Къэралищэм щIигъум щагъэлъапIэ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхуэсым, 1972 гъэм мэ­къуауэгъуэм и 5-м Швецием и къалащхьэ Стокгольм щызэхэтам, щытепсэлъыхьащ дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэу арэзы дызытехъуэнкIэ Iэмал зимыIэхэм. ЩIыуэпсым и щытыкIэм кIэлъыплъыным хуэгъэза япэ программэр (ЮНЕП), къэрал куэдыр иужькIэ арэзы зытехъуар, щызэхагъэувари абы щыгъуэщ.
Абдежым къыщегъэжьауэ, мэ­къуауэгъуэм и 5-р Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и махуэу ООН-м хыхьэ къэрал псоми къыщалъытащ. Зы гъэ къэмынэу, ар щагъэлъапIэ къэрали 100-м щIигъум.
ЩIыуэпсыр хъумэным, и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа Iуэху­гъуэхэр къыщызэрагъэпэщ а пIалъэм Урысей Федерацэм, 2007 гъэм къы­щыщIэдзауэ, «Экологым и махуэ» ­хужаIэ.
Мэкъуауэгъуэм и 5-м, хабзэ зэры­хъуауэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэза лэжьыгъэхэр дэнэ лъэныкъуэкIи щрагъэкIуэкI: къалэ уэрамхэм лъакъуэ­рыгъажэм дихьэххэр щызэхуашэс, зыгъэпсэхупIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэм щыгъуазэ уахуэзыщI гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэIуах, курыт школхэм концертхэр, зэпеуэхэр къыщызэрагъэпэщ, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм еджакIуэхэр трагъэтхыхь, ныбжьыщIэхэм жыгыщIэхэр храгъасэ, пхъэнкIийхэр зыщIрагъа­къуэ.
Экологым и махуэр псом япэу зыгъэлъапIэр цIыхубэр арами, къэрал куэдым я политикхэми абы гулъытэ хэIэтыкIа хуащI, дыкъэзыухъуреихь дунейм дыхуэсакъын зэрыхуейм жылагъуэр къыхураджэу, хузэщIагъэуIуэу…
ГъэщIэгъуэнщ
•Амазонкэм псыIагъэр щебэкI и мэзхэм ди планетэм и атмосферэм хыхьэ кислородым и Iыхьэ тхуанэм щIигъур къат.
•Швецием и Правительствэм зэхигъэува программэм лэжьэн зэры­щI­рагъадзэрэ, а хэкум, зы илъэс къэмынэу, кIэрыхубжьэрыхуу тонн ­80-м нэблагъэ ирашалIэ. А щIыналъэм нэгъуэщI къэралхэм апхуэдэ «тыгъэ» къащIыIрихым щхьэусыгъуэ иIэщ: пхъэнкIий-кIэрыхубжьэрыхухэр щагъэсыжкIэ электрокъару къызэрыхагъэкIыф технологие къызэрыщагупсысарщ.
•США-м щыпсэухэм «къащыдэхуэ» пхъэнкIийхэм я зы процентыр сабий цIынэхэм кIэлъызэрахьэ подгузникхэращ. Нэхъ шынагъуэжыр аращи, ахэр щIым щыхэсеежыр илъэс 250-рэ дэкIа иужькIэщ.
•Хы Хуэм зи фIэщыгъэ псы итыпIэ абрагъуэм ищхъэрэкIэ гъэза и Iыхьэм, псори зэхэту, километр зэбгъузэнатIэу мелуан 1,5-м нэблагъэм, щоу­фафэ-щоуфэразэ Азиемрэ Америкэмрэ я къэралхэм пластикым къыхэщIыкIа я кIэрыхубжьэрыхуу тонни 100 хуэдиз.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

14.01.2026 - 11:08

Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

14.01.2026 - 11:07

ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэ

14.01.2026 - 11:06

Зы мурадым, зы пщэрылъым зэпещIэ

Къафэ екIу, уэрэд гуа­кIуэ, Iэгуауэ, цIыху нэ­фIэгуфIэхэр.