ЗэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ ди Iуэхур зыхуэдэр

КъБР-м и Парламентым «Правитель­ствэм хухах ­сы­хьэтым» хыхьэу депу­- тат­хэр щытепсэлъыхьащ ­Къэ­­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм Интер­нетыр зэраIэрыхьэ щIы­­кIэм­рэ зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ ахэр къызэ­рызэра­гъэпэ­щымрэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ «Бжыгъэ экономикэ» лъэпкъ проектыр мыхьэнэшхуэ зиIэхэм зэращыщыр.
- ХъыбарегъащIэ IэмалыщIэхэм елъытащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыу­жьыныгъэр зыхуэдэ хъунур. Интернетыр хэмыту иджыпсту зыри зэфIэкIыркъым. ­Ар нэрылъагъу тщыхъуащ коронавирусым зыщиубгъуа зэманым, школакIуэхэри студентхэри унэм щеджэн, ди зэIущIэхэр ви­деоконференц IэмалхэмкIэ едгъэкIуэкIын хуей щы­хъуам. Ауэ нэгъабэ ди Iэмалхэри зэрынэхъыбэр дигъэлъагъужащ, псом хуэ­мыдэу бжыгъэ технологие­хэр нэхъ псынщIэу гъащIэм и лъэныкъуэ псоми хэдгъэхьэным ­теухуауэ, - жиIащ Егоровэм.
КъБР-м бжыгъэр зи лъа­бжьэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Ащхъуэт Ислъам къыщы­псалъэм, къыхигъэщащ «ХъыбарегъащIэ инфраструктурэ» федеральнэ проектым хыхьэ «УФ-м и бжыгъэ экономикэм теухуа лъэпкъ программэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, 2020 гъэм псынщIэу лажьэ сетым социальнэ мыхьэнэ зыгъэзащIэ IуэхущIапIэу 64-рэ зэрыпащIар. 2021 гъэм и кIэ пщIондэ иджыри апхуэдэ IуэхущIапIэ 71-рэ къызэрагъэпэщынущ псынщIэу ла­жьэ сетхэмкIэ. Абыхэм хеу­быдэ егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэр, фельдшер-акушер, мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэхэр. Къэрал зэгурыIуэныгъэ щхьэхуэм хыхьэу, фельдшер-акушер IуэхущIапIи 9 зэрыпащIэнуми мы зэманым йогупсыс, сыту жыпIэмэ телемедицинэр зэтеухуа хъумэ, ди ­лэжьакIуэхэм дохутыр нэхъ пажэхэм ечэнджэщыну Iэмал яIэнущи. Къищы­нэмыщIауэ, ФАП-хэм щы­лажьэхэм къагъэсэбэпыфынущ сымаджэхэм я электроннэ картэхэр (Узын­шагъэр хъумэнымкIэ зыуэ щыт хъыбарегъащIэ системэм къыщыхьауэ).
Къэпсэлъам къыхигъэщащ егъэджэныгъэр иджы­рей IэмалхэмкIэ къызэ­рагъэ­пэщмэ, а IэнатIэм ­нэхъри зэрызиужьынур. Ап­хуэдэ дыдэу щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэми я лэжьыгъэм цIыху нэхъыбэ щы­гъуазэ ящIыфынущ, щIэуп­щIэ нэхъ яIэнущ.
Ащхъуэтым дыщIигъуащ УФ-м Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм иращIылIа зэгу­рыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, федеральнэ бюджетым къы­хэкIыу республикэм и курыт школхэм ­локальнэ сеть зэтеу­хуэ­нымрэ Wi-Fi IэмалкIэ ахэр къызэрагъэпэщы­нымрэ теухуауэ 2023 гъэм субсидие къызэрыратынур.
Бжыгъэр здынэмыса щIы­пIэ щымыIэным тещIыхьа федеральнэ проектым хы­хьэу, цIыху 250-м къы­щы­щIэ­дзауэ 500-м нэс зыдэс къуажэ 20-м къыщызэрагъэпэщащ псоми зэгъусэу икIи пщIэншэу Интернетым зэрызыпащIэф Iэмалхэр. Мы зэманым иджыри к­ъуа­жэ 31-рэ ягъэбелджылащ (цIыхуи 100-м къыщыщIэ­дзауэ 500-м нэс дэсу).
Ащхъуэтым жиIащ мы гъэм Хеймащэ ­хъупIэм щыIэ «Бахъсэн районым и щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центр» щэнхабзэ IуэхущIапIэм Интернетыр зэрынагъэсар. Абы къыхигъэщащ щыты­кIэм арэзы укъызэ­рищIыр, псом хуэмыдэу ар «ХъыбарегъащIэ инфраструктурэ» проектым ипкъ иткIэ 2019 - 2020 гъэхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм къызэ­рыри­кIуар. КъищынэмыщIауэ, къэ­кIуэну зэманым министерствэмрэ связым и операторхэмрэ къалэнышхуэхэр зыхуагъэувыж щIыпIэ пхы­дзахэм, щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэм Интернетым епха Iуэху­тхьэбзэхэр щахуэщIэным теухуауэ.
Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым КъБР-м и Парламентым къы­щыщыпсэлъам къызэ­рыхигъэщар мы зэманым кибер щIэпхъаджагъэхэр нэхъыбэу ялэжь зэрыхъуар:
- ЦIыху къызэрыгуэкIхэми IуэхущIапIэхэми я зэран йокI абыхэм. Министерствэр абы и лъэныкъуэкIэ дэIэпы­къуэгъу дауэ хъурэ? - щIэупщIащ Егоровэр.
Ащхъуэт Ислъам жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр «Бжыгъэ диктант» Iуэхум зэрыхэтар, абы ипкъ иткIэ ди щIыналъэр Кавказ Ищхъэрэм къызэ­ры­щыхэжаныкIар, цIыхухэм ныкъусаныгъэншэу Интернетыр къазэрыхуэгъэсэбэ­пыр къызэригъэлъэгъуар.
«Бахъсэн районым и щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центр» щэнхабзэ IуэхущIапIэм и гугъу ищIу, КъБР-м и Парламентым Мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ ар хъумэ­нымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур щIэупщIащ Хеймащэ хъу­пIэм мы лэжьыгъэм щыщу къыщыпащэнум.
Министрым жиIащ ВетеринариемкIэ управленэм и штабым нэс сетым къызэ­рырагъэубыдар, абы адэкIи зэрызрагъэубгъунур.
«КПРФ»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Пащты Борис министерствэр къыхуриджащ гъуэгум мобильнэ связыр къыщезыгъэубыд станцхэм я бжыгъэр ирикъуу къызэрызэмыгъэпэщамрэ тэмэму зэрымылажьэмрэ цIыхухэр зэригъэтхьэусыхэм гулъытэ хуащIыну.
Депутатхэм жаIащ иджы­рей Iэмалхэр шынагъуэншэу къызэрагъэсэбэпыпхъэм теухуауэ цIыхухэм епсэлъэн, я хуитыныгъэхэр гурагъэIуэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм я Iуэху еплъыкIэ къыщагъэлъэгъуащ «Ростелеком» ПАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Ма­цIыхъу Феликс, «Мегафон» ПАО-м и Кавказ къудамэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ IэнатIэм и унафэщI НафIэдзокъуэ Азэмэт, «Вымпелком» ПАО-м Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Те­рёхин Роман сымэ.
ЗэIущIэм щыжаIар къэ­лъытауэ, депутатхэм ягъэ­белджылащ зытепсэлъыхьа Iуэхур зи нэIэм щIэтхэр нэхъыщхьэу зэлэжьыпхъэхэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.