Нэхъ псынщIэу, нэхъ лъагэу, нэхъ лъэщу

Ди къэралым и къалащхьэ Москва мы махуэхэм щекIуэкIащ Урысейпсо спорт фестиваль. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм хуэщIауэ «ШколакIуэ-хэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэ» жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэхьэзэхуэм хэтащ ди республикэм и курыт школхэм я еджакIуэхэри. Хэтам и мызакъуэу, текIуэныгъэ къыщахьащ. 

УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм къикIа школакIуэ 475-рэ, апхуэдэуи физкультурэр шко­лым щезыгъэджхэмрэ щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ зыхэта къэрал­псо зэхьэзэхуэм, ди гуаппэ зэрыхъущи, щы­текIуащ Налшык дэт гимназие №14-м и «Старт нэжэгужэхэр» спорт командэр. НыбжьыщIэхэр щызэпеуащ Москва дэт, ЦСКА-м атлетикэ псынщIэмрэ футболымкIэ и спорт уардэунэм. 
Къыхэдгъэщынщи, ныбжьыщIэхэр зы­хэта Урысейпсо спорт фестивалым и иужьрей зэхьэзэхуэхэр екIуэкIащ «Хахуэ­хэр зэдоджэгу», «Старт нэжэгужэхэр», «Сабий спорт школхэм я зэфIэкIыр», «Шахматхэр» унэтIыныгъэхэмкIэ. Ап­хуэ­дэу школакIуэхэр зэпеуащ брейк-    д­ансымкIэ, воркаутымкIэ, футболымкIэ, роуп-скиппингымкIэ, хоппингымкIэ, фехтованиемкIэ. А спорт лIэужьыгъуэхэмкIи унэтIыныгъэхэмкIи екIуэкIа зэхьэзэхуэ-хэм щытекIуа школакIуэ щхьэхуэхэри гуп­хэри щагъэпэжащ «Салют» щэнхабзэ  центр иным. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту абы­хэм иратащ зэпеуэм зэрыщытекIуам щы­хьэт техъуэ Кубокымрэ щIыхь тхылъымрэ.
Ди щIыналъэм икIа школакIуэхэм зы­Iэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуабжьу щыгуфIыкIащ ахэр зи лIыкIуэ IэнатIэхэр. ­Налшык дэт гимназие №14-м и «Старт нэжэгужэхэр» спорт командэр Iэтауэ кърагъэблэгъэжащ. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и IэщIагъэлIхэр, школым и егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ. Министрыр гуапэу ехъуэхъуащ республикэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа ныбжьыщIэхэм. Гупым хэтахэм иратащ фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр. Я ныбжьэгъухэр къэралпсо утыкум зэрыщытекIуам и щIыхькIэ, гимназием и гъэсэнхэм ятащ гуфIэгъуэ концерт. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.