Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щып­сэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Илъэси 157-кIэ узэIэбэкIыжмэ иухащ Кавказ зауэр. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щынэхъ гуауэшхуэ дыдэхэм ящыщ зыуэ щытащ а лъэхъэнэр. А зэманым нэхъ ­лъэщу щыта къэралыгъуэхэр я геополитикэ сэбэп зыхэлъхэм щхьэкIэ щы­зэ­пэщIэувам кърикIуа гузэвэ­гъуэшхуэт ар икIи хэщIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр ­къи­хьауэ щытащ абы.
Накъыгъэ мазэм хиубыдэ мы махуэм дэ ди щхьэхэр яхудогъэщхъ зауэ гущIэ­гъуншэм хэкIуэдахэм, хамэ ­хэкухэр залымыгъэкIэ псэупIэ зыхуащIа адыгэхэм ягъэва бэлыхьхэр, гузэвэгъуэхэр зыхыдощIэ.
БлэкIам дыхуеплъэкIыжмэ, дэ фIыщIэ яхуэтщIу къы­хыдогъэщ а зэман хьэлъэм ди нэхъыжьхэм яхэлъа ­Iущыгъэр, Урысейм илъэс куэд хъуауэ зэрыкъуэтыр ­зыщамыгъэгъупщэу, абыхэм къагъэлъэгъуащ лъэп­къым и къэкIуэнумкIэ мы­хьэнэшхуэ иIэу ячауэ щыта лъэбакъуэм зэрыхуэпэжыр, адыгэхэм зыми емыщхь я щэнхабзэр, я бзэр, я зэхэтыкIэ дахэхэр яхъумэжыным и лъабжьэр ягъэтIылъащ. КъэкIуэну щIэблэхэм апхуэдэ щIыкIэкIи Iэмал иратащ къэралым ис лъэпкъхэм я ­унагъуэ зэкъуэтым хэту, заужьу, ефIакIуэу я адэжь щIыналъэм щыпсэуну. Шэч къытесхьэркъым лIэщIыгъуэхэр зи ныбжь а зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, нэхъапэхэми хуэдэу, ди Хэкум и къарумрэ и лъэщагъымрэ я лъабжьэ быдэу зэ­ры­щытынум, ды­щалъхуа Къэбэрдей­-Балъ­къэрым кIуэ пэтми нэхъри зэрызиужьынум и джэлэсу зэрыувынум.
Республикэм ис псори узыншагъэ быдэ яIэу, мамыру, фIыр къайхъулIэу, зэIузэпэщу псэуну си гуапэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.