КъБР-м и Парламентым щызэIущIащ Пашэхэм «Кавказым и къуэкIуэнур» я щIыналъэ зэхуаку клубым хэтхэмрэ МГИМО-м Дунейпсо къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Евро-атлантикэ шынагъуэншагъэмкIэ и центрым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, Горчаков А.М. и цIэр зезыхьэ ЦIыхубэ дипломатием зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым и эксперт Маркендонов Сергейрэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм жылагъуэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ и департаментым и эксперт Самофаловэ Светланэ, Горчаков А.М. и цIэр зезыхьэ ЦIыхубэ дипломатием зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым и программэхэм я унафэщI Карслиевэ Викторие.
Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ Егоровэ Татьянэ:
- Нобэ КъБР-м и Парламентым и хьэщIэщ Пашэхэм «Кавказым и къуэкIуэнур» я щIыналъэ зэхуаку клубым хэтхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, «Урысейм и пашэхэр» къэралпсо зэхьэзэхуэм, щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм, IэщIагъэлIхэм я зэпеуэхэм къыщыхэжаныкI псори а зэгухьэныгъэм зэрызригъэуIужыр. Ди гуапэщ клубым КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лIыкIуэхэри зэрыхэтыр. Абы и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, фи зэфIэкIхэм нэгъуэщIхэр хэвгъэгъуэзэну, гуп зэдэлэжьэкIэм евгъэсэну Iэмал ягъуэтри. Кавказым, Урысей псом я къэкIуэнур зыхуэдэнур абы елъытащ. Сыхуейт фи къарур псом япэу ди деж, щIыналъэм и гупсысэ, гъэсэныгъэ, Iуэху еплъыкIэ къэлъытауэ, къыщывгъэсэбэпыну.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ клубым зэпымыууэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы-кIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратыр дэIэпыкъуэгъу къызэрыхуэхъур.
- Абы къегъэлъагъуэ езы зэгухьэныгъэми хэт дэтхэнэми зэрефIэкIуэну Iэмал зэриIэнур. Ар лъабжьэфIу вгъуэтащи, фи ехъулIэныгъэхэр щыхьэт тохъуэ. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ политикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм щылажьэ цIыху цIэрыIуэхэм фадэлажьэу фи зэфIэкIыр щIэвгъэбыдэжыным. Абы и лъэныкъуэкIи полномочнэ IуэхущIапIэр дэIэпыкъуэгъу ин къызэрыфхуэхъур хьэкъщ, - пищащ Егоровэм.
ЖиIам и щапхъэу Егоровэ Татьянэ къигъэлъэгъуащ политолог цIэрыIуэ, лъэпкъ политикэ IуэхухэмкIэ IэщIагъэлIышхуэ Маркедонов Сергей зэраIущIар.
- Си фIэщ мэхъу нобэрей зэIущIэр гъэщIэгъуэн икIи купщIафIэ зэрыхъунур, «Кавказым и къэкIуэнур» зэгухьэныгъэмрэ дэрэ ди зэдэлэжьэныгъэми адэкIэ зэрызедгъэужьынур. ЩIалэгъуалэм сыхуейт сехъуэхъуну ехъулIэныгъэфIхэр яIэну, - дыщIигъуащ Егоровэм.
Самофаловэ Светланэ жиIащ Кавказ Ищхъэрэм IэщIагъэлIхэр щыгъэхьэзырынымрэ зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм гъуэгу етынымрэ гулъытэ ин зэрыхуищIыр УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы-кIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. Апхуэдэуи къыхигъэщащ клубым и зэIущIэхэм къулыкъущIэхэр зэрыхэтым и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэми хуэмурэ къэралым и жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм нэхъ куууэ зыхагъэгъуэзэн зэрыщIадзэр.
Маркедонов Сергей тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къыщекIуэкI политикэм, Урысейм и къэрал Iуэхухэм Кавказым щигъэзащIэ увыпIэм. КъищынэмыщIауэ, хьэщIэр къытеувыIащ осетинхэмрэ ингушхэмрэ, куржыхэмрэ ипщэ осетинхэмрэ, куржыхэмрэ абхъазхэмрэ я зэпэщIэувэныгъэр, шэшэн зауэхэр къыщIежьам теухуауэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэм.
Гу зылъытапхъэ: Пашэхэм «Кавказым и къуэкIуэнур» я щIыналъэ зэхуаку клубым и лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ Президент саугъэтхэмкIэ фондым и дэIэпыкъуныгъэкIэ. Зэгухьэныгъэм щIэх-щIэхыурэ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щрегъэкIуэкI цIыху жыджэрхэр щызэхуэс зэIущIэхэр. Клубым хэтхэм мэлыжьыхьым Пятигорск къыщызэрагъэпэща зэIущIэм ирагъэблэгъащ УФ-м и Президентым Граждан жылагъуэмрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ зегъэужьынымкIэ и советым и унафэщI Фадеев Валерий. Накъыгъэм ахэр IущIащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм и секретарь Михеевэ Лидие, мэкъуауэгъуэм - политолог, «Петербург политикэ фондым» и унафэщI Виноградов Михаил.
Зэгухьэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымрэ Кавказ Ищхъэрэм псэукIэр щегъэфIэкIуэным хуэгъэпса жэрдэмхэр ядэIыгъынымрэщ.