«Напэм и пэ псэр ихуэ» - аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр

Мы дунейр цIыхум егъэдахэ гуапагъэкIэ, гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ. Уардэрэ пагэу къигъэщIа адыгэ лъэпкъыр къулейщ апхуэдэ цIыху нэхукIэ. «Нур» журналым и унафэщI, усакIуэ Абро­къуэ Бэллэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ! Макъ зэщIэжьыуэ - ар си гум къохьэ Бэллэ и гугъу щысщIым деж. Адыгэ радиом щылажьэм щы­гъуэ, и макъыр радиом и зы нэщэнэ гуэр хуэдэу хъуат. И усэхэри аращ - ­макъ зэщIэжьыуэхэр щызэрогъуэт! Иджыпсту Бэллэ насыпгуэшщ - гъэ­щIэрэщIарэ купщIафIэу адыгэм и щIэблэм яIэрохьэ сабий журналыр. Гупсысэ щIэщыгъуэхэр зэхыдигъэхащи, дывдогуашэ.
- Бэллэ студенту, радиом и лэ­жьа­кIуэу, «Нур» журналым и унафэщу ! Зэщхь ахэр? Сыт хуэдэ уи гупсысэм и къэгъэшыпIэхэр?
- Уафэр фэзэхъуэкIщ, гъащIэр щхъуэ­кIэплъыкIэщ, цIыхупсэри щIэ­щы­гъуэщIщ. ЩIэщыгъуагъэм псэр ­игъэнщIу къызыщыхъу щыIэщ, ауэ сэ сыщIэщыгъуэщIу схужыIэнукъым. Зэ сигу ирихьа лэжьыгъэр сыужэгъу хабзэкъым. А жысIэм щыхьэт тохъуэ илъэс тIощIкIэ сызыщылэжьа радиор иджыри сигу зэрыпымыкIыр. Ауэ, сэ сызыхэтым, злэжь Iуэхум «я псэр къы­с­Iуо­кIэри» абы зыдэсхъуэжу къы­щIэ­кIынщ. Сигу къокIыж сыщыстудентым ди хьэблэ щIалэ IуэрыIуэдз гуэрым къысхужиIауэ щытар: «Мы Бэллэ хуэдэу зызыхъуэж цIыху зэи слъэгъуа­къым. Зэм царицэщ, зэм рабочэщ». Ар щIыжиIар мырат: къалэ автобу- сым сыкъикIыу ди унэм сынэсыжыху уэрам зэхуэдитI хъурти, хуабжьу сыгъэ­щIэрэщIауэ, си туфлъэ лъэдакъэхэмкIэ асфалътыр «згъэпсалъэу» ди пщIантIэм сыдыхьэжырт. Уэрамым и адрей зэхуэдитIыр зыхуэкIуэр си адэм ­къуажапщэм къыщыIиха щIыр арти (ар япэ дыдэу фермер хъуахэм ­ящыщт), къызэрызэджэу, уэрамым и адрей зэхуэдитIыр зэрыскIур губгъуэ ­щыгъынт. ПыIэ натIэшхуэ сщхьэрыгъынкIэ хъунт, хьэфIанэ щысIыгъ щыIэт, абы щыгъуэ зыщыттIагъэу къыт­хуамыдэ гъуэншэджыр сипкъ ислъхьамэ, псыхъуэ гъуэгукIэ сыщы­дэкIуей щыIэт. Ауэ, пэж жысIэнщи, хадэ-губгъуэ лэжьыгъэхэми, сызы­хуеджэ щIэныгъэми зэхуэдэ дыдэу си гур хагъахъуэрт. Сэ Iэмал иIэу сигу иримыхь Iуэху злэжьынукъым, сигу ирихьми зыкъезгъэлыжынукъым. Арат адыгэбзэ къудамэр щIыхэзубы­ды­кIари. Химием е хамэ къэралыбзэхэм я къудамэм сыщеджамэ ди унагъуэм нэхъ къащтэнут, тIуми хэс­щIы­кIырт, ауэ адыгэбзэращ текIуар. Тхьэм и фIыщIэкIэ, псэкIэ гугъу сезыгъэхьын IэнатIэ зэи сыIуувакъым.
- Макъым, псалъэм - бзэм и пIалъэр фIыуэ уощIэ, дауи! Адыгэ журналистикэм и Iуэхум дауэ уеплърэ?
- Сигу ирохь, фрохь, Заремэ, журналистикэм къыхыхьа щIалэгъуалэр. Жьабзэми тхыбзэми фыхуэIэзэщ, анэдэлъхубзэр «ффIэIэфIу» зыхы­зощIэ, фызэрыIыгъщ, Iуэху зэдывощIэ. Сигу къеуэр цIыхухъуу къыфхэтыр зэрымащIэрщ. Абы я гупсысэкIэ - дуней еплъыкIэр журналистикэм изогъэкIу.
- ЦIыху бгъэсэнумэ, цIыкIу щIыкIэ иужь уихьэн хуеймэ, «Нур» журналым щIэблэм хилъхьэфыну гъэсэ­ныгъэм и Iэмалхэр дауэ къывэ­хъулIэрэ?
- «Сыту фIыщэт уэ ди дыгъэр узэ­рыадыгэр!» - Нало Заур сабийхэм яхуэзыгъэуса гурыгъу-гурыщIэр фIы дыдэу къызгуроIуэ. Ардыдэращ «Ну­рым» сыкъэзышари. Къалэмымрэ тхы­лъымпIэмрэ пхузэгурыгъа­Iуэх­хэмэ, ди дыгъэшырхэм дахуэтхэн ­хуейуэ къызолъытэ. Ахэр хамэ лъэпкъ­хэм едмыгъэхъуапсэу, литературэ­ ­къа­хуэдгъэщIыпхъэщ ди гуащIэ къы­зэрихькIэ.
- Уи гуащIэм усакIуэпсэ хызолъа­гъуэ. Уи усыгъэм и гугъу дыгъэщIи, сыт ар уэркIэ?
- УсакIуэпсэ «Нурым» Iутмэ сфIэфIщ, ар литературэм и жанрхэм нэхъ яхэIэтыкIауэ, гукъинэу, дахэу зэгъэ­кIуауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ. Аращ къызыхэкIар урыс сабий тхакIуэ - сурэтыщI Сутеев Владимир прозэу ­зэхилъхьа тхыгъэхэр усэбзэу зэздзэкIынри. Абы и сурэтхэм а хъыбархэр хуэбгъэкIуэну гугъут, ауэ зы тхылъ псо хьэзыр тщIауэ щылъщ, къыдэгъэкIын хуейуэ. Си «усэбзэр» сабийхэрщ  зыхуэзгъэ­лажьэр зэкIэ, уэрэд зэдзэкIыным зы­щIезгъэлIалIэ-ри аращ.
«Учат в школе» уэрэд цIэрыIуэр адыгэбзэу къытеддзащ журналым, и нотэхэр щIыгъуу. Ар сытым хуэдэу ­къахуэщхьэпэну! Ди анэдэлъхубзэ ­«уэгурытыр» езыр усакIуэпсэкъэ?! Нарт пшыналъэхэм нэхъ щапхъэфI сыт щыIэ!
- Уи унагъуэ дахэм и гугъу уэзгъэ­щIынут…
- Тхьэм и фIыщIэкIэ, си унагъуэр дахэщ. ХъуэкIуэнхэ я лъэпкъыфIым, ­физик цIэрыIуэхэм сахэхуэри, сагъэгушхуащ. ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ диIэщ. НэхъыжьитIыр студентщ, ма­тематикэ щIэныгъэ гугъум щехъулIэу. Хъыджэбз нэхъыщIэм ебланэ клас-сыр къиухащ, псэущхьэхэр псэм пищIу елъагъу, сурэт щIыным дехьэх, ауэ зэкIэ IэщIагъэу къыхихынур ищIэркъым.
- Сабиигъуэм къыщебгъажьэрэ, гъащIэм упхыплъмэ, гупсысэ нэхъыщхьэу сыт узыхуэкIуэр?
- Гупсысэ зэмыгуэгъу куэд къегъэщIри щызэрызокъуэ мы дызыхэт гъащIэм. Зэм ер фIым тегуплIэу ­къытфIегъэщI, зэм гугъэр къыкъуопсыж, и къуэпсхэр пщIыпщIу. Щхьэж ди быныр зыщIэтпIыкIыр ди щIэныгъэмрэ зэхэщIыкIымрэ зыпекIуэкI гупсысэхэрщ, ауэ дэ ахэр зэрыдгъэIущ псалъэхэм къарыкI щыIэкъым. Дэ къыддалъагъуращ быным зыхалъхьэнур, дыхуей-дыхуэмейми. ЩIэблэр - ди гъуджэщ, зэи зыкIи дгъэкъуаншэ мыхъуну. «Напэм и пэ псэр ихуэ» - аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр.
- Упсэу, Бэллэ. ЕхъулIэныгъэ уиIэну ди гуапэщ.

Гугъуэт Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж