Егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэхэр терроризмэм зэрыщахъумэр егъэфIэкIуэн

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Налшык къалэм щригъэ­кIуэкIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ егъэ­джэныгъэм и IуэхущIапIэхэр террориз­мэм зэрыщахъумэр егъэфIэкIуэным, щIалэгъуалэм залымыгъэ Iуэхухэр щалэжь къэмыгъэхъуным.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м ­къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъумэ органхэмрэ IэнатIэхэмрэ я унафэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, Террорым пэщIэтынымIэ лъэпкъ комитетыр, иджыблагъэ Тэтэрстаным щыIа гузэвэгъуэр къилъытауэ, терроризмэм и щIэпхъаджагъэхэр, абыхэм зи акъылыр зэтекIа, унагъуэхэм, ныбжьэгъу гупхэм яхэмызагъэ щIалэгъуа­лэр зыпыщIахэри яхэту, къэ­мыгъэхъуным йолэжь. КIуэкIуэ Казбек утыку кърилъхьащ егъэджэныгъэм и IуэхущIапIэхэм терроризмэм и шынагъуэ къатемыгъэхьэным хуэунэтIауэ Терро­рым пэ­щIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым иубзыхуа ведомствэ зэхуаку Iуэхухэр. Ап­хуэдэу зэIущIэм щыхэплъащ щIалэ­гъуалэм залымыгъэхэр щалэжь къэмыгъэхъуным, еджапIэхэм щыIэ психолог­хэр нэхъыбэ щIыным, еджапIэхэр зэ­рахъу­мэр егъэфIэкIуэным.
Докладхэр ящIащ УФ-м Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ и федеральнэ къу­лыкъущIапIэм и Упралвенэм и унафэщI Васильев Сергей, КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ минист­ру КъБР-м щыIэ Павлов Василий сымэ.
ЗэIущIэм къыщаIэтахэм япкъ иткIэ зыхуэфащэ унафэхэр къащтащ, егъэджэныгъэмкIэ министрым и пщэ иралъхьащ республикэм и еджапIэхэр терроризмэм и шынагъуэм щыхъумэнымкIэ зэфIагъэкIхэм езыр и щхьэкIэ кIэлъыплъыну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.