъыжьхэм щеджэхэм я «Класс» урысейпсо литературэ ­зэпеуэм пашэ щыхъуахэри щагъэнэIуащ фестивалым. Абы хыхьэу къэралым и щIыналъэхэм къабгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм ягъэхьа лэжьыгъэ 12500-м. Абы ящыщу ­90-м къеджащ къэпщытакIуэ гупым хэт тхакIуэхэу Кучерская Марие, Степ­новэ Маринэ, Олейников Алек­сей, Швец Олег сымэ. Къищы­нэ­мы­щIауэ, абы щагъэлъэпIащ уса­кIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм хухаха «Лицей» литературэ саугъэтыр зы­хуагъэфэщахэр.
Лъэпкъ литературэхэм я фестивалым и кIэух концертыр мэкъуауэгъуэм и 19-м и пщыхьэщхьэм ­Утыку плъыжьым щекIуэкIащ. Проектыр къызэрагъэпэщащ скрипачкэ Ре­-вич Еленэрэ опернэ продюсер Кухаренкэ Ильярэ. Абы хыхьэу, Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романым щыщ пычыгъуэ (Татьянэ и письмом) я анэдэлъхубзэмкIэ ­къеджащ Къаныкъуэ Заринэ, чуваш усакIуэ Петровэ Мальвинэ, бурят усакIуэ Банаевэ Аннэ сымэ.
Мэкъуауэгъуэм и 20-р Пушкин Александр и махуэу фестивалым щагъэуври, усакIуэшхуэр къызэ­ралъ­хурэ илъэс 222-рэ зэрырикъур программэ щIэщыгъуэкIэ ягъэ­лъэ­пIащ. Пушкиным и цIэр зезыхьэ ­музейхэмрэ музей-заповедникхэм­рэ ­ягъэ­хьэзыра программэ хьэ­лэ­мэтхэр зэпэIэщIэу ягъэлъэгъуащ.
Урысейм и лъэпкъ литературэхэм я фестивалым и къызэгъэпэща­кIуэхэм къыхагъэщащ ди къэралым лъэпкъи 180-м щIигъу зэрыщыпсэур икIи языныкъуэхэр зэрымащIэр, ­адрейхэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Дауэ мыхъуми, дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэ, щэнхабзэ, хабзэ дахэхэр къыдокIуэкI. Зэхыхьэр къыхэ­зылъхьахэм илъэс ебланэ хъуауэ къыпащэ я мурад нэхъыщхьэр - лъэпкъхэр нэхъыфIу зэрагъэ­цIыху­ныр, зэрагъэщIэныр, лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэр мыкIуэ­дыжын, литературэм зрагъэужьын папщIэ ядэIэпыкъуныр - зрагъэ­хъулIэн папщIэ.
Тхылъ, литературэ фестивалхэр ягъэдэхащ Тувам и «дыщэ макъ» Тюлюш Радик, Адыгэ Республикэм щыщхэу Нэгъуей Заур, Нэгъэро­къуэ Къазбэч, Ташу Аслъэн сымэ адыгэ макъамэмкIэ я ансамблым, балъкъэр уэрэджыIакIуэ Бапинаев Зариф, якут усакIуэ, IуэрыIуатэдж, хип-хоп уэрэдхэр зыгъэзащIэ Ворогушин Дорхоон Дохсун, башкир хип-хоп уэрэдхэр зыгъэзащIэ Ямалов Тимур сымэ, нэгъуэщIхэми. Абы зрагъэхьэлIащ политолог, публицист, тхакIуэ, артист цIэрыIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Москва щыпсэу, щылажьэ ди лъэп­къэгъухэм, литературэм, тхы­дэм, щIы­налъэхэм я щIыпIэ дахэхэм дихьэххэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.