Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэр и гъусэу щыIащ Прохладнэ къалэм дэт сабий унэ-интернатым.
Абыхэм зыщагъэгъуэзащ сабийхэм я псэукIэм. Интернатым хэтщ цIыкIухэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ къудамэ, щыжей, щыджэгу пэшхэр. IуэхущIапIэм и унафэщI Лаши-нэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, медицинэ Iуэхутхьэбзэ псори сабийхэм и чэзум хуащIэ.
Интернатым зыщаплъыхьа нэужь, хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ IуэхущIапIэм и пэшышхуэм. Егоровэ Татьянэ интернатым и гъэсэнхэм ехъуэхъуащ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэмкIэ.
- Мы махуэшхуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сабийм нэхъ лъапIэ мы дунейм теткъыми. Абыхэм я гугъэр къедгъэхъулIэн папщIэ, я гъащIэр насыпыфIэ хъун щхьэкIэ ди къару деблэж хъунукъым. Дэтхэнэми сынывохъуэхъу фи гъащIэм фыщыIущIэну дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъуну цIыху гуапэхэм. Насыпышхуэу къызолъытэ апхуэдэ цIыхухэм ноби фыкъызэраухъуреихьыр, - жиIащ Егоровэм, сабий унэм щылажьэхэм я фIыщIэр къыхигъэщу.
- Сабийхэм фи нэIэ ятевгъэтыным фи гъащIэр тевухуащ. Гулъытэрэ къалэнышхуэрэ щыгъэзэщIэн хуей IэнатIэм гу хуабагъи щыпхэмылъу хъунукъым. Ахэр псори фэ вбгъэдэлъщи, фи лэжьыгъэм щытхъу ин хуэфащэщ, - пищащ Егоровэ Татьянэ. - IуэхущIапIэр къызыхуэтыншэу зэрыщытыр нэрылъагъущ, нэхъыщхьэращи, сабийхэм Iэмал яIэщ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр мыбдеж щагъуэтыну. Псоми махуэшхуэмкIэ, гъэмахуэм и япэ махуэ дыгъэпсымкIэ сынывохъуэхъу.
Егъэджэныгъэмрэ цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ щиIэ ехъулIэныгъэм папщIэ, Прохладнэм дэт сабий унэ-интернатым психолого-педагогикэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Зайцевэ Еленэ иратащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр.
Депутатхэм IуэхущIапIэм тыгъэ хуащIащ унэм къыщагъэсэбэпыну техникэ, сабийхэм - зэрыджэгуну хьэпшыпхэр, IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр.
Лашинэ Еленэ депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ зыкъызэрыщIагъэкъуам папщIэ.
- Фи Iуэху гуапэхэр щэрэ мину фхуэбэгъуэжыну, фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щывиIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ абы.
Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и Парламентым зэпымыууэ гулъытэ хэха зэрахуищIыр гугъуехь пэщIэхуа сабийхэм.
- Нобэрей махуэшхуэм жылагъуэр, къэралыр дыкъыхуреджэ сабийхэм дазэрыдэIэпыкъуным зэпымыууэ дыхущIэкъун зэрыхуейм. Псом хуэмыдэу сабийхэм я узыншагъэм и гугъу тщIымэ, мыбдеж гущIэгъу тхэмылъу хъунукъым. Дэтхэнэри, гува-щIэхами, зэупщIыж къыщIэкIынщ: «Сыт сэ абыхэм яхуэсщIэфынур?», «СыткIэ дэIэпыкъуэгъу сыхъуфыну?» - жиIэу. Дэ тщыщ дэтхэнэми сабийхэм лъагъуныгъэрэ гугъэрэ еттыфынущ. Псапэ зыпылъ Iуэху лэжьыныр ди гъащIэм и IыхьэфI зэрыхъуам ущогуфIыкI. Абы къикIращи, зэхэщIыкIрэ гущIэгъурэ дыщыщIэнукъым. ИкъукIэ сыхуейт сабий псори узыншэ, насыпыфIэ хъуну, - дыщIигъуащ Егоровэ Татьянэ.
Депутатхэр зэхуэсыгъуэ зыбжанэ хъуауэ доIэпыкъу сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмытыжхэм, гугъуехь пэщIэхуахэм. Апхуэдэщ: Сабий унэр, Балигъ ныбжьым нэмысахэм я «Нэмыс» республикэ центрыр, республикэм и школ-интернатыр (Нартан къуажэ), Приближнэ станицэм дэт школ-интернат №2-р, Сабий-ныбжьыщIэ спорт-адаптивнэ школыр. Мыбыхэм ящыщ дэтхэнэ IуэхущIапIэми депутатхэм езыхэм я ахъшэкIэ къащэ-хуа саугъэтхэр ирагъэшащ.