ФIэхъус, балигъ гъащIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 11-нэ классыр къыщызыуха ныбжьыщIэ мини 4-м щIигъум я иужьрей уэзджынэр накъыгъэм и 22-м кърагъэ­уащ. А Iуэхур Iэтауэ зыгъэлъэпIахэм ящыщщ Налшык къалэм дэт курыт школ №33-р.
КъызэIуахагъащIэ курыт еджапIэм (2020 гъэм и фокIадэм) иужьрей уэзджынэр иджы япэу къыщызууауэ аращ. Абы къыщIигъэкIащ класси 3 - псори зэхэту щIалэгъуалэ 68-рэ щеджэу.
Iуэхум зыкърагъэхьэлIат КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Атмурзаевэ Земфирэ, нэгъуэщIхэми.
Школыр къэзыуххэр гъуэгу дахэ теувэну ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр:
- Нобэ иужьрей уэзджынэр къыфхуеуэнущ. Зы лъэныкъуэкIи ар узэрыгушхуэн Iуэхущ, дяпэкIэ балигъ гъащIэм фыхохьэри. НэгъуэщIу уегупсысмэ, а махуэм нэщхъеи уещI, илъэс 11-кIэ узыщIэса шко­лыр къэбгъэнэн хуейщи. Мы махуэш­хуэр дэтхэнэ еджакIуэми, абы и адэ-анэми, егъэджакIуэми я гум къонэ. Курыт еджапIэ №33-м дежкIэ нобэрей махуэр псом нэхърэ нэхъыщхьэщ - япэу ныбжьыщIэхэр щIегъэкI. Фи гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэну зы Iыхьэр нобэ къызэвнэкIыу жыпIэ хъунущ, ауэ школым щывгъэкIуа илъэсхэр щIэх-щIэхыурэ фи гуа­пэу фигу къэвгъэкIыжынущ. ИпэкIэ уп­лъэмэ, гъэунэхуныгъэ куэд къыфпэ­щылъщ, псом япэу жэуаплыныгъэ ин зыпылъыр экзаменхэрщ. Си фIэщ мэхъу абыхэм дэтхэнэри фыпхыкIыфыну. Иужьрей уэзджынэр иджыри нэгъуэщI зым и нэщэнэщ - ар фи къэкIуэнур щывубзыху пIалъэр къызэрысам и щыхьэту аращ. Сыт хуэдэ ар хъунуми зэлъытар фэращ. Нэхъыщхьэ дыдэр - фи гъуэгу, насып къэвгъуэтыжынырщ, фызыщIэхъуэпсхэр зэвгъэхъулIэнырщ. Зэи фымыдзыхэ, фыкъимыкIуэт. Сыны­вохъуэхъу лъагапIэхэм фылъэIэсыну, фи цIэ-унэцIэхэр щIэныгъэ щызэвгъэгъуэта курыт школым и тхыдэм къыхэнэну.
Егоровэ Татьянэ фIыщIэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ школакIуэхэм я егъэджакIуэхэми, я адэ-анэхэми.
- Балигъ гъащIэм фыхыхьэным зымащIэщ иIэжыр. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр къывэхъулIэну си гуапэщ, абы игъэбелджылынущ здэвунэтIыну гъуэгуанэр. Фи хъуэпсапIэхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ! - жиIащ Къуныжь МуIэед.
НыбжьыщIэхэм захуигъэзащ курыт школым и унафэщI Бланыхь Казбеки:
- Нобэ зэрыжаIащи, иужьрей уэзджы­нэр къыщеуэ махуэм сабиигъуэр къы­зывонэкIри, зэрыхабзэу, балигъ гъащIэм фыхыхьэу аращ. Сэри сынывохъуэхъу экзаменхэр къывэхъулIэну, адэ-анэхэр къызэрыфщыгугъ псомкIи арэзы фщIыну. Курыт школым фи къэу­хьым зы­щиужьауэ, ныбжьэгъу пэжхэр щызэвгъэгъуэтауэ къыщIэкIыну ди гуапэщ.
Махуэшхуэм утыкур ягъэбжьыфIащ школым и езанэ классым щIэтIысхьэну цIыкIухэм. ЕджапIэр къэзыуххэм гулъы­тэу ягъуэтамрэ щIэныгъэу къратамкIэ зэ­рыарэзыр къыхэщу, фIыщIэ хуа­щIащ егъэ­джакIуэхэми школ унафэщIми.
НыбжьыщIэхэм вальсыр ягъэзэщIа нэужь, иужьрей уэзджынэр игъэзууну хуа­гъэфэщащ 11-нэ классыр къэзыух Дидан Аслъэнрэ езанэ классым щIэтIыс­хьэну Нэхущ Салинэрэ.
ГуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр зэфIэкIа нэужь, хьэщIэхэм курыт школым зыщрагъэплъыхьащ, еджакIуэхэм зыщагъасэ пэшхэр, я шхапIэр, псыгуэныр зыхуэдэм зыщагъэгъуэзащ.

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.