Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм исхэм Урысейм и Махуэм и щIыхькIэ зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Урысейм  и МахуэмкIэ!
Лъэпкъпсо махуэшхуэм дэ ди гум                 щызу зыхыдегъащIэ ди къэралым ис лъэпкъхэм зы тхыдэ гъуэгуанэ къызэры­зэдакIуар, лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа ди блэкIамрэ Урысейм и иджырей ехъу­лIэныгъэхэм я мыхьэнэмрэ. Абы дэ ды­хуеунэтI цIыхугъэм, зэкъуэтыныгъэм, ­хэкупсэу щытыным хуэдэ лъапIэныгъэ­хэм, лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ лIакъуэхэм зэIэпахыурэ къекIуэкIхэм. Дэтхэнэ зыми ди къалэныр ди Хэку уардэм и лъэщагъымрэ и къарумрэ дгъэбэгъуэнырщ,                                 ди къэкIуэнум хьэлэлу дыхуэлэжьэ-нырщ.
Хэкур фIыуэ зэрытлъагъур, зэ­къуэ­ты­ныгъэр сыт хуэдэ зэмани дэ щIэгъэ­къуэну диIащ гугъуехьхэм, гъэунэху­-ныгъэ хьэлъэхэм дыпхыкIынымкIэ, сыт хуэдэ къэхъукъащIэми жэуап еттыфы­нымкIэ. Шэч къытесхьэркъым, дызэ­къуэт­мэ, дэ къэралым нэхъри зэрызе­дгъэужьыфынум, Урысейм лъэпкъ куэд зыхэт и цIыхубэм я псэукIэри зэрыт­хуегъэфIэкIуэнум.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узын­шагъэ быдэ фиIэну, мамыру, фе­фIа­кIуэу, фи Iуэхухэр зэпэщу фыпсэуну.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ