Хъалил Миланэ и «Гущэкъу уэрэдхэр»

Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ сурэтыщI Хъалил Миланэ «Гущэкъу уэрэдхэр» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
Пасэрей IэщIагъэр иджырей зэманым зэрекIуфынур, абы и увыпIэ гъащIэщIэм зэрыщиIэжыр Миланэ и лэжьыгъэ, гъэлъэгъуэныгъэ къэс хьэкъ тщещI. Цым, упщIэм къыхэщIыкIауэ ищI алэрыбгъухэр блынгъэдахэ къудейкъым, атIэ гупсысэ куу зыщIэлъ пасэрей Iэужьым и нобэрей ежьущ.
Иджы Миланэ ди пащхьэ кърилъхьар анагъэм, бын пIыным хуэгъэпсащ. Телъыджэщ абы Хъалилым щIилъхьэ гупсысэмрэ а къалэн мытыншым хилъа­гъуэ дахагъэмрэ я инагъыр. Псом хуэмыдэу сигу къинэжащ «Гущэ», «МафIэ», «Щэху», «КIэухыншэ», «Гущэкъу уэрэд», «ЦIыхубз» зыфIища лэжьыгъэхэр. Сурэт къэс гупсысэ куэд къыпкърокI. Псом хуэмыдэу дызэмысащ, ауэ щы­хъукIи гупсысэхуеджэщ, пэшыр зэрагъэунэхуа щIыкIэр, ныбжьхэм я «джэгукIэр». Абы­хэми я мыхьэнэ яIэжщ. УпщIэм къы­хэщIыкIа сурэтхэм иджыри зы фIагъ яхэлъщ - икъукIэ хуабагъэшхуэ къапкъ­рокI, псэ яхэлъым ярейуэ узыIэпашэу.
Миланэ IэщIагъэ куэдым хуэIэижьщ. Апхуэдэхэщ сурэт щIыныр, графикэр, анимацэр, дизайнымрэ полиграфиемрэ.
Нэхъ ипэкIэ абы и и цIэр фIыкIэ щигъэ­Iуат Кавказ Ищхъэрэм. ИлъэсиплI ипэкIэ ар яхэтащ Шемякин Михаил деж (Франджым) зыщызыгъэсахэм. «Жыг гуащэ» фIэщыгъэм щIэту ­Хъалилым утыку кърихьауэ щыта лэжьыгъэхэр цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн дыдэ ­хъуат.
Анагъэм теухуа сурэтхэм Миланэ 2018 гъэ лъандэрэ йолэжь. Пэшым фIэлъ су­рэтхэм плъыфэ псори щызэхэпщащ, гъащIэм хуэдэу ахэри щхъуэкIэплъыкIэщ. КъызэрымыкIуэу мыхьэнэ ин зиIэ, анэмрэ бынымрэ зэкIэрызышхэхэм ящыщ гу­щэкъу уэрэдхэм хуэдэу, мы сурэтхэми къалэн ин ягъэзащIэ. Абы бзылъхугъэм и ­фIагъ, дахагъ псори егъэнаIуэ, анэм и щIыхьыр еIэт. Ар зыщIэм игу къегъэкIыж, зымыщIэм къыгурыIуэнымкIэ хуощхьэпэ.
Хъалилым и блын сурэтхэр зэрызэ­­кIужым и мызакъуэу, абы и къэIуэтэкIэм, и гущIэм илъэс бжыгъэкIэ щигъэфIауэ упщIэм хилъхьа гупсысэхэм къару ­ящIэ­лъщи, еплъыну Iэмал зиIа псоми ар зэрызыхащIар шэч къызытумыхьэжынщ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.