Сабиипсэр зыузэщI бзылъхугъэ щыпкъэКъытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм етыныр, абыхэм я псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи школ кIуэгъуэм къызыхуэтыншэу хуэбгъэхьэзырыныр икъукIэ лэжьыгъэ гъэ-щIэгъуэнщ, абы къищынэ- мыщIауи, гугъущ. Мыхьэ- нэшхуэ зиIэ а Iуэхур къызыхуэтыншэу щызэфIэпхыфынур уи IэнатIэм гурэ псэкIэ убгъэдэтмэщ, дзыхь къыпхуащIамкIэ жэуаплыныгъэ зыхэпщIэрэ адрейхэм щапхъэ уахуэхъун хуэдэу лэжьыгъэр епхьэкIмэщ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ дахэщ бгъэдэлъыр Аруан щIыналъэм и жылэ нэхъыщхьэ Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и унафэщI Семэн Iэ- сият Леонид и пхъум. Ар зи пашэ гъэсапIэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Сабийхэм я къэу-хьым зегъэужьыным гулъытэшхуэ щегъуэт садым. Абы папщIэ IуэхущIапIэм къыщызэ-рагъэпэщауэ хъарзынэу щолажьэ сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр, зэчий зэмылIэу-жьыгъуэхэр наIуэ къэзыщIу адэкIи зезыгъэужь гупжьей-хэр. Зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэдолажьэ гъэсакIуэхэри абы къекIуалIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэри. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ дахэм и лъабжьэр зыгъэбыдэр IуэхущIапIэм и пашэ Семэныращ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|