ЗыгъэпсэхупIэхэм зэрызрагъэужьыр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризмэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законыр зэрагъэза-щIэм. Абы теухуауэ къэпсэлъащ ­КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат.

ЗэущIэм къыщыхэщащ республикэм туризм Iуэхур щызезыгъакIуэ дэфтэр нэ­хъыщ­хьэр 2008 гъэм мазаем и 29-м къащ­тауэ щыта «Къэбэрдей-Балъкъэрым и туризмэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законыр зэрыарар.  Абы тету а Iуэхур къы­зэ­рагъэ­пэщ, зыгъэпсэхуакIуэхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ ирагъэ­фIакIуэ, щIыуэпс, щэнхабзэ хъу­гъуэ­­фIы­гъуэхэр хъумэным кIэлъоплъ. Законыр адэкIи зэрырагъэфIэкIуэнум теу­хуауэ министерствэм законопроект игъэхьэ-зы­ращ икIи а зэхъуэкIыныгъэхэм КъБР-м и Парламентыр хэплъэну къыхалъ­хьэ­нущ.
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт зыгъэпсэ-хуа­кIуэхэм я шынагъуэншагъэр нэхъы­фIу къы­зэгъэпэща хъун щхьэкIэ, КъБР-м зыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм КъБР-м и Парламентым Фи­зическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туриз­мэмкIэ и комитетыр и гъусэу, мы зэ­маным елэжьын зэриухыр УФ-м Ад-­ми­нистративнэ хабзэхэм емыгъэбэ­къуэ­нымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ законодательнэ жэрдэмыр. Ар теухуащ бгъэдыхьэпIэншэ щIы­пIэ къуейщIейхэм щызекIуэну мурад зыщIхэм Урысейм и МЧС-м и щIыналъэ IэнатIэм хъыбар ирагъэщIэн зэрыхуейм, ар зымыщIэм жэуап зэрырагъэхьынум, - жиIащ ЩоджэнцIыкIум.
Апхуэдэуи министрым дыщIигъуащ ­гъуэгугъэлъагъуэхэмрэ зыплъыхьа­кIуэ­хэм яхэт зэдзэкIакIуэхэмрэ я лэжьыгъэр къызэщIэзыубыдэ федеральнэ законо­дательствэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъ­хьэну зэрамурадыр.
ЩоджэнцIыкIу Мурат жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм Iуэ­хущIапIэ 200-м щIигъу къызэрызэщIау­быдэр, абыхэм ящыщу 183-м псоми зэхэту цIыху мин 16 зэрыщIэхуэр.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэр нэхъыбэу зэрыцIэрыIуэ зыгъэпсэхупIэхэм ящыщщ «Налшык» курортыр, Iуащхьэмахуэ лъапэр, Джылы-Су щIыпIэр, Гуэл щхъуантIэхэр.
2020 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей­-Балъкъэрым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 540-м - ар проценти 10-кIэ нэхъ мащIэщ ипэ ита илъэсым щыIам нэхърэ. Ар зи зэрану къалъытэр коронавирусращ. ЗыгъэпсэхупIэхэм ягъуэта хэщIыныгъэр к­ъалъытэри, къэрал дэIэпыкъуныгъэ республикэм къыIэрыхьащ. 2021 гъэм и япэ мазищым къызэригъэлъэгъуамкIэ, щытыкIэр нэхъыфI хъужащ - 2019 гъэм ебгъапщэмэ, процент 70 къигъэлъэ­гъуащ.
Министрыр тепсэлъыхьащ къэкIуэну зэманым ягъэзэщIэну я мурад инвес­тицэ Iуэхухэми. Абыхэм ящыщщ гъэм и сыт хуэдэ зэманми лажьэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Джылы-Су» бгы зыгъэп­сэхупIэмрэ Ипщэ Гуэл щхъуантIэхэм ­сыт хуэдэ зэманми зэIухауэ щытыну и зыгъэпсэхупIэмрэ къызэгъэпэщыныр.
Къэпсэлъэн иуха нэужь, ЩоджэнцIы­кIум Егоровэ Татьянэ тыгъэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэзыгъэлъа­гъуэ дамыгъэхэм ящыщу щIэуэ къыдагъэкIа саугъэтыр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр министрым еупщIащ республикэм щы­лажьэ санаторэхэм яIэ зэфIэкIыр зы­хуэдэм, дызэрыт илъэсым коронавирус узыфэм нэхъри зиубгъу хъумэ, зыгъэп­сэхуакIуэу яIэну зыщыгугъым и бжыгъэм.
ЩоджэнцIыкIу Мурат жиIащ респуб­ликэм санаторэу 4 зэрыщылажьэр икIи псоми вагъуитIым къыщыщIэдзауэ плIым нэс зэраIэр. Туризмэм теухуауэ ми­нистрым къыхигъэщащ 2019 елъытауэ 2021 гъэм щIыналъэм зыщызыгъэп­сэхухэм процент 15-кIэ зэрыхэхъуэнур.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим жиIащ бгы туризмэм я инструкторхэр щагъэхьэзыр еджапIэхэр япэм зэрыщыIар икIи щIэупщIащ а Iуэхур яублэжынымкIэ министерствэм иIэ мурадхэм. ЩоджэнцIыкIум жиIащ «УФ-м и туризмэм и IуэхукIэ» УФ-м и Законым халъхьэ зэхъуэ­кIы­ныгъэхэр къащтэмэ, министерствэм зыплъыхьакIуэхэм я гъуэгугъэлъагъуэ­хэм лэжьэну хуит зыщI тхылъ ирату щIа­дзэнущ, абы хуемыджам ар къыIэры­хьэнукъым.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и УнафэщI Емуз Нинэ къиIэтащ сабий зыгъэпсэхупIэхэм зэрызрагъэужьыпхъэмрэ зыгъэпсэхуа­кIуэхэм зы хъыбарегъащIэ центр къахузэгъэпэщын зэрыхуеймрэ. Министрым къыхигъэщащ республикэм сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэр республикэм зэрыщыIэр. Абы дыщIигъуащ портал къызэIухыным министерствэр зэкIэ зэремылэжьар, ауэ щIалэгъуалэр нэхъыбэу щыжыджэр социальнэ сетхэмкIэ туризмэм епха Iуэ­хухэр зэрагъэкIуатэр.
Депутатхэр щIэупщIащ республикэм зыщызыгъэпсэхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм, инвестицэхэр къы­зэ­рырашалIэм, нэгъуэщIхэми. ЖаIахэр къэ­лъытауэ, КъБР-м и Парламентым и унафэр къащтащ.
 

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)