Адыгэшхэр Бытырбыху щекIуэкIа шы гъэлъэгъуэныгъэм

«Иппосфера-2021» - арат зэ­ре­джэр мэкъуауэгъуэм и 11 - 14-хэм Санкт-Петербург (Бытырбыху) ще­кIуэкIа шы гъэлъэ­гъуэ­ныгъэм. Абы хэтащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэсым икIахэр.

«Шыхэм дунейр зэкъуагъэувэ», - а псалъащхьэм щIэтущ ди гъэлъэ­гъуэныгъэр зэредгъэкIуэкIыр», - къыддогуашэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ Мигел Лаурэ гъэ къэси гъэмахуэпэм зэхашэ зэпеуэм зыщыхуагъэувыж мурадхэмкIэ. «Гъуэгуанэшхуэ зэпачауэ щытми, адыгэшхэм я фэм ар къиIуатэркъым, зым нэхърэ адрейр нэхъ бжьыфIэу утыкур ягъэ­щIэращIэ, сыту жыпIэмэ, ахэр нэхъ бэшэчу къалъытэ шы лъэпкъхэм язщ», - дожьу абы Санкт-Петербург къалэм и «ХъыбарегъащIэхэр».
 Адыгэш къабзэу 9 Санкт-Петербург  нэс зыша адыгэ делегацэм нэхърэ ­нэхъ ин (цIыху 30) екIуэлIахэм зэрахэмытам нэмыщI, цей екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа ди щIалэхэм «Ищхъэрэ къалащхьэ» адыгэпсэ къыIуагъэкIащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Абы щыпсэу адыгэхэр я лъэпкъэгъухэм къадэщIыну къызэре­кIуэлIам и гугъу тщIыххэркъым.
«Фи гъусэу сурэт зытредгъэх хъуну?» - арат упщIэ псоми япэ итыр. Метрищэр сыхьэт псокIэ ткIуауэ жыпIэ ­хъунущ», - ягу зэрыхэхъуэр ямыбзыщIу жаIэж зэпеуэм хэта шухэм.
 «Дэ мыбы ди щыпэкъакIуэкъым, - Iуэхум щыгъуазэ дещI гъэлъэгъуэныгъэм хэта, адыгэшыр щагъэхъу завод Ставрополь крайм щызыгъэлажьэ шыхъуэ Аникеев Сергей. – Адыгэш 900-м нэс нобэ хамэ къэралхэм щыIэщ, апхуэдэ бжыгъэшхуэкIэ дуней утыкум ит шы лъэпкъ иджыпсту къэралым иIэкъым. ФIыщIэ хуэтщIыну дыхуейт гъэ къэси мыбы дыкъэкIуэн папщIэ зыкъытщIэзыгъа­къуэ Адыгэ республикэм и лIыщхьэм. Шу щIалэхэм я мызакъуэу, ди гъусэу къакIуэ артистхэм (зи гугъу ищIыр «Абрэдж» къэфакIуэ гупырщ) апхуэдизкIэ цIыхухэм я лъыр къызэщIа­гъаплъэри, пхуэIуэтэнукъым адыгэ­хэм я щэнхабзэр къыщыгъэлъэгъуа пщIантIэ цIыкIум деж щекIуэ­кIыр».
«Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща унэ­тIыныгъэм япэ увыпIэ къыщихьащ Хьэблэукъуэ Алкъэс зытеса Налмэс хакIуэм. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Гуэгуш Щихъмурад зытеса Легионым. Ещанэр – Нэхущ Зураб и Бибарсым хуагъэфэщащ. «Еплъхэм я нэфI къыщыхуащ» Къэжэр Аслъэн зытеса Алмазым.
КъызэщIэубыдауэ «Иппосфера-2021» зэхьэзэхуэм къекIуэлIа шы­хэм я щытыкIэр къыщапщытэжым, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Хьэблэукъуэ Алкъэс етIуанэ увыпIэм и гъусэу «вице-чемпион» цIэр къыхуагъэфэщащ.
«Дэ мыбы дыкъыщIэкIуэр ди лъэп­къым и хъугъуэфIыгъуэу къэтлъытэ адыгэшращ, - жеIэ Адыгэ республикэм и «Шу хасэм» и тхьэмадэ Тхьэпщокъуэ Жамболэт, ауэ шым и гъусэу ди щэнхабзэри къыздыдохь. Лъэ­мыжхэр зэпрышын, щэнхабзэхэр зэры­цIыхун хуейщ, нэгъуэщIу узэдекIуэкIыфынукъым. Iэмал имыIэу етIанэгъи дыкъэкIуэнущ япэ увыпIэр здэтхьын папщIэ».
 Аникеев Сергей хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, бадзэуэгъуэм Франджым щекIуэкIыну шы зекIуэм хэтыну ирагъэблэгъащ адыгэ шухэр. Абы зэпищIэнущ Марсель къалэмрэ Парижрэ. Езы Франджым илъэс зыбжанэ хъуауэ щолажьэ «Ады­гэшыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ».
 «ЗыгуэркIэ пандемием и щхьэусыгъуэкIэ ар къыдэмыхъулIэмэ, - жеIэ Аникеевым, - Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) и Iэгъуэблагъэм франджыхэр, полякхэр, словакхэр, нэмыцэхэр, белорусхэр хэту дунейпсо шы зекIуэ шыщхьэуIум щедгъэкIуэкIынущ».
АпщIондэху Къэбэрдей-Балъкъэ­рым «Шэрджэс дерби-2021»-м зы­щыхуагъэхьэзыр.

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.

07.10.2026 - 09:03

Фащэ екIухэр ящыгът

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм егъэщIэным хуэгъэпса «Адыгэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм Адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ.

06.10.2026 - 09:51

КъахуэгъэщIынущ зыми емыщхь теплъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент Ставицкий Виталий.

06.10.2026 - 09:51

Макъамэ уахътыншэхэр мэIу

«Мариинский - Владикавказ» VIII дунейпсо макъамэ фестивалым хыхьэу Налшык дэт Музыкэ театрым Гергиев Валерий зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и концерт щекIуэкIащ.