КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Май щIыналъэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм Май щIыналъэм и социальнэ Iуэху­щIа­пIэхэм я лэ­жьэкIэр зри­гъэлъэгъуащ. КIуэкIуэ Казбекрэ щIыпIэ администрацэм и унафэщI Саенкэ Татьянэрэ теп­сэ­лъыхьащ районым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зи чэзу къалэнхэм.
Республикэм и Iэтащ­хьэм Ново-Ивановскэ къуа­жэм щыгъуазэ зыщищIащ ныбжьыщIэ 440-м ятещIы­хьауэ  щащI курыт еджапIэм и ухуэныгъэр здынэсам. Абы шхапIэ, актовэ зал, радио щылэжьэну, фильмхэр щагъэлъэгъуэну пэш хэхахэр, спортзал хэтынущ. Школым и блок нэхъыщхьэм щыгъын фIэдзапIэхэр, лабораторэ, еджапIэ классхэр, администрацэм­рэ егъэджакIуэхэмрэ хуха-ха пэшхэр, актовэ зал, щIэб­лэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэтыну кабинетхэр иIэнущ. УнэщIэм пащIыхьынущ пэшхэр зэрагъэхуэбэну котельнэ щхьэхуэ, трансформатор подстанц, къимы­дэкIэ, дагъэкIэ лажьэ, ток къэзыт Iэмэпсыми, футбол губгъуэ зыхэт стадионрэ баскетбол джэгупIэри иIэнущ. Мы зэманым ирихьэ­лIэу зэфIагъэкIащ лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр. Япэ къатым и пэш кIуэцIхэр зехьэным яужь итщ, унэ­лъащIэхэр зэпкъралъ­хьэ.
ЩIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэм къепха полик­линикэм КIуэкIуэ Казбек къы­щипщытащ вакцинэр цIыхухэм щыхаIу щIыпIэм и лэжьэкIэр, мастэр зыхезыгъэлъхьэну абы екIуэлIахэм епсэлъащ. Медицинэ лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, иужьрей махуэхэм нэхъыбэ хъуащ мастэр зыхезыгъэлъ­хьэну къахуэкIуэхэм я бжыгъэр. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Сэралъп Тимур и гугъу ищIащ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэ­рызэтеухуа щIыкIэм, са- бийхэм я узыншагъэм щыкIэ­лъыплъ къудамэр ­къы­зыхуэтыншэу зэры­зэ- ра­гъэпэщыжым. Абы мы гъэм и мэлыжьыхьым щIа­-дзащ. Унэм и зэхуэдитIым лэжьыгъэхэр и кIэм щы­нэблэгъащ, адрейр зэкIэ мэ­лажьэ, къахуэкIуэ цIы­ху­хэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэ. Унэ щIыбыр зэрахьащ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр зэрахъуэ­кIащ. Сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ къудамэм и регистратурэр «Бережливая поликлиника» мардэм тету лэжьэн хуэдэу къызэIуахыжынущ. 2024 гъэм ирихьэлIэу Октябрьс-кэ къуажэм щаухуэнущ ­фельдшер-акушер пунк­ты­щIэ, апхуэдэуи Котляревскэ станицэм дэт амбулаторэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуа­гъэзэнущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)