КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IуэхущIапIэ зыбжанэм щыIащ

 КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм: Респуб­ликэ клиникэ сымаджэщым, Шэджэм район сымаджэщым, Онкологие диспансерым щыIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат, Налшык къалэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ щIыгъуу еплъащ Республикэ клиникэ сымаджэщым и торакальнэ, хирургие, урологие къудамэхэм, лъынтхуэхэмкIэ центрым, фэбжьхэм щеIэзэ IэнатIэм. Абыхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэм хьэщIэхэр щыгъуазэ ящIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэу мы зэманым иратхэм. Къапщтэмэ, 2018 гъэм къриу­бы­дэу апхуэдэ операцэ зэмылIэужьыгъуэу ­­ ди деж 190-рэ хуэдиз щащIащ.
 Шэджэм район сымаджэщым КIуэкIуэ Казбек къыщызэхикIухьащ хирургие, нэм щеIэзэ, неврологие къудамэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыхигъэщхьэхукIащ терапиемкIэ къудамэм и унэр ягъэува пIалъэхэм къриубыдэу зэрагъэпэщыжын, ар зыхуей мылъкумрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщын зэрыхуейр.
 Онкологие диспансерым щеплъым нэхъ къыхагъэщхьэхукIащ абы псэуалъэхэмрэ унэхэмрэ къызэремэщIэкIыр. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым зэрыжиIамкIэ, хирургие, химиотерапевт къудамэхэр Перинатальнэ центрым иIыгъыу щыта унэм, Шортэным и уэрамым тетым, зэрагъэIэпхъуэнур. Апхуэдэу абы ягъэ­­кIуэнущ реанимацэмкIэ къудамэри. Иджыпсту Онкологие центрым иIыгъ унэр зэгъэпэщыжын яуха нэужь поликилиникэмрэ махуэ стационарымрэ нэхъ ин ящIынущ.
Медицинэм и лэжьакIуэхэм, абыэм я унафэщIхэм, сымаджэхэм щепсалъэм къыхагъэщхьэхукIащ IэнатIэр зыхуеину хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыр, медицинэм и лэжьакIуэхэм я лэжьапщIэр зэрырат щIыкIэр, IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ зэрыхагъахъуэр, нэгъуэщIхэри.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбек еплъащ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и автомашинэу иджыблагъэ республикэм къыIэрыхьахэм. Ахэр я бжыгъэкIэ 23-рэ мэхъури, зэман ­гъунэгъум къриубыдэу иратынущ ГузэвэгъуэхэмкIэ медицинэм и центрым, Налшык дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и станцым, мелицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ район IэнатIэхэм.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.