|
«Шапсугия» газетыр илъэс 30 ирокъу
8 июня, 2021 - 06:53
Хы Iуфэ Шапсыгъым, ПсыфIыпэ къалэм, иджыблагъэ щызэхэтащ «Шапсугия» лъэпкъ газетыр къыдэкIыу зэрыхуежьэрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуа пшыхьыр.
Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Сочэ къалэ зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор, ПсыфIыпэ щIыналъэм унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Бурлев Олег, Адыгэ Республикэм и Парламентым – Хасэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и Iэтащхьэ Щхьэлахъуэ Аскэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент Щоджэн Iэминат, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель Табыщ Мурат, АР-м щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъШР-м щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, щIэныгъэ, щэнхабзэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, шапсыгъ къуажэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
«Шапсыгъ щIыналъэм и напщIэм телъ, зэIэпахыу щIаджыкI ди лъэпкъ газетыр къыдэкIын щыхуежьар ди махуэгъэпсым плъыжьу къыхэгъэщащ - 1991 гъэм накъыгъэм и 18-р куэдым гукъинэж ящыхъуащ, ящымыгъупщэуи ягъэлъапIэ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. - Хы Iуфэм зэрыIыгъыу дыщыпсэуми, дызэрызэлъэIэсыр мащIэт. Газетыр къызэрыунэхурэ жылэ IуэхукIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ дызэрыщIэ хъуащ. Сыт хуэдиз гугъуехь газетыр Iууэми, абы и къыдэкIыныр зэрызэпымыуным, гъэнэхуа пIалъэм тету дунейм къызэрытехьэным дыхущIокъу. ИпэкIэ къэмыхъуауэ, шапсыгъхэмкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу ди щIыналъэм къыщыхъу хъугъэщIагъэхэм я мызакъуэу, «Шапсугия» газетым ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ топсэлъыхь, ди тхыдэр щIэрыщIэу къызэрегъэдзэкIыж, блэкIар ди щIэблэм къазэрыгурыIуэн бзэкIэ я пащхьэ ирелъхьэ. Газетым зэпищIэр, зэпэблагъэ ищIыр шапсыгъ щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ дыхешэ адыгэ дунеишхуэми – абы и фIыгъэкIэ ди хъыбарыр Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми, хамэщI щыпсэу адыгэхэми я деж нос. Дауи, газетыр дунейм къытехьэн щхьэкIэ, лэжьыгъэшхуэ зэфIэпхын хуейщ. «ДиIэщ», «къыдокI» жытIэныр дэркIэ тынш щхьэкIэ, абы и зэгъэпэщыным акъылрэ гупсысэу ихьыр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. НобэкIэ «Шапсугия» газетыр мазэм зэ напэкIуэцIий хъууэ, и бжыгъэр миниплIым нызэрыхьэсу къыдокI. А лэжьыгъэ абрагъуэр зи пщэ дэкIыр редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзорщ. Лъэпкъыгу зиIэ, хэкупсэу щыт щIалэм и фIыщIэр шапсыгъхэр къыщыгъэнауэ, зэрыадыгэ дунейуэ щыинщ. Газетым дызэрыхуэгуфIэм хуэдэу, Анзори дыщогуфIыкI, и къарур мыкIуэщIу нэгъэсауэ лъэпкъпсо мыхьэнэ зыгъуэта «Шапсугия» газетым дэфIэрафIэу щыIэну дохъуэхъу».
Сочэ къалэ зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор псалъэ щратым къыхигъэщащ «Шапсугия» газетыр и цIэкIи, и щхьэкIи къалэшхуэм къыщыдэкI адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр. «Япэрауэ, – жиIащ Филоновым, – лъэпкъ гъащIэр апхуэдизу лъэныкъуэ зэхуэмыдэкIэ къэзыгъэлъагъуэ, къуажэ къэс щекIуэкIым шэщIауэ тепсэлъыхь къыдэкIыгъэ щыIэкъым. ЕтIуанэрауэ, газетым и мыхьэнэри жысIам поджэ - бзэр, щэнхабзэр, лъэпкъ щIэжыр хъумэным хуэунэтIащ, арыххэуи лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса мэхъу. И гуащIэр илъу, и зэфIэкIыр хэхъуэу мыпхуэдиз цIыхур зыщыгуфIыкI газетыр щыIэну сохъуахъуэ».
ПсыфIыпэ щIыналъэм унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Бурлев Олег ипэкIэ къэпсэлъахэм арэзы дэхъуащ икIи къыхигъэщащ къекIуэлIахэм я мызакъуэу, щIыпIэм щыпсэу дэтхэнэми афэрымыбжьэр зэрахуэфащэр. «Нобэрей дунейм, интернетыр цIыкIуи ини щалъэIэса мы лъэхъэнэм, - жиIащ абы, - тхылъымпIэ газет къыпIэрыхьэныр, абы уеIусэныр, и мэр къыпщIихьэныр, лъапIэныгъэ ептыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу къысщохъу. КъэкIуэну зэманхэм дыхуэлажьэми, ди блэкIам дрипх хуэдэу къысщохъу - зихуэдэ щымыIэ, кIуэд мыхъун гуэрым дрикъэрэгъулу къысфIощI. «Шапсугия» газетыр къысIэрыхьэху сэ сызэгупсысыр аращ. ЖысIам щхьэкIи ар сэркIэ лъапIэщ, мы дуней зэхэзэрыхьам хэкIуэдэжыну хуэмейхэм ягъэлъагъуэ щапхъэмкIи лъапIэщ. Зи гуащIэрэ зи гукъыдэжрэ абы и къыдэкIыным хэзылъхьэ Ныбэ Анзор си гуапэу сохъуэхъу апхуэдэ гузэхэщIэ си закъуэ мыхъуу дэтхэнэ зы цIыхуми зэраритым папщIэ».
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент Щоджэн Iэминат къыщыпсалъэм газетым и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу зэрыиныр, и пщIэр зэрылъагэр къыхигъэщащ. «Газетым пэплъэр Шапсыгъым щыпсэухэм я закъуэу къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ абы и къыдэкIыгъуэхэр адыгэхэр щыпсэу щIыналъэхэм къытлъоIэсри, ди гуапэу щIыдоджыкI, къыкIэлъыкIуэным дыпэплъэу тхыгъэ хьэлэмэтхэр къытохуэ. Газетыр гъэщIэгъуэн зыщIыр ар уней мылъкукIэ зэпымыууэ къызэрыдэкIым и закъуэкъым, мыр лIыгъэшхуэу къэлъытэн хуейми, атIэ абы и напэкIуэцIхэм къытехуэ тхыгъэхэр зэрытха бзэ шэрыуэм шхэпсым хуэдэу узэкIэрашхэу зэрыщытырщ. Сыт хуэдиз щIэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ уиIэн хуей, фIыуэ плъагъу, зыхуэбгъадэ щымыIэ лъэпкъым и тхыдэмрэ махуэ къэс и нэгу щIэкI хъугъэщIагъэхэмрэ къыщыпIуэтэжкIэ, уи ягъэ нэгъуэщI лъэпкъхэм иумыгъэкIыу, уи гурыгъузрэ уи гугъэрэ зыхебгъащIэу утхэн щхьэкIэ?! Анзор и лъэкIыныгъэр щапхъэ зытепх хъунщ, и лэжьэкIэри нэгъэсауэ щысэтехыпIэщ. узыншэу уи IэнатIэр илъэс куэдкIэ епхьэкIыну дынохъуэхъу ДАХ-ми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми къабгъэдэкIыу», – жиIащ ДАХ-м и вице-президентым.
ЗэIущIэ дахэр нэгузыужьу екIуэкIащ, уэрэдрэ лъэпкъ пшыналъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ.
«Шапсугия» лъэпкъ газетым и тхыдэм, абы иращIэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм я зым фыкъыщеджэ хъунущ.
|
|
30.04.2025 - 13:57 Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. |
|
|
30.04.2025 - 09:29 «Акрополь» хьэщIэщым щызэхуащIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 12:25 «Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр. |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ |
|
|
29.04.2025 - 09:03 Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл |
|