115-нэ шуудзэм и фэеплъу

Къэхъун курыт школ №2-м щекIуэкIащ «115-нэ къэбэрдей шуудзэм и лIыгъэ мыухыж» телелъэмыж видеоконференцыр. Абы хэтащ Ростов щIыналъэм щыщ Большая Мартыновкэ къуажэм дэт школымрэ Къэ­хъун школымрэ я егъэджакIуэхэмрэ еджа­кIуэ­хэм­рэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
Мартыновскэ районым и унафэщI Мартынов Николай конференцыр къызэIуихащ. Iуэхум хэтхэм фIэхъускIэ захуигъэза нэужь, абы жиIащ адэкIи Iуэху щхьэпэхэр зэдалэжьыну, я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшэну зэригуапэр. Телелъэмыж зэпыщIэныгъэр 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэмрэ абы и 316-нэ шу полкымрэ я фэеплъу щытащ. 1942 гъэм и гъэмахуэм ахэр Мартыновкэ щIы­налъэм щызэуащ.
Конференцым хэтащ полковник, Урысейм и ­ДОСААФ-м КъБР-м щиIэ къудамэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ МацIыхъу Хъусен, «Кавказ гъунапкъэ» лъыхъуа­кIуэ гупым и унафэщI Цыбин Виктор, а гупым хэт Артёмовэ Наталье, «Маяк 07» газетым и корреспондент Къызэрыс ­Борис, Къэхъун школ библиотекэм и лэжьакIуэ Пхъэшх Светланэ, Май къалэм щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ щыIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Хьэпэ Къазбэч, жылагъуэ лэжьакIуэ Уэрсей Владимир, Германием къулыкъу щызыщахэм я зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэм жэуап зыхь и секретарь Гулэжын Беслъэн.
Видеоконференцым щытепсэлъыхьащ шуудзэмрэ ­полкымрэ хэтахэм ехьэлIа лъыхъуакIуэ лэжьыгъэхэм зэ­рыпащэнум, лIыхъужьхэм я фэеплъхэр зэрызэфIа­гъэу­вэжынумрэ зэрахъумэнумрэ.

НафIэдз Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)