ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Адыгэбзэ ныкъуэ

Ди кхъэхэм уихьа нэужь, сынхэм тетхам уеплъмэ, укъоуIэбжь. Языныкъуэхэм щы­уагъэ зыхэт адыгэбзэкIэ, адрейхэм урысыбзэкIэ тратхэ. А цIэ-унэцIэ тIэкIум щыуагъэу хащIыхьыр сыт хуэдиз. КъимыдэкIэ, ущыадыгэкIэ, уи цIэ-унэцIэри адыгэбзэкIэ тетхэн хуейщ. Ярэби, апхуэдэу IэхъуэгъуэтегъэкIыу щхьэ бгъэдыхьэу пIэрэ а Iуэхум? Дунейм ехыжар зейхэр адыгэбзэкIэ тэмэму мытхэфмэ, къуажэм дэскъэ ди бзэр езыгъэдж е щыуагъэншэу тхэ? Абыхэм ечэнджэщ хъунукъэ? 
 
ФIыщIэ къалэжьу пIэрэ?

Къуажэм лъагъунлъагъу дыщыIауэ, ди сабиитIыр тщIыгъуу дыкъежьэжат къалэм дыкъэкIуэжыну. Автобусыр къэмыкIуэу уэрамым куэдрэ дытетащ. Бжьыхьэт, жьы щIыIэ къепщэу щыхуежьэм, сабийхэм я анэр къэгузэващ, «щIыIэ къахыхьэмэ» жери. Автобусыр къыщымыкIуэм машинэ блэжхэм Iэ сщIыуэ щIэздзащ. Сытми, зы зэман «Жигу­ли» гуэрым гулъэф ирет. Шофёрым къыб­гъурысу зы щIалэщIи ист. Машинэм ды­зэ­ритIысхьэу рулым дэсыр къызоплъэкI­ри жеIэ:
- Сабийхэм я хьэтыркIэ фидгъэтIысхьащ, армыхъумэ … 
АдэкIэ къыпищакъым. ГурыIуэгъуэтэкъэ жиIэнур. ЦIыкIуитIыр тщIымыгъуамэ, къэувыIэнутэкъым. Абы фIыщIэ хуэпщIыну ­къилэжьу пIэрэ? СщIэркъым. 
НэгъуэщI зы Iуэхугъуи сигу къокIыж 70 гъэхэм я пэщIэдзэм срихьэлIауэ. Налшык пэгъунэгъу къуажэхэм щыщхэр нэхъ псынщIэу нэсыжын щхьэкIэ е гувамэ, къалэ къыдэлъэдапIэ-дэжыжыпIэм (Дубки хьэблэм) кIуэрти, Лэскэн щIыналъэмкIэ, Владикавказ лъэныкъуэмкIэ зи гъуэгу автобусхэм итIысхьэрт. КъагъэувыIэмэ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ди жылэмрэ къалэмрэ зэпызыщIэ автобусым сыкъыкIэры­хуауэ, сыкIуат къалэ дэжыжыпIэм. Пшапэр зэхэуауэ, уэшх тIэкIуи къригъэжьауэ, жьауи сымыIыгъыу. Зы сыхьэт ныкъуэфIкIэ сытетауэ, «згъэзэжын?» жысIэу сегупсысу, зы машинэ псынщIэ дблэжри къэувыIэжащ. Ар зейр къокIри, уэшх къытешхэ щхьэкIэ къимыгъанэу, гъунэгъу зыкъытхуещIри ­къоджэ:
- Ярэби, Псыгуэнсу кIуэж къыфхэт? ЦIы­хуиплI фихуэнущ, фыкъакIуэ. 
 Мис аракъэ фIыщIэ зыхуэфащэр? Мис аракъэ псапэр?
 
Мылъкур ягъэнэхъапэтэкъым

Совет властым и зэманым, дауи, мыхъу­мыщIагъэ, ущIэшхыдэн куэд щыIащ ди псэукIэ-зэхэтыкIэм теухуауэ. Ауэ а лъэхъэнэмрэ нобэреймрэ зэбгъапщэмэ, уи гур ириныкъуэну, уи гукъыдэжыр ириудыхыну ди зэманым тлъагъур, ди нэгу щIэкIыр пхуэмыIуэтэщIыным хуэдизщ. Псом хуэмыдэу мылъку и лъэныкъуэкIэ иджы щыIэ зэхуэмыдэныгъэм теухуауэ. 
80 гъэхэм икухэм и унэ сригъэблэгъат зауэм хэта ди зы лъэпкъэгъу лIы хэкIуэтам. И пэшхэр Iэзэвлъэзэвт, уи нэм къыфIэнэну зы унэлъащIи щIэттэкъым. ЗгъэщIэ­гъуащ апхуэдэ псэукIэ къызэрыгуэкI фIэкIа абы зэримыIэр. Сыту жыпIэмэ нэхъапэхэм а лIым иIыгъат къулыкъушхуэ зыбжанэ. Уеблэмэ КГБ-м и унафэщIуи лэжьат. НтIэ, иджы щыIэ къулыкъущIэшхуэхэр пхущIэсыну пIэрэ апхуэдэ унэ? Сыти жыIи а лъэхъэнэм унафэщIышхуэхэм я нэхъыбэм цIыхубэм щхьэкIэ гууз-лыуз яIэт, яхузэфIэкIыр ящIэрт. Жэуап яхьырт я IэнатIэм щекIуэкIым папщIэ. Мылъкур япэ ирагъэщу щытауэ схужыIэнукъым, апхуэдэхэри яхэтами. Иджы диIэхэм «фу, цIыхумэ» жаIэ хуэдэщ, я къулыкъум тетыху мылъку нэхъыбэ зэрызралъэфэлIэным иужь иту къыпщохъу.
Саут СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ