Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. А псоми я лэжьыгъэр къызэщIэзыубыдэ дизайнер IэщIагъэрщ Хъуран Лиани илъэси 8 хъуауэ зыхэтыр. А Iуэхум зэрыдихьэхам, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтам, япэу къехъулIа лэжьыгъэм, нэгъуэщIхэми хъыджэбзыр къытхутепсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- Си IэщIагъэм и къежьапIэ хъуар изопх сысабийуэ вакъэхэр зэрагъэцIу крем къасщтэу ди унэм и кIэлындорым и блыныр фIыцIэу къезлэкIауэ зэрыщытам. Зы сурэт телъыджэ сщIам хуэдэу, си анэшхуэр абы еплъауэ щытащ, къызэшхыдэнуи къримыгъэкIуу. А зэманым щегъэжьауэ, сытемыпыIэу сурэтхэр сщIырт, хьэпIацIэщыгъэкIэ зыгуэрхэр зблэрт, уеблэмэ языныкъуэхэри сщэну схузэфIэкIырт. ГурыIуэгъуэт си къэкIуэнур гъуазджэм епхауэ зэрыщытынур. КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр къэзуха нэужь, студием сыщылэжьэну е нэхъ мыхъуми дизайнерым и дэIэпыкъуэгъуу IэнатIэ гуэр къэслъыхъуэну и ужь сихьащ. АрщхьэкIэ си гугъэр щхьэгъэпцIэж къудейт - зыщIыпIи сыкъащтакъым. Лэжьыгъэм си нэр къызэрыхуикIымрэ зэчий збгъэдэлъу езым къызэрысщыхъужымрэ мащIэу къыщIэкIащ. Ауэ седжэхукIэ Iуэхуншэуи сыщысатэкъым: си цIыхугъэхэм, си ныбжьэгъухэм проект нэхъ тынш цIыкIухэр яхуэсщIагъэххэт, зыгуэрхэри къызэхъулIат. Ауэ, пэжыр пэжщи, щIэупщIэ зиIэр Iуэхум хуэIэижь хъуа лэжьакIуэхэрт, щIэзыдзэ къудейм дежкIэ ар гугъусыгъут. Апхуэдэу щыхъуми, сыдзыхакъым. ХъыбарегъащIэхэр зратхэ Интернет напэкIуэцIхэм я зым и фIыгъэкIэ зыкъысхуагъазэри, япэ лэжьыгъэр къысIэрыхьащ. СхузэфIэкIыну? Зыкъысхуэзыгъэзахэр арэзы схуэщIыну пIэрэ? ЕджапIэм къыщIэсха щIэныгъэр схурикъуну? УпщIэ куэд си щхьэм щыкIэрахъуэрт. Бгым удэкIын щыщIэбдзэм къызэрыптехьэлъэм хуэдэщ лэжьыгъэм зыщеппщыт къудейр… тыншкъым, уогужьей. Ауэ абы уи къару нэхъыбэ епхьэлIэху, уи лэжьыгъэми нэхъ пэгъунэгъу ухуохъу, уи зэфIэкIми хохъуэ. Аращи щIэдзапIэм куэд елъытауэ къызолъытэ.
Ахъшэ къыпэкIуэу япэ дыдэу сызэлэжьар шхапIэм и дизайныр щIынрат. IуэхущIапIэр зейм жесIащ зызгъасэ къудейуэ зэрыщытым щхьэкIэ пщIэншэу макетыр хуэсщIыну сызэрыхуейр. Ар арэзы хъуат, ауэ си лэжьыгъэр игу щыдыхьэм и уасэри къызитыжащ. Иужьым нэхъ куууэ зыхэзгъэгъуэзэн щIэздзащ дизайн IэщIагъэр зэрызэтепщIыкIыж лIэужьыгъуэ псоми, абыхэм ятеухуа курс куэди седэIуэжащ. Гъэлъэгъуэныгъэхэм щIэх-щIэхыурэ зыщысплъыхьырт, Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм сыхэтт. КIуэ пэтми, Iуэхум сызэрызыщIишэм гу лъыстэрт, иджы ар си гъащIэ Iыхьэ хъупащ. Сэ езым си IуэхущIапIэ къызэзгъэпэщыжауэ иджыпсту цIыхухэм садолажьэ, IэщIагъэлIхэри сиIэщ.
- Лианэ, зэрысщIэмкIэ, ди республикэм къищынэмыщIа, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми ущолажьэ. Пэш гъэдэхэнымкIэ IэщIагъэлIхэр зэпэубыда?
- Илъэс зытIущ ипэ къапщтэмэ, пэш, унэ теплъэхэр гъэдэхэным ехьэлIауэ дизайнерхэр ди мащIат, апхуэдэхэм я лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ яIэртэкъым. ЦIыхухэм нэсу къагурыIуэртэкъым дизайнерым ищIэм и мыхьэнэр. Нобэ ди IэщIагъэм ирилажьэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэми нэхъ яфIэкъабылу ди Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэп. Дизайн лэжьыгъэхэр щызгъэзэщIащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс, Шэшэн республикэхэм.
- Сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэр я гум нэхъ дыхьэрэ ди цIыхухэм?
- Лэжьэн щыщIэздза япэ илъэсхэм цIыхухэр нэхъыбэу зыдихьэхыу щытар Барокко стилырщ - егъэлея цIуугъэнэхэмкIэ, хэIэтыкIа, лъапIафэ унэм къытезыгъауэ пкъыгъуэхэмкIэ я унэхэр ягъэдэхэну яфIэфIт. Куэд щIакъым, иужьрей илъэс зытIущырщ, абы къытекIыу классикэм нэхъ зыщыхуагъэзэжар. Иджы нэхъ къащтэ пэшыр лей щIэмыту нэхуу, хуиту щытмэ.
- Сыт хуэдэ лэжьыгъэ нэхъ къохъулIа? Сыт нэхъ удэзыхьэхыр?
- Дизайн Iуэхум сызэрыхэт илъэс бжыгъэм си ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэслъытэр ахъшэу къэзлэжьыфаракъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу къэслъытэр гъащIэм апхудэ IэщIагъэ - гъуазджэм епхауэ сылэжьэну - Iэмал къызэрызитарщ. Къыхэгъэщыпхъэщ дизайнерым и лэжьыгъэм иIэ щIэупщIэм илъэс къэс зэрыхэхъуэр, абы зыуегъэужь уи хьэлкIи Iуэху бгъэдыхьэкIэкIи. ЦIыхум садэлэжьэнырщ си дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэр. Псом хуэмыдэу творческэ цIыху гъэщIэгъуэнхэр зэзгъэцIыхуну, абыхэм садэлэжьэну сфIэфIщ. Сэ сыхущIокъу дэтхэнэ лэжьыгъэри ипэ итам къащхьэщызгъэкIыну, нэхъ удэзыхьэхын гуэр хэслъхьэну. Iуэхутхьэбзэр зыхуэсщIэмрэ сэрэ дыщызэгурыIуэм абы нэхърэ нэхъ лъапIэ си дежкIэ щыIэкъым. ЖысIэнкъым мы лэжьыгъэм гугъуехь пымылъу. Ауэ шхапIэ, хьэщIэщ, зыгъэпсэхупIэ, унэ, фэтэр - сыт хуэдэми сыщылэжьэну сфIэфIщ. Иужьрей зэманым и ужь сихьащ унэхэм къедзылIа щIапIэхэр, пщIантIэхэр гъэщIэрэщIэнми.
- Уэ щапхъэу къэплъытэ дизайнер щыIэ?
- Урысейм и дизайнер цIэрыIуэ куэдым я лэжьыгъэхэм сигу ирихьу зыхызогъэгъуазэ. Ауэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ сщIыр архитектор цIэрыIуэ, хьэрып дизайнер Хадид Захэ и творчествэрщ. ИкъукIэ цIыхубз телъыджэт, абы и лэжьыгъэхэр си дежкIэ узылъэмыIэс фIыгъуэхэм ящыщщ. Мы зэманым КъБР-м и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм сыхэтщи, дэтхэнэми зым адрейм и деж щIэ гуэр къыщещIэф, дызэдоIэпыкъу. Абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- Уи лэжьыгъэхэр къохъулIэнымкIэ дэрэжэгъуэ сытым къуитрэ?
- Творческэ IэщIагъэм деж «иджыпсту сытIысынщи, мурадыщIэ гуэрхэр къэзгупсысынщ», жыпIэу щыткъым, уеблэмэ апхуэдэу и ужь уихьэми, къохъулIэнукъым. Ауэ щIэ гуэрхэм зэпымыууэ улъыхъуэн хуейщ, нэхъ къызэрыгуэкIми зы телъыджэ гуэр хэплъэгъуэфу щытыпхъэщ.