КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и Уна­фэщI Мишустин Михаил дыгъуасэ Пятигорск къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-­экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа IуэхухэмкIэ Правительствэм и комиссэм ­хэтхэм я зэIущIэ. Абы къы­щыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Урысейм и Правитель­ствэм и УнафэщIым зэIу­-щIэр къыщызэIуихым къыхигъэщхьэхукIащ: «Пэжыр жыIэн хуейщ, Кавказым иджыпсту щызэтеува щы­тыкIэр тынш дыдэкъым. Япэ­хэми хуэдэу, гугъуехьхэр мымащIэу щыIэщ икIи ахэр дэгъэкIа хъун папщIэ фе­деральнэ IэнатIэри къыхэ­мыхьэу хъунукъым».
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу Мишустин Михаил къигъэлъэгъуащ туризмэмрэ мэкъумэш хозяйствэмрэ. «Кавказ Ищхъэрэм и эко­номикэм и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу туризмэр щытын хуейуэ къызолъытэ. Фи щIыналъэм хэкIыпIэ псори щыIэщ Урысейм и мыза­къуэу, нэгъуэщI къэралхэм щыщхэри зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуэн папщIэ», - жиIащ абы. «Мы IэнатIэм и инженер инфраструктурэ зэтегъэувэнымкIэ къэралыр ­дэ­Iэпыкъуэгъуу щытынущ, ­адрей Iуэхухэм - кIапсэ гъуэгу­хэр, зыгъэпсэхупIэхэр, хьэ­щIэщхэр ухуэным егуп­сысын хуейр инвесторхэрщ», - къигъэлъэгъуащ Мишустин Михаил.
Агропромышленнэ комп­лексым и гугъу щищIым Правительствэм и Унафэ­щIым жиIащ: «Мы IэнатIэм щIэгъэхуэбжьауэ зеужь. Нэгъабэ пхъэщхьэмы­щхьэ­хэм­рэ мэракIуэхэмрэ къе­хьэлIэнымкIэ округым япэ увыпIэр къэралым щиубыдащ. Апхуэдэ зэфIэкIхэм нэхъри зегъэубгъун хуейщ».
Абы къыхигъэщхьэхукIащ Кавказ Ищхъэрэм и субъ­ект­хэм я экономикэ зыу­жьы­ныгъэм хиубыдэ Iуэху нэхъыщхьэхэмкIэ ар ику иту Урысейм и зыужьыныгъэм къызэрыкIэрыхур. Апхуэдэ экономикэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ зы цIыхум хуэзэу къалэжь валовэ щIыналъэ продуктыр, капитал нэ­хъыщ­хьэм халъхьэ инвес­тицэхэр зыхуэдизыр. «Дэ къытпэщытщ щIыналъэ­-хэм, абыхэм щыпсэу цIыху­хэм мылъку нэхъыбэ ­къы­зэралэжьын Iэмалхэр зэтегъэувэнымкIэ дэIэпы­къуэгъу дыхъуну, уней мылъкур нэхъ зыубгъуауэ къагъэсэбэпынымкIэ бюд­жет ахъшэри щIэгъэкъуэн къэт­щIыну», - жиIащ Мишустин Михаил.
Премьер-министрым къыхигъэщхьэхукIащ: «Инфраструктурэ гугъуехьхэри мащIэкъым - гъуэгухэм, коммунальнэ IэнатIэм гулъытэ хэха ягъуэтын хуейщ. А IэнатIэхэр округым хиубыдэ щIы­налъэ псоми хуабжьу зэкIэлъымыкIуэ щыхъуащ. Псы фIейр зыгъэкъабзэ Iуэху­щIапIэхэр я къалэнхэм пэлъэщыркъым, цIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэ­щыныр щIыпIэ куэдым щы­зэблагъэу. Абы къыхэ­кIыу Кавказ Ищхъэрэр псы ­къабзэкIэ къызэгъэпэщы­нымрэ псы фIейр щIэшы­нымрэ хуэгъэзауэ дэтхэнэ щIыналъэми хэкIыпIэ пыу­хыкIахэр щамыубзыхуу хъунукъым».
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Прави­тельствэр илъэси 10 гъунэгъум къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм игъуэтыну со­циально-эко­номикэ зыу­жьы­ныгъэм и стратегием зэрелэжьым икIи а стратегиер Iуэху пыу­хы­кIахэм ятещIыхьауэ зэ­рыщытынум.
Коронавирус уз зэрыцIалэр къызэрызэщIэрыуэ­-жым теухуауэ Мурашкэ ­Михаил жиIахэм япкъ иткIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм къалэн щащIащ а узыфэр къэзыгъэувыIэ вакцинэ зыхегъэлъхьэн зэ­рыхуейм теухуауэ нэхъ зыубгъуауэ цIыхухэм ядэлэжьэну.
Апхуэдэу зэIущIэм док­ладхэр щащIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, УФ-м мэкъумэш хо­зяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий, УФ-м и Президентым и полномоч­-нэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэ­-рэ федеральнэ округым щы­Iэ Чайкэ Юрий, Туриз­мэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Догузовэ Заринэ сымэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек зэIущIэм щищIа докладым къыщигъэлъэ­гъуащ 2020 гъэм ирагъэ­кIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуа Iуэху нэхъыщхьэхэмрэ щIыналъэм адэкIи зегъэу­жьы­нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэмрэ.
«Зэрыщыту къапщтэмэ, республикэм 2020 гъэр ­ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр иIэу къызэринэкIащ. Урысейм и Президентым къигъэува къалэнхэм япкъ иткIэ Урысей Федерацэм и Правительствэм икъукIэ ­игъуэу дэIэпыкъуэгъушхуэ къызэрытхуэхъуам и фIы­щIэкIэ щIыналъэр тэмэму пандемием пэщIэтыфащ, социальнэ IэнатIэмрэ экономикэмрэ щыIэ щыты­кIэхэр хъарзынэу зэблигъэкIащ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
И докладым абы къыщигъэлъэгъуащ гъэ кIуам къри­кIуа экономикэ Iуэху нэхъыщхьэхэр: ухуэныгъэм, промышленностым, мэкъу­мэш хозяйствэм нэхъри зэрызаужьар. Республикэм и бюджетым и хэхъуэхэр ­нэхъыбэ хъуащ, къэрал щIыхуэр ягъэмэщIащ, коммерческэ щIыхуэ псори япшыныжащ. Республикэм и экономикэм и IэнатIэ пыухыкIахэм заужь пэтми, жиIащ КIуэкIуэ Казбек, языныкъуэ IэнатIэхэм я зыу­жьыныгъэр ику иту Уры­-сейм ехьэлIа бжыгъэхэм ­къакIэроху. Экономикэм дя­пэкIэ зиужьын папщIэ хэ­кIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр нэхъ зэфIэкIышхуэкIэ зы­щы­гугъ IэнатIэхэр нэгъэ­сауэ щIэгъэкъуэн къэ­щIы­нырщ. Къапщтэмэ, мэкъу­мэш хозяйствэм и IэнатIэм иджырей технологиехэр нэхъ зыубгъуауэ къыщагъэсэбэпмэ, щIым къыпах хъерым нэрылъагъуу хэ­хъуэнущ. Апхуэдэ хэкIы­пIэ­хэм ящыщщ иджырей жыг хадэхэр зехьэныр, мэра­кIуэ­хэр, хадэхэкIхэр нэхъыбэу хэсэныр. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Урысей Федерацэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къыщыпачыж пхъэщхьэмыщхьэм и Iыхьэ щанэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщагъэкIыр икIи а бжыгъэр нэхъри нэхъыбэ щIынымкIэ Iэмалхэр зэ­рыщыIэр.
Туризмэм и IэнатIэм и зыужьыныгъэм щытеп­сэ­лъыхьым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ 2021 гъэм и япэ мазищым республикэм турист мин 243-рэ къызэрыкIуар, ар нэгъабэ и апхуэдэ зэманым елъытауэ процент 70-кIэ зэрынэхъы­бэр. А бжыгъэм щыщу мин 220-м зыщагъэпсэхуар «Эльбрус» курортырщ.
«Къэралым мы IэнатIэм ахъшэшхуэ зэрытригъэ­кIуэ­дэнум, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгу­хьэныгъэр IэнатIэм зегъэу­жьынымкIэ планхэмрэ проектхэмрэ зэхэлъхьэным егуп­сысауэ зэрыбгъэ­ды­хьэм я фIыщIэкIэ дэ «Эльб­рус» курортыр илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зыгъэп­сэхупIэ хъуну дыщо­гугъ», -­ жиIащ республикэм и Уна­фэщIым.
«ИщхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа IэнатIэхэм я зыужьы­ныгъэм пыщIауэ товархэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я куэдагъым зэрыхэхъуэнум къыдэкIуэу, социальнэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэр - цIыхухэр лэжьапIэкIэ къы­зэгъэпэщыныр - нэсу гъэзэ­щIа хъунущ», - жиIащ къэп­салъэм.
Инвесторхэр Iуэхум тегъэгушхуэнымкIэ нэхъыбэ ды­дэ зыхузэфIэкIынухэм ящыщу КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ Урысей Федерацэм и банк ­IэнатIэр. Абы Урысейм и Правительствэм и Уна­фэ­щIым лъэIукIэ зыхуигъэзащ Кавказ Ищхъэрэ щIы­на­лъэм ехьэлIа инвестицэ про­ектхэр ахъшэкIэ къызэ­зыгъэпэщ кредит IуэхущIапIэхэм я мылъкур яфIэ­мы­кIуэдынымкIэ шэсыпIэ хэ­хахэр убзыхуа хъуным хэп­лъэну.
Мишустин Михаил Кав­каз Ищхъэрэм инвестицэхэр къыхузэщIэгъэуIуэ­ным нэхъ­ри егугъупхъэу зэры­щытыр икIи абы пап­щIэ округым и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ ­органхэмрэ инвесторхэмрэ нэхъ зэIухауэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр къигъэлъэгъуащ. «Дэ дызэгъусэу делэжьын хуейщ инвесторым Кавказым зыщигъэпсэхуну зэ­ригуапэм хуэдэ дыдэу а щIыналъэм инвестицэхэр и гуапэу зэрыхилъхьэным хуэу­нэтIыным», - и псалъэм и кIэухыу жиIащ Урысейм и Премьер-министрым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.