ЩIыналъэ щIалэгъуалэ проектхэр-урысейпсо утыкум

«Урысей щIалэгъуалэ» жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм щIа­лэгъуалэ проектхэмкIэ ды­зэрыт илъэсым и гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм къы­хилъхьэу иригъэкIуэ­кIа зэпеуэм щытекIуащ икIи «Спортыр, узыншагъэр хъу­мэ­нымрэ хьэл мыхъумы­щIэхэм зыщы-дзеинымрэ, ­туризмыр» унэ­тIыныгъэмкIэ и грантри къихьэхуащ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым. Институтым къыхилъхьа щIалэгъуалэ проектыр - «Бэнэ­кIэмкIэ кавказ ищхъэрэ студент джэгу­хэр» зи фIэ­щыгъэр - теу­хуат Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ­хэм къа­дэ­гъуэгу­рыкIуэ бэнэкIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэ­хьэзэхуэ жыпхъэм илъхьауэ къэгъэ­псэужа, ныбжьы­щIэ­хэм къы­зэдащтэжа зэрыхъунум. Грантыр сом 3800000-рэ ­мэхъу.
Илъэс зыбжанэ хъуащ «Урысей щIалэгъуалэм» мып­хуэдэ грант зэпеуэхэр зэры­ригъэкIуэкIрэ. Зэпеуэм хэтыну хуейуэ мы гъэм еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ къэхутакIуэ-проектыщI щхьэ­хуэхэмрэ къаб­гъэдэ­кIыу хъыбарегъащIэ 7771-рэ, еджапIэ нэхъыщхьэу - 198-м къатат, абы текIуэ­дэну бюджетри сом 9742346695-м къитIасэрт. Къата хъыбарегъащIэхэм къэпщы­такIуэхэр хэплъа нэужь, щхьэзакъуэ проектхэм ящыщу 7398-рэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм ­къабгъэдэкIа проектхэм ящыщу 142-р пхыкIащ. Грант зэ­хьэзэхуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ 85-м щыщ къэхутакIуэхэмрэ еджапIэ нэхъы­щ­хьэхэмрэ.
УнэтIыныгъэ зыбжанэу зэхэ­лъа щIалэгъуалэ проект зэ­ныкъуэкъум къыщыхэжаны­кIащ Къэбэрдей-­Балъкъэрыр. Къэп­щыта­кIуэ­­хэм къызэрыхагъэщамкIэ, щIалэгъуалэм я къэкIуэнум урипсалъэ хъуну­къым блэкIам хэлъ хъу­гъуэфIыгъуэхэр абы хэ­мылъ­мэ, ди япэ ита нэхъыжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэр абы хэдмыухуанэу щытмэ. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, институтым и проектыр гъэщIэ­гъуэнщ икIи щIэщыгъуэщ, сыту жыпIэмэ, зыхуэунэтIар лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр зэ­хьэ­зэх­уэ­кIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэмкIэ егъэфIэ­кIуэ­нырщ. «ЩIа­лэгъуалэм я гуращэр мамырыгъэр хъу­мэным, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэунэтIыныр ди гупсысэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, абы фэрыщIыгъи мыхъуни хэлъу къэплъытэ ­хъунукъым», - жиIащ и фIэщу «Урысей щIалэгъуалэм» и унафэщI Красноруцкий Па­-вел.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)