|
Республикэм и экономикэр COVID-19-м и зэранкIэ ехуэхакъым - ар инвесторым дежкIэ нэщэнэфIщ
9 июня, 2021 - 08:46
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Интерфакс» къэрал хъыбарегъащIэ агентствэм и журналистхэм щепсалъэм и гугъу ищIащ КъБР-р Петербург экономикэ зэхуэсышхуэм зэрыщыIам кърикIуахэм, ягъэзащIэ инвестицэ проектхэм, республикэм зиужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
- Казбек Валерий и къуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, хабзэ зэрыхъуам тету, мы гъэми хэтащ Петербург дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм. ЩIыналъэм дежкIэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ а Iуэхум?
- Зэхуэсышхуэр икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ икIи ди къэралым и закъуэкъым абы апхуэдэ пщIэ щиIэри. Нобэ урысей экономикэм куэдкIэ къелъытащ, къепхащ дунейпсо экономикэр. Мыбы, щхьэусыгъуэ лъэпкъ ямыщIу, хамэ къэрал куэдым я лIыкIуэхэр зэрыхэтыр абы и щыхьэтщ.
Петербург экономикэ зэхуэсышхуэр - ар къэралым и экономикэ, политикэ гъащIэм увыпIэ хэха щызиIэщ. Зэхуэсым Урысейм и Президент Путин Владимир щиубзыхуащ экономикэм зегъэужьыным, экономикэ Iуэхухэр щIэгъэхуэбжьэным, къэралым и сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным хуэгъэзауэ къэрал органхэм зэфIагъэкIын хуей лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр. Абы дэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.
КъимыдэкIэ, комиссэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэIущIэхэр екIуэкIащ, абыхэм Къэрал Советым и зэхуэсри яхэту. А зэхыхьэхэм щызэпкърахащ щIыналъэхэм я финанс зэпIэзэрытагъыр зыхуэдэр. Шэч хэмылъуи, зэхуэсым гулъытэ хэха щызыгъуэтахэм ящыщщ инвестицэхэр.
- Петербург дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм республикэм сыт хуэдэ мурадхэр иIэу хэта, къыхуэщхьэпэну абы сыт къыхихар?
- Дэ «Росгеология» АО-м зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щрегъэкIуэкI ди щIым щIэлъ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къэхутэным теухуа лэжьыгъэ. Абы нэмыщI, дэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ къалэнышхуэ къытпэщытщ, цIыхухэр зэфэну псыкIэ нэсу къызэдгъэпэщыным теухуауэ. ЗэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ республикэм и щIыщIагъыпсхэр нэсу яджынущ, апхуэдэу диIэр зыхуэдизыр къагъэнэIуэнущ. А къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэм япкъ иткIэ дэ дубзыхунущ КъБР-м щыпсэухэр псыкIэ къызэрызэдгъэпэщыну щIыкIэр.
Апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зезыгъэужьыфыну дызыщыгугъ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ туризм IэнатIэр. Iуащхьэмахуэ лъапэ бгы къежэхыпIэ цIэрыIуэм, туристхэр дэзыхьэх нэгъуэщI щIыпIэхэм нэмыщI, дэ къыхэтлъхьащ Налшык къалэм и зыгъэпсэхупIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэгъэпса проектыр.
Налшык сыт щыгъуи цIэрыIуэу щытащ ятIэпскIэ щыIэзэ, псы хущхъуэхэр къыщагъэсэбэп и зыгъэпсэхупIэхэмкIэ - ахэрщ и лъабжьэр санаторэ-курорт комплексым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 90 гъэхэм абыхэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ, куэд зэхэкъутащ, ауэ дэ а унэтIыныгъэр къыдогъэщIэрэщIэж. Дэ инвесторхэм яхудогъэлъагъуэ хьэщIэщхэр, спа-хьэщIэщхэр, медицинэ Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыхуащIэ объектхэр, нэгъуэщI ухуэныгъэхэр щIыным, къызэIухыным хуэгъэпса мастер-планхэр. Дэ къыдолъытэ Налшык зыгъэпсэхупIэм и закъуэ инвестицэу сом мелард 12 хуэдиз къыхебгъэлъхьэфыну.
- Инвестицэхэр къыхалъхьэн папщIэ лъабжьэ нэхъыщхьэу щытын хуейхэм хохьэ щIыналъэм инфраструктурэ тэмэм иIэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы и лъэныкъуэкIэ и Iуэхур дауэщыт?
- Инфраструктурэм зегъэужьыныр ди экономикэми политикэми щынэхъыщхьэ Iуэхущ мы зэманым. Ар гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэнырщ, туристическэ кластерым и инфраструктурэм зегъэужьынырщ, шэч хэмылъуи, нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къыдолъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыбкIи ди цIыху-хэм инфраструктурэр къахузэдгъэпэщынри.
ЦIыхубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа мурадхэр зэдгъэхъулIэн папщIэ дэ жыджэру дыщолажьэ а унэтIыныгъэм, автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр укъуэдииным, щIыналъэхэр зэIузэпэщ щIыным къыщыщIэдзауэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэным нэсу.
Транспорт инфраструктурэр къапщтэмэ, абыи зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщохъу.
Къапщтэмэ, «Налшык» аэропортыр «Новапорт» компанием хыхьащ. IуэхущIапIэр мылъкуншэ хъуауэ къэлъытэным теухуауэ ирагъэжьа Iуэхухэр нобэкIэ къызэтрагъэувыIащ. Абы щылажьэхэм я улахуэхэр и чэзум яIэрохьэ. Аэропортым нэхъыбэ ищIащ и рейсхэмрэ здэлъатэ щIыпIэхэмрэ. Къапщтэмэ, зэхуэсышхуэм ди делегацэр къэлъэтащ «Налшык - Санкт-Петербург» рейсыщIэмкIэ. Апхуэдэуи ди къалащхьэм укъикIыу кхъухьлъатэкIэ Москва, Сочэ укъэкIуэфынущ. КъимыдэкIэ, нэгъуэщI къэралхэми ягурыIуауэ щытщ рейсхэр ягъэзэщIэнымкIэ, аэропортым дунейпсо статус иIэ хъуащи.
Ди мурадхэм ящыщщ аэропортым и инфраструктурэм зегъэужьыныр, Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэхэм я тыншыпIэ псори къыщылъыта терминалыщIэ щIынри абы хыхьэу. Абы и проектыр и кIэм нэблэгъэпащ.
Абы нэмыщI властым и федеральнэ органхэм ящIыгъуу долэжь кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкIыну, къыщетIысэхыжыну гъуэгущIэ щIыным. Абы иригъэфIэкIуэнущ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр икIи цIыхуу кърашэкIым я бжыгъэри нэхъыбэ хъуным хуэщхьэпэнущ. Компанием и мурадхэм ящыщщ илъэсым Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэ цIыху мини 180-р цIыху мин 500-м нигъэсыныр.
Терминалыр щIынымкIэ, аэропортым и инфраструктурэм зегъэужьынымкIэ инвестору щытынур «Новапорт» компаниерщ. Кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэ-къэтIысыжыпIэ гъуэгум и гугъу пщIымэ, а лэжьыгъэм текIуэдэну мылъкур къэрал бюджетым къыхэкIыну дыщогугъ.
Автотранспорт инфраструктурэр къапщтэмэ, лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ КъБР-м лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI автомобиль гъуэгущIэхэр укъуэдииным, щыIэхэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ. КъимыдэкIэ, илъэсрэ ныкъуэм къриубыдэу «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэм и кIыхьагъкIэ лъэныкъуиплIкIэ автомашинэхэр щызэблэкIыу хъунущ. А лэжьыгъэм щыщу Iыхьэ зыбжанэ къэнауэ аращ, ахэри программэм хагъэхьакIэщ.
- ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ мэкъумэш IэнатIэр. Республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым зэрызиужьым и гугъуи уэдгъэщIынут.
- Шэч хэмылъу, мэкъумэш хозяйствэр щытщ республикэм и экономикэм зегъэужьынымкIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ тщIы IэнатIэу икIи IуэхущIапIэхэм я лъэщагъым зэпымыууэ хыдогъахъуэ. Къапщтэмэ, илъэс къэс дэ къыхыдогъахъуэ жыг хадэхэр, мэракIуэхэкIхэр щыдгъэкI щIыпIэхэм, псы зыщIэдгъэлъадэ хьэсэхэри нэхъыбэ дощI.
Абы нэмыщI, дэ гулъытэ хэха худощI пхъэщхьэмыщхьэхэр тэмэму хъумэным. Доухуэ иджырей пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр, жьыр тэмэму щызэприхуу щытыным хуэщIауэ. КъимыдэкIэ, лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI апхуэдэ хъумапIэхэр нэхъыбэ щIынымкIи. Нобэм ирихьэлIэу республикэм хъумапIэу иIэщ тонн мин 250-рэ зэуэ зыщIэхуэн.
АПК-м зыщеужь мэракIуэхэкIхэр гъэкIыным епха IэнатIэми. Шыгъулдыкъащхъуэмрэ мэракIуэ Iэрысэмрэ яхухэтх щIыпIэри нэхъыбэ дощI.
Зэрыщыту къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм 2021 гъэм къыщалэжьым и уасэм проценти 10-кIэ хэдгъэхъуэну ди мурадщ.
- МэкъумэшхэкIхэр къэзылэжьхэм ящыщ куэдым гъавэ хъарзынэ кърахьэлIэрэ ахэр щащэнумкIэ гугъуехь щыхэт щыIэщ. Апхуэдэ лъэпощхьэпохэм Iууэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэр?
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэ мэкъумэшхэкIхэм Урысейм и щIыпIэ куэдым щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Къапщтэмэ, 2020 гъэм мэракIуэхэкIхэм щIэупщIэшхуэ яIащ икIи абыхэм уасэ хъарзынэ хуэзащ. Абы Iэмал къитащ ахэр зыгъэкIхэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ хъунымкIэ. Апхуэдэуи зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIащ я продукцэр яIызыхыну хуейхэм. Абы къыхэкIыу схужыIэнукъым къагъэкIар ящэнымкIэ ди лэжьакIуэхэр гугъуехь хэту.
- Урысейм и дэнэ щIыпIи нобэ ущрихьэлIэнущ КъБР-м щащIа IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Сыт лъабжьэ хуэхъуар республикэм а унэтIыныгъэм апхуэдэу фIыуэ зэрызыщиужьам?
- IэфIыкIэхэр щIынымкIэ республикэр куэд щIауэ щыцIэрыIуэщ къэралым. Налшык дэт IэфIыкIэ фабрикэм и закъуэ илъэсым продукцэу тонн мин 27-рэ къыщIигъэкIыу щытащ. ИужькIэ, фабрикэшхуэхэм щылажьэу щыта технологхэм езыхэм я IуэхущIапIэхэр къызэрагъэпэщыжри, абыхэм зрагъэужьащ, Iуэхур тэмэмуи зэтраухуэри, къыщIагъэкI ерыскъы лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ ящIурэ щIыпIэ куэдым щащэу хуежьащ. Нобэм ирихьэлIэу а IуэхущIапIэхэм пыщIэныгъэхэр хуаIэщ ди гъунэгъу хэкухэми хамэ къэралхэми.
- Казбек Валерий и къуэ, пандемием и зэран екIа инвестицэхэр щIыналъэм къыхегъэлъхьэным и Iуэхум, инвесторхэр проектхэм хыхьэным?
- Къэбэрдей-Балъкъэрым зи мылъку щызыгъэлэжьэну, фейдэ къезыгъэщIыну хуейхэм COVID-19-р зэран яхуэхъуауэ гу лъыттэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и властым и органхэм зэхалъхьащ COVID-19-м зэрызиубгъуам къыдэкIуэнкIэ хъуну зэфIэмыхьэныгъэхэр Iуэхум лъэпощхьэпо хуэмыхъуным хуэгъэза планхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ дэ тхузэфIэкIащ IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIхэм хэдмыгъэщIын, уеблэмэ щыхэдгъэхъуа IэнатIэхэри диIэщ.
Къыхэзгъэщынщи, республикэм и экономикэр COVID-19-м и зэранкIэ ехуэхакъым. Абы къикIыр республикэм и мэкъумэш, туризм, нэгъуэщI IэнатIэхэми зи мылъку къыхэзылъхьэ инвесторхэр мыгузавэми хъуну аращ.
- Уэ жыпIащ туризм IэнатIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономкэм зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу. А IэнатIэм сыт хуэдэ щытыкIэ нобэ иIэр, туристхэр ныфхуеблэгъэн и лъэныкъуэкIи дауэ щыт?
- Ди деж накIуэ туристхэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу. БжыгъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, 2021 гъэм и япэ мазищым Iуащхьэмахуэ лъапэ бгы къежэхыпIэ зыгъэпсэхупIэхэм щыIащ турист мин 220-м нэблагъэ. Ар 2019 гъэм - коронавирусым зиубгъун ипэкIэ - щыIам нэхърэ процент 38-кIэ нэхъыбэщ. 2020 гъэм, дуней псом и туризм IэнатIэр локдауным и зэранкIэ и пIэм щитам, ебгъапщэмэ, хэхъуэр процент 80-м щIегъу.
Дэ къыдгуроIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ туризм IэнатIэр экономикэр япэкIэ зыгъэкIуатэ къарууэ, ди зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэхэр республикэр къэралым къызэрыщацIыхуу зэрыщытыр.
Апхуэдэу щытми, къыхэзгъэщыну сыхуейщ, бгы лыжэ къежэхыпIэхэм гулъытэшхуэ яхуэтщIми, дэ адрей IэнатIэхэм абы нэхърэ нэхъ дызэрегугъур - мэкъумэшхэкIхэр къэлэжьыным, санаторэ-курорт комплексыр зэтегъэувэжыным.
Нэхъыщхьэращи, дэ догугъу Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
|
|
30.04.2025 - 13:57 Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. |
|
|
30.04.2025 - 09:29 «Акрополь» хьэщIэщым щызэхуащIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|