ХэкулI нэс КIэрэф Мурадин

Къуажэ къэс иIэжщ езыр зэрыгушхуэ, куэдым щапхъэ яхуэхъу цIыхухэр. И щIэныгъэкIэ, цIыхугъэкIэ, IуэхущIафэкIэ КIэрэф Мурадин ямыцIыхуу Тэрч щIыналъэм цIыху куэд ущрихьэлIэнукъым. Ар псори зэлъэзыгъэIэсыф, зыхыхьэ гупыр зыгъэбжьыфIэ адыгэлI щэджащэщ.
КIэрэфыр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Астемырей къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 6-м къыщалъхуащ. И адэ-анэхэу Ахьмэтхъанрэ Гулыхурэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, адыгэ хабзэм тету псэуащ, къуажэдэсхэм пщIэ лей къыхуащIым и мызакъуэу, чэнджэщэгъуу яIэри ахэрат. Абы и щыхьэтщ я бынихым (щIалиплIрэ хъыджэбзитIрэ) ирата гъэсэныгъэр, IэщIагъэ зырыз зэрырагъэгъуэтар, унагъуэ щхьэхуэу зэрагъэтIысыжар. Дэтхэнэ зыри Iэдэбщ, цIыхум пщIэ хуэщIы­ныр сытым дежи япэ ирагъэщ, лэжьыгъэм зыщамыдзейуэ я ­къалэным гурэ псэкIэ бгъэдэтщ.
Мурадин школым щыщIэс зэманым щыщIэдзауэ зы­хэтым фIыкIэ къахэщырт. ФIы дыдэу зэреджэм къыхэкIыу ар «Артек» зыгъэпсэхуакIуэ ягъэкIуауэ щытащ. Абы жылагъуэ лэжьыгъэми жыджэру зрипщытырт, еджапIэр къиухыху комсомол организацэм и секретару щытащ, и жыджэрагъым къыпэкIуэу ВЛКСМ-м и обкомым и щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщат.
Школ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ щызригъэгъуэтри, къыщалъхуа къуажэм егъэджакIуэу игъэзэжащ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм сабийхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт, фIы дыдэу къалъагъурт. ЕджакIуэ цIыкIухэм я гур зыкIэрыпщIа егъэджакIуэм теу­хуауэ псалъэ гуапэхэр ятхырт: «Мурадин унафэщIым хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыфI дыдэхэр иIэщ - абы цIыхухэр лъэкIыныгъэрэ къулеягъкIэ зэхигъэжыркъым».
Егъэджэныгъэм Мурадин хуиIэ Iэзагъыр, сабийхэр къыдихьэхыфрэ къигъэдэIуэфу зэрыщытыр къалъытэри, ар гъэсэныгъэмкIэ еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу, абы къыдэкIуэуи, еджапIэм и парт организацэм и секретару лэжьэну къыхуагъэфэщащ. Езэш имыщIэу а IэнатIэр зэрырихьэкIым къыдэкIуэу Мурадин пщIэшхуэ яхуищIырт къыдэлажьэхэми, еджакIуэхэми, абыхэм я адэ-анэхэми. «ЦIыху гуапэщ, лэжьыгъэм псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтщ, дэтхэнэми сэбэп зэрыхуэхъуным хущIокъу», - мы псалъэхэр Мурадин куэдрэ хужаIэу зэхэпхынут.
Лэжьыгъэр гурэ псэкIэ езыхьэкI КIэрэф Мурадин Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей), Заводской, Астемырей къуажэ еджапIэхэм я унафэщIу лэжьащ.
Къыхуагъэфэща IэнатIэр ефIакIуэу зезыхьэ щIалэр щIыпIэ администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэу, абы дэщIыгъуу егъэджэныгъэмкIэ управленэм и унафэщIу лэжьащ. УнафэщIхэри, егъэджакIуэхэри, къызэрыгуэкI цIыхухэри къыхуэарэзыуэ и къалэныр ирихьэкIащ.
ИужькIэ Мурадин Тэрч муниципальнэ щIынальэм и администрацэм и Iэтащхьэм социальнэ политикэмкIэ и ­къуэдзэу илъэс пщыкIублкIэ лэжьащ. Социальнэ лэжьыгъэр, псоми зэрытщIэщи, нэхъ гугъущ. Ауэ мыбдежи КIэрэфым цIыхухэр арэзы хуэщIырт. Зыкъыхуэзыгъэзауэ зыри ­гулъытэншэу къигъанакъым, дэтхэнэми сэбэп зэрыхуэ­хъуным хущIэкъурт.
КъинэмыщIауэ, а цIыху щыпкъэр комиссэ куэдым я унафэщIу щытащ: щIалэгъуалэр армэм дэгъэкIыным, зи Iуэху хуэмыщIа унагъуэхэм ядэIэпыкъунымкIэ и гуащIэ ­хилъхьащ. Ар кIэлъыплъырт щIыналъэм и жылагъуэ IуэхущIапIэ куэдым: Хэку зауэшхуэм, Афган зауэм хэтахэм, Чернобыль щыIахэм, цIыху ныкъуэдыкъуэхэм я зэгухьэныгъэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и унафэкIэ Ростовскэ, Мартыновскэ щIыналъэм ягъэкIуа гупым и къызэгъэпэщакIуэу щытащ. Адыгэбзэ дахэ, хабзэ ин зыхэлъ КIэрэф Мурадин Сирием, Тыркум, Иорданием къикIа хьэщIэхэр къригъэблагъэурэ игъэхьэщIэну куэдрэ къыхуагъэфэщащ.
АдыгэлIыр зыгъэбжьыфIэ хьэл куэд бгъэдэлъщ Мурадин. «НэхъыжьыфI зиIэм, нэхъыщIэфIи иIэнущ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым.
2016 гъэм щыщIэдзауэ Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIщ, Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм я ветеранхэм я советым хэтщ, Тэрч щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщIщ, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ. ЦIыху гуапэщ, и унэр хьэщIэ кIуапIэщ, къэзыгъэпэж ныбжьэгъуфI куэд къыкъуэтщ.
Мурадинрэ и щхьэгъусэмрэ щIалитI зэдапIащ, тIуми IэщIагъэ нэхъыщхьэ яIэщ. Азэмэтрэ Аслъэнрэ гъэсэныгъэкIи, лэжьыгъэкIи щапхъэ зытрахым хуэдэщ. Мурадин пщIэ хуэзымыщI, и унагъуэр щапхъэу къэзымылъытэ ­къуажэми щIыналъэми щыбгъуэтэнукъым, ар сэбэп зыхуэхъуари зыхуэхъури куэд мэхъу.
Лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхубэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Апхуэдэуи Дунейпсо Арт-комитетым и дыщэ медалыр къратащ.
Зыпэрыт сыт хуэдэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэ, зезыгъэузэщI адыгэлI, хэкулI нэс КIэрэф Мурадин и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъумкIэ дохъуэхъу. И къарур мыкIуэ­щIу, узыншагъэр и бэу, и мурад дахэхэр къехъулIэу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым тхуэпсэуну ди гуапэщ.

КIэфо Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж