Гупсысэ нэхухэр

КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм пшыхь гуапэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ иджыблагъэ УФ-м и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьа уса­кIуэ Нэгъуей Радимэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м и библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм.
Нэгъуей Радимэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдкIэ зэхыхьэр къызэIуаха нэужь, ­кърихьэлIахэр библиотекэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ хигъэгъуэзащ ар пасэу усэ тхыным зэрыдихьэхам, и япэ усэ цIыкIухэр, Iуэтэжхэр, теплъэгъуэ гъэ­щIэгъуэнхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и къэхъукъащIэхэм, япэ лъагъуныгъэм зэрытриу­-хуам, иджыри еджапIэм щIэсу тхэн щIи­дзами, и тхыгъэхэр гъэпщкIуауэ, и ныбжьэгъу дыдэхэр, Iыхьлыхэр мыхъумэ ­нэгъуэщIхэм дзыхь яхуимыщIурэ зэрихьэу къызэрекIуэкIам.
1980 гъэм Бахъсэн районым хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Нэгъуей Радимэ щеджащ Ставрополь щыгъыным и зэхэлъыкIэм щы­хуагъасэм. А IэщIагъэ дахэр зригъэгъуэт­ри Налшык и «Дом моды» IуэхущIапIэм технологыу щылэжьащ.
Къуажэ курыт еджапIэм щыщIэса зэманым Радимэ и егъэджакIуэу щытащ усакIуэ, тхакIуэ, уэрэдус, республикэм фIыуэ къыщацIыхуу щыта Джэдгъэф ­Хъусен. А цIыху щыпкъэрауэ жыпIэ хъунущ зи фIыгъэр Радимэ адыгэбзэр фIыуэ зэрилъэгъуар, усэ тхыным и псэр къызэ­рыхуэушар. Тхылъ щхьэхуэу къыдэкIыным ипэ къихуэу Нэгъуейм и усэхэр къытехуэурэ къекIуэкIащ ди республикэм и ­газетхэм, журналхэм, радиокIи телевиденэкIи къат.
ГъащIэр зэмыфэгъу Iэджэу зэрызэ­хэлъыр ди нэгу къыщIэзыгъэхьэ «Уэс Iэпэхъ» зыфIища и япэ тхылъыр Нэ­гъуейм къыщыдигъэкIар 2013 гъэрщ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Лъэмыж хъыринэр». Зи гугъу тщIы тхылъхэм пэублэ псалъэхэр хуатхащ республикэм и усакIуэ цIэры­Iуэхэм. «Япэ дыдэу сэ Радимэ и усэхэр сфIэгъэщIэгъуэн зыщIар зэрытхэ бзэрщ. Бахъсэн диалектыр щIэщыгъуэ сщызыщI литературэбзэ къабзэкIэ матхэ ар. Радимэ и усэхэм къыпхрощ дунейм и еплъыкIэ дахэр, цIыхур зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, гъащIэр икъукIэ фIыуэ зэрилъагъур», - дыкъыщоджэ абыхэм.
Гупсысэ куукIэ гъэнщIа Радимэ и усыгъэр къуэпсыбэщ, плъыфэбэщ. Ахэр нэхъыбэу хуэгъэзащ дунейм и къэхъукъащIэхэм, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым, щалъхуа хэкум, анэм, анэшхуэ гумащIэм, фIылъагъуныгъэ къабзэм, нэгъуэщI ­куэдми. Дунейм и хабзэхэм езыр зэ­реплъ нэмкIэ тхылъеджэри иригъэплъын, и гупсысэм фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэ­хъуэжын хузэфIокI абы. Радимэ и IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъ гупсысэкIэ псыхьащ. И хэкум, щалъхуа щIыналъэм теухуа усэхэр абы щыхьэт тохъуэ. Лъэпкъым ­хуиIэ фIылъагъуныгъэм епхащ и анэ­дэлъхубзэм Радимэ хуиIэ лъагъуныгъэри - адыгэбзэ-анэбзэр зыпищI щыIэкъым. Дунейм и теплъэм, гъэм и зэман зэблэхъугъуэхэм теухуа усэ гупышхуи иIэщ абы.
Нэгъуейм и усэхэм къеджащ адыгэбзэ къудамэм щеджэхэу КъуэщIысокъуэ ­Елдар, Ефэнды Регинэ, Щомахуэ Алёнэ, Хъуран Iэсият, Къылыш Камиллэ, Ерыджокъуэ Азидэ, Молэ Миланэ, Мэрем­къул Элеонорэ, Куэцэ Аринэ, Ахъумашэ Аидэ, Ашэбокъуэ Дианэ, Ирыгу Иринэ, Хьэмжу Марат сымэ.
Поэзием къызэрыхэщымкIэ, анэм и ­образыр пэжыгъэм, фIылъагъуныгъэ ­къабзэм и нагъыщэщ. Анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ укъызыгурыIуэ, къомыфыгъуэ-къомииж дунейм тету къыщIэкIынкъым, ауэ анэм зыкIи пебдзых хъунукъым анэшхуэри. Анэшхуэ куэщIым ирапIыкIа, анэшхуэ жьэгум пэрыса дэтхэнэми ар къыгуроIуэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ а фIыгъуэм хэна тхылъеджэхэм я деж анэшхуэм и IэфIагъыр нихьэсын хузэ­фIокI Радимэ.
Нэгъуейм и дэтхэнэ усэми гупсысэ нэху гуэрым укъыхуегъэуш, уи гурыщIэр къы­зэщIегъэлыдэри гупсысэм и дамэ къыптрегъакIэ. Гупсысэмрэ гурыщIэмрэ щызэ­хэшэпсыхьащ а усэхэм. Лъагъуныгъэ ­къабзэр, пэжыр и гъащIэ гъусэу, и щIэгъэкъуэну къыдокIуэкI Радимэ. И IэдакъэщIэкIхэм къыщиIэт темэхэр псори ­лъагъуныгъэм зэIыхьлы ещI.
Нэгъуей Радимэ унагъуэ дахи иIэщ: щIалитIрэ хъыджэбзрэ игъэсащ, гъуэгу захуэ тригъэуващ. Ар анэшхуэ гумащIэщ, зыпищI щымыIэ къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр къыщIохъуэ.
Пшыхьым зрагъэхьэлIащ Радимэ и ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ. Ап­хуэдэу къэпсэлъащ Абазэ ФатIимэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ Алъхъэс Светланэ, КъБР щIыхь зиIэ и артист, уэрэд­жыIакIуэ Зеущэ Iэуес, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ фондым и тхьэмадэ ЩоджэнцIыкIу Леонид, Марко ­Вовчок и цIэр зезыхьэ унэ-музейм и уна­фэщI Лэжьэрей Инессэ, УФ-м и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэкъуауэ Амир, ­КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ икIи дохутыр ПщыукI Латмир, психологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и доцент Кумыщ Риммэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, уни­верситетым адыгэбзэмрэ ли­тера­ту­рэм­кIэ кафедрэм и егъэджакIуэ Хьэщхъуэжь ­Заретэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, университет библиотекэм и лэжьакIуэ Борэн Мадинэ сымэ, нэгъуэщI­хэри. Дэтхэнэри абы ехъуэхъуащ илъэс куэдкIэ ди литературэм ехъулIэныгъэкIэ хуэлэжьэну, и усэбзэр жыжьэ Iуну. Пшы­хьыр зэхуащIыжащ Нэгъуей Радимэ и уэрэдыщIэкIэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.