НэхъыфIхэр ягъэбелджылы

Республикэм и къалащхьэ Налшык иджыблагъэ щекIуэкIащ «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» къэ­ралпсо зэпеуэм и щIыналъэ зэхьэзэхуэр. IыхьитIу зэщхьэщыхауэ къызэрагъэпэща зэпеуэм и зэхыхьэхэр щекIуэкIащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыха­гъахъуэ республикэ центрым, ­КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министерствэм, Налшык дэт курыт школ №33-м.
Ди щIыналъэм и егъэджакIуэ пашэхэу зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зыщIахэр япэщIыкIэ зэхьэзэхуащ зэпэщIэхауэ. Интернетым иIэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу, абыхэм зэхьэ­зэхуэм и къэпщытакIуэхэм къы­хуагъэхьащ ирагъэдж предметымкIэ къагъэсэбэп методикэр, лэжьыгъэм тегъэщIапIэ щащI иджырей егъэджэныгъэ технологиещIэхэр ­зэ­рыт дэфтэрхэр. КъыкIэлъыкIуэу егъэ­­джакIуэхэр зэIущIащ икIи дэтхэнэми утыку ирихьащ щылажьэ Iуэ­хущIапIэмрэ езым иригъэдж пред­­метымрэ ятеухуа эссехэр, сурэт зэмылIэужьыгъуэхэмрэ видео кIэщI­хэмрэ ящIыгъуу. А IыхьитIми нэхъыфIу къыщалъыта IэщIагъэлIхэм мы махуэхэм къалащхьэм и курыт школхэм ящыщ зым дерс зэIухахэр щатащ, классщIыб лэжьыгъэхэри щагъэлъэгъуащ. Мыгъэрей зэхьэ­зэ­хуэм щIэ гуэрхэри хагъэхьат. ИпэкIэ зэи щымыIа зэпеуэм ящыщт «Ми­нистрым зыхуэзгъэзэну сыхуейт мы упщIэмкIэ» фIэщыгъэ зиIэ унэтIы­ныгъэр. Абы хэтащ блэкIа зэпеуэ-хэм нэхъыфIу къыщалъыта егъэджакIуи 7.
Зи гугъу тщIа унэтIыныгъэ псоми хъарзынэу пэлъэщащ Iуэхум и кIэух Iыхьэм ирагъэблэгъа егъэджа­кIуэхэр. АтIэми фIым я фIыжхэр къы­­щыхагъэбелджылыкIым, апхуэдэхэм яхэхуащ егъэджакIуищ. «Илъэ­сым и егъэджакIуэ нэхъыфI-2021» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуащ Май къалэм дэт курыт школ №5-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Къущхьэ Каринэ. Зэ­хьэзэхуэ цIэрыIуэм и щIыналъэпсо Iыхьэм и лауреат хъуахэщ Прох­ладнэ къалэм дэт лицей №3-м му­зы­кэмкIэ и егъэджакIуэ Бабяк Дианэрэ Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №6-м информатикэр сабийхэм щезыгъэдж Мамий Залинэрэ.
- Мыпхуэдэ зэпеуэхэр хуабжьу сэ­бэпщ пхузэфIэкIым уеплъыжынымкIэ, адрейхэми ябгъэдэлъ Iэзагъхэм ­у­кIэ­лъыплъынымкIэ, - жеIэ Къущхьэ Ка­ри­нэ. - Къыхэзгъэщыну сыхуейт, къэт­­хьа балл бжыгъэхэмрэ увы­пIэм­рэ елъытауэ дызэщхьэщыкIми, ­мы зэпеуэм хагъэщIакIэ узэджэн зэры­хэ­мытыр, сыту жыпIэмэ абы зэры­зы­хуэдгъэхьэзыр, дызэрыхэт къудейм куэдым гу лъыдегъатэ, дыхуеущий. Ди нэгу щIэкIа Iуэху зехьэкIэ пэрытхэм ящыщу, ­къапщтэмэ, сэ лэжьыгъэм зыкъом дяпэкIэ къы­щыз­гъэсэбэпынущ. Апхуэдэу зэ­пеуэм хэта цIыху 13-р дызэрызэ­ры­цIыхуари куэд и ­уасэщ. Сигури си псэри зы­кIэрыпщIэу ныбжьэгъу схуэ­хъуахэм ящыщщ Бабяк Дианэ-рэ Мамий ­Залинэрэ, нэгъуэщI егъэ­джакIуэ­хэри.
Каринэ зэрыжиIэмкIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэр дерс зэIухахэм я за­къуэкъым, атIэ классщIыб лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ мардэхэми хьэлэмэт хэлъщ. А унэтIыныгъэм­кIи къулейуэ щытащ егъэджакIуэ па­шэхэм я мыгъэрей зэхьэзэхуэр. ЕгъэджакIуэ пэрытым фIыщIэ ин яхуещI апхуэдэ зэпеуэ купщIафIэ къызэзыгъэпэщахэми.
«Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» къэралпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа Къущхьэ Каринэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIэкIэ хэтынущ Тэн Iус Ростов ­къалэм щекIуэкIыну федеральнэ зэпеуэм. ЕгъэджакIуэ Iэзэм дохъуэхъу а утыкушхуэми ехъулIэ­-ныгъэ щиIэну.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.