Урысейм и Президент Путин Владимир къыщыпсэлъащ Петербург щекIуэкI дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ къыщыпсэ­лъащ Петербург щекIуэкI ХХIV дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Къэралым и Президентым къиIэтащ ­дунейпсо, къэрал политикэхэм ятеухуа Iуэхушхуэ зыбжанэ - экономикэм, ухуэныгъэ IэнатIэм, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным къыщыщIэ­дзауэ щIыуэпсым ехьэлIа къэхутэныгъэу мыхьэнэшхуэ зиIэхэмрэ лъэпкъ паркхэм, мэзкъуэдыхэм зегъэубгъунымрэ нэсу.
Петербург щекIуэкI ХХIV дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм хэтхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъус ярихри, Путин Владимир къыхигъэщащ коронавирусым дунейм зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу IэмалыншагъэкIэ икIи пIалъэ кIыхькIэ мып­хуэдэ зэIущIэхэр зэпагъэун хуей хъуауэ зэрыщытар икIи дунейпсо зэIущIэшхуэр япэу Урысейм зэрыщрагъэкIуэкIым, бизнес зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зэхуэзэу зэпсэлъэну Iэмал зэраIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэфIхэр къы­щохъу экономикэшхуэми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм лъандэрэ къэмыхъуа бжыгъэхэм нэсу ВВП-м и хэхъуэр дэкIуеину къалъытэ: экспертхэм жаIэ абы процентихкIэ хэхъуэну. Апхуэдэу щытми, дунейпсо экономикэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщы­зэтеу­вэжыр зэтехуэркъым, къэралым и УнафэщIыр зэреплъымкIэ, абы узы­пэ­мыплъа зэхуэмыхъуныгъэ куэд къыдэкIуэнущ, политикэ, экономикэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ.
Щапхъэ нэрылъагъу мыбдежым щохъу пандемием пэщIэтыныр. Президентым къыхигъэщхьэхукIащ дунейм и къэрал псоми вакцинэр ирикъуу яIэрыхьэным, ар зэгъэхъулIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Путин Владимир Урысейм щыпсэухэр аргуэру зэ къыхуриджар коронавирус узы­фэ зэрыцIалэм зэрызыщыпхъумэ хъу мастэр зыхрагъэлъхьэну. Мыбдежым абы щхьэхуэу къыхигъэщащ урысей вакцинэр халъхьа нэужь абы зыгуэр илIыкIауэ зэрамытхар.
Къэрал кIуэцI политикэм ехьэлIа Iуэху­хэм я гугъу щищIым, Урысейм и Унафэ­щIым фIыщIэ яхуищIащ эпидемием и лъэхъэнэ гугъум зи IуэхущIапIэхэр къызэтезымыгъэувыIэу инфраструктурэм, щIыналъэхэм зегъэужьыным, технологиещIэхэр зэхэлъхьэнымрэ лэжьакIуэхэр Iэ­щIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэгъэхьэ­зырынымрэ егугъуахэм, щхьэусыгъуэ къамылъыхъуэу лэжьахэм, хьэрычэт IэнатIэм щыщхэмрэ инвесторыщIэхэмрэ къыдэхьэхыным, Iуэху ядэщIэным яужь итахэм.
«Дэ адэкIи щIыналъэхэм защIэдгъэ­къуэнущ хьэрычэт лэжьыгъэр дагъэкIынымкIэ», - жиIащ Путин Владимир. Абы зыхуэфащэ къулыкъущIапIэхэм къалэн ящищIащ хьэрычэт IэнатIэм, цIыху щхьэхуэхэм я мылъку зэхэлъхэр зэIухауэ, тыншу щызэдагъэлэжьэфыну щытыкIэ­хэр Урысейм и дэтхэнэ щIыналъэми 2024 гъэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщыну, проектыщIэхэр абыхэм щрагъэжьэн папщIэ щытыкIэхэр къыхузэрагъэпэщыну.
«Дэтхэнэ щIыналъэми къигъэлъэгъуэн хуейщ и зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, абы щыгъуазэу щытыпхъэщ бизнесыр, щIыналъэхэм къалэухуэ, инфраструктурэ я лъэныкъуэкIэ, инженернэ сетхэр, гъуэгухэр, коммуникацэхэр укъуэдииным щамурадхэми хуэдэ ды­дэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, бизнесым дежкIэ нэхъ тынш хъунущ IуэхущIапIэщIэ е нэ­гъуэщI ухуэныгъэщIэ щищIыну щIыпIэр къихихыныр», - жиIащ Президентым.
Абы къыдэкIуэу къэралым и УнафэщIым къыхигъэщащ зызымыужьыфыну, эко­номикэ зэхъуэкIыныгъэхэр щемыкIуэкI щIыналъэхэм яхэтын зэрыхуэмейр: «Федерацэм и дэтхэнэ щIыналъэми иIэщ инвестицэ, экономикэ хэкIыпIэхэр. Ахэр ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, урысей унагъуэхэм я зэIузэпэщагъым къахуэдгъэсэбэпын хуейуэ аркъудейщ».
Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ IэмалыщIэхэм ящыщу увып­хъэщ инфраструктурэ щIыхуэ ты­кIэщIэхэр, абы и фIыгъэкIэ щIыналъэхэм щхьэщатыкIыр мащIэу пIалъэ кIыхькIэ ахъшэ къыIахыу Iуэхум халъхьэ хъунущ. Нэхъыщхьэу апхуэдэ ахъшэр зыхэлъхьэн хуейр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным епха IэнатIэхэрщ, къалэхэр, нэгъуэщI жы­лэхэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ.
Урысейм и Президентым и къэпсэлъэ­ныгъэм апхуэдэуи къыщытеувыIащ хьэ­рычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ защIэгъэкъуэным и Iуэхуми, компание инхэмрэ къэралыр зыхуэныкъуэхэр къе­шэлIэным зи лэжьыгъэр теухуахэмрэ къащэхухэм я процент 25-р хьэрычэт IэнатIэ мыиным къыщIигъэкIахэм щыщу щытынри фIэтэмэму къыхилъхьащ.
КъимыдэкIэ, дызэрыт илъэсым хьэ­рычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ дэIы­гъыным теухуа щIыхуэ тыкIэщIэ яублэну я мурадщ - ятелъ щIыхуэхэмкIэ шэсыпIэ ихьэкIэщIэ къыхалъхьэ. Зи гугъу ящIыр хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ ку­рытымрэ я корпорацэр зыдэлажьэ банкхэм щIыхуэ къыщраткIэ абыхэм шэсыпIэ яхуиувэу щIынырщ. Абы къикIыращи, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэр зыгуэркIэ хи­лъафэ хъужыкъуэмэ, корпорацэр абыкIэ щIэгъэкъуэн хъунущ, апхуэдэ щIыкIэкIи IэнатIэ зыгъэлажьэр щIыхуэ къэщтэным нэхъ тегушхуэнущ. Абы хьэрычэтыщIэхэм Iэмал яритынущ я IуэхущIапIэхэм зрагъэужьыным халъхьэну мылъку къыдахынымкIэ - 2024 гъэм ирихьэлIэу ар сом мелард 600 нэхърэ мынэхъ мащIэу щытынущ.
Къэралым и УнафэщIыр щхьэхуэу къытеувыIащ мэзхэм, мэзкъуэдыхэм, лъэпкъ паркхэм къахэгъэхъуэн зэры­хуейм, ахэр фейдэ нэхъыбэ къату къызэ­рыгъэсэбэпыпхъэм. Абы къыхигъэщащ Урысейм и щIыуэпсым кърит ефIэкIыныгъэхэр къигъэсэбэпу, щIым щIэлъ хъу­гъуэфIыгъуэхэмкIэ дунейм щIыпIэ хэха зэрыщиубыдыфынур. Абы папщIэ мэзхэмрэ щIыхэмрэ къызэрагъэсэбэп щIы­кIэм гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын хуейщ.
Мыбдежым, Путиным зэрыжиIамкIэ, Урысейм лъэныкъуищкIэ фейдэ зыIэригъэхьэфынущ. Япэрауэ, мэзхэмрэ щIыгулъхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным мылъку хилъхьэкIэрэ къэралым и цIыхухэм я щIы­уэпс зэIузэпэщыгъэр иригъэ­фIэ­кIуэфынущ. «ЕтIуанэрауэ, дэ лэжьапIэхэр къыщызэIутхыфынущ парниковэ газхэм елэжьыным теухуа, технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэпыну IэнатIэщIэм. Еща­нэрауэ, ди продукцэр нэгъуэщI къэралхэм щащIахэм япеуэфу тхузэтеухуэнущ», - жиIащ Президентым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 14:34

Сотрудники Росгвардии и МЧС провели совместные пожарно-тактические занятия в Кабардино-Балкарии

На базе Управления вневедомственной охраны Росгвардии по Кабардино-Балкарской Республике прошли занятия по пожарной безопасности. 

30.01.2022 - 09:30

На Эльбрусе восстановят гостиницу «Приют Одиннадцати»

Глава КБР Казбек Коков и заместитель министра экономического развития России Сергей Назаров в дистанционном режиме провели первое заседание межведомственной рабочей группы по развитию всесезонного

09.07.2021 - 09:48

Здоровым быть модно

В санатории «Кавказ» сотрудники республиканской юношеской библиотеки им. К. Мечиева провели информационную встречу «Наш выбор – мир без наркотиков».

31.05.2021 - 09:36

Несколько услуг в «одном окне»

У жителей Кабардино-Балкарии появилась возможность получить услуги Управления ФНС России по КБР, Росимущества по КБР, Росреестра по КБР, уполномоченного по защите прав предпринимателей по КБР и АО

30.04.2021 - 10:08

Вырастет количество бюджетных мест по программам высшего образования

В Кабардино-Балкарской Республике количество бюджетных мест по программам высшего образования в 2022/2023 учебном году увеличится на 13%.