Адыгэ утыкум и вагъуэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым мэлыжьыхьым и ­30-м щагъэлъэпIащ УФ-мрэ ­КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, республикэм и цIыхубэ артисткэ, лъэпкъ театрым и зыу­жьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, абы и утыкур зыгъэбжьыфIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ Хьэжбарэ и пхъур илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ телевиденэм и лэжьакIуэ, уэрэ­д­жыIакIуэ Аттаев Азноррэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат зи юбилейр зыгъэлъапIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ гуапэу ехъуэхъуащ икIи кърихьэлIахэм къа­хуеджащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу тхыгъэм. Абы къыщыхьат артисткэм лъэпкъ театр гъуазджэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ хуищIа хэлъ­хьэныгъэфIхэмрэ зыхуэдэр. Ап­хуэдэу къыщыхигъэщхьэхукIащ КIунэ лэжьэн зэрыщIидзэрэ Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур имыхъуэжу нобэр къыздэсым зэригъэбжьыфIэр, лъэпкъ театрыр зэфIэзыгъэува япэ артистхэм я пщIэм хуэдэ къызэрилэжьар, республикэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэм увы­пIэфI зэрыщиубыдар икIи и цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ абы хуэфащэу зэрыхатхар.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ щэнхабзэр зэрыгушхуэ и цIыхухэм уащыщщ, зэфIэкI ин, хьэл-щэн дахэхэр къыбдалъагъу. Къыбдалъхуа Iэзагъэр нэхъри ебгъэфIакIуэурэ театр гъуазджэм къызэрымыкIуэ лъагапIэ щызы­Iэрыбгъэхьащ, театрыр фIыуэ зылъагъу щIэблэ куэдым я лъа­гъуныгъэмрэ пщIэмрэ къэб­лэжьащ. Роль гукъинэж пщIы бжыгъэхэр къохъулIащ. Театр ­гъуазджэм и зыужьыныгъэм хуэп­щIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ цIэ, дамыгъэ лъапIэхэр, КъБР-м и щIыхь тхылъыр, республикэм и къэрал саугъэтыр къыпхуагъэфэщащ. Ауэ а псом я дамыгъэ нэхъ лъапIэр – цIыхубэм я лъагъуныгъэрщ. Уи махуэм зыпхузогъазэ узыншагъэ быдэ, насып, ­ехъу­лIэныгъэ, творческэ зэфIэкI­хэр дяпэкIи уиIэну, - итщ тхыгъэм.
Хъуэхъу псалъэ гуапэхэр къыбгъэдэкIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьяни:
- Юбилейр IэмалыфIщ сыт щыгъуи тыншу щымыта уи гъуэ­гуанэр зыхуэдам уриплъэжынымкIэ, зэбгъэхъулIахэр къэплъы­тэнымкIэ. Ауэ, абыи емылъытауэ, уригушхуэ хъунущ уи лэжьыгъэм узэрыхуэпэжым, уи творчествэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр зэры­щызыIэрыбгъэхьам. Пхуэфащэу цIыхубэм я лъагъуныгъэмрэ пщIэм­рэ къэблэжьащ, зыми емыщхь джэгукIэ, утыку итыкIэ уиIэу, роль, жанр зэмылIэужьыгъуэхэр къызэхъулIэ, зэфIэкI зиIэ артисткэу зыкъэбгъэлъагъуэурэ. Сценэм ущиткIэ, уи лэжьыгъэхэм дихьэх театреплъхэм дыздэщыIэр щытщыгъупщэж къохъу, уджэгу къудей мыхъуу, апхуэдизкIэ пэжу уи ролхэр уогъэзащIэри. Театрым и актрисэ нэсым къыдалъхуа тыгъэщ ар. Техникэм фIыуэ зыщиужьа ди нобэрей зэманым дэтхэнэ зы фильмри, нэтынри узэ­рыхуейм хуэдэу зэбгъэ­хъулIэ­фынущ, ауэ театреплъыр къып­хуэгъэпцIэнукъым. Аращ цIыхубэр емышу ЖьакIэмыхъу КIунэ щыджэгу спектаклхэм зэ­пымыууэ щIэкIуэм и щхьэусы­гъуэр.
Егоровэм и псалъэм къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьыгъэ гъэщIэ­гъуэнхэр, художественнэ проект щхьэпэхэр зэрыщагъэзащIэр. Апхуэдэу щIигъужащ ЖьакIэ­мыхъу КIунэ республикэм и радиомрэ телевиденэмрэ мыхьэнэш­хуэ зиIэ лэжьыгъэхэр зэрыщи­щIар, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, къэралым и гъуазджэм ­хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэмрэ зыу­жьыныгъэмрэ папщIэ лъэпкъ театрым и гуащэм фIыщIэ, ­щытхъу ин зэрыхуэфащэр жри­Iащ икIи КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъыр иритащ, илъэс зыбжанэ хъуауэ и къару емыблэжу творческэ лэжьыгъэм зэры­пэрытым, республикэм и театр гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIам папщIэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ми­нистр­ Къумахуэ Мухьэдин пшы­хьым кърихьэлIахэм ядэгуэшащ и гукъэкIыжхэмкIэ:
- Илъэс зыбжанэкIэ узэIэ­бэ­кIыжмэ, КIунэрэ сэрэ зы утыку дыщыджэгуну къытхуихуащ, сэ сыурыс щIалэ цIыкIуу, ар си анэнэпIэсу. Спектаклыр апхуэдизкIэ кIыхьти, артистхэр иригъэзэшат, ауэ театреплъхэм ямыужэгъуу абы щIэупщIэрт, КIунэ зэрыщыджэгум папщIэ. АпхуэдизкIэ абы и ролыр фIыуэ къехъулIэрти, спектаклым димыхьэхауэ пэшым зыри щIэ­кIыжыртэкъым. Лэжьыгъэ нэу­жьым, зэрыгъар нэрылъагъуу, зы уэрэджыIакIуэ къыщIыхьэри къы­дэхъуэхъуащ. Пщэдджы­жьым аргуэру къэпсалъэри жиIащ: «Жэщ псом си напIэ зэтеслъхьакъым - нэпс щIэзгъэкIащ. Пщэдджыжьым сыкъыщы­тэ­джам дамэ сиIам сылъэтэнут, спектаклым си псэр апхуэдизкIэ игъэкъэбзати». Дауи, ар зи фIыгъэр КIунэт.
ЖьакIэмыхъу КIунэ артисткэ къудейкъым, атIэ икIи егъэджакIуэ Iэзэщ. Абы щIалэгъуалэр художественнэ псалъэмрэ актёр Iэзагъэмрэ хуегъасэ, пэжыгъэм, зым и псалъэм адрейр едэIуэну, зэхихыну къыхуриджэу. Телевиденэм и адыгэ, урыс къудамэхэм я диктор лэжьыгъэр мызэ-мытIэу къыхуагъэлъэгъуами, ар къы­зы­хуигъэщIауэ къилъытэр илъэс куэд хъуауэ зыхуэпэж артист IэщIагъэрщ, театр утыкурщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и министерствэ, ведомствэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм къикIахэр Жьа­кIэмыхъу КIунэ гукъинэжу ехъуэхъуащ, кърихьэлIахэм я Iэгуауэм щIэту. Апхуэдэхэщ КъБР-м лэ­жьыгъэмрэ социальнэ зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м щIы, мылъку зэх­у­щытыкIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Егоровэ Екатеринэ, ­КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемез, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Къущхьэ Еленэ, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Фырэ Майе, Шэшэн къэрал драмэ театрым и художественнэ пашэ Ахмадовэ Хавэ, Грознэ къалэм и Урыс къэрал драмэ театрым и Iэтащхьэ Осмаевэ Заретэ, КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслъан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ псапащIэ фондым и тхьэмадэ ЩоджэнцIыкIу Леонид, Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI Жангуразов Мэжит, ЖьакIэмыхъу лъэпкъым щыщ­хэр. КъищынэмыщIауэ, Аттаев Азноррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ къеджащ УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэсым и къэрал Думэм щыIэ «Урысей зэкъуэт» фракцэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Щхьэгуэш Адэлбий, Ставрополь крайм, Ингуш республикэм щэнхабзэмкIэ я министрхэу Лихачёвэ Татьянэрэ Дзейтов Тамерланрэ, Абхъаз республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Смыр Динарэ, Адыгэ, Дагъыстэн республикэхэм я театр лэжьакIуэхэм я унафэщIхэу Зыхьэ Зауррэ ­Айгумов Айгумрэ къагъэхьа ­хъуэхъу телеграммэхэм.
Пщыхьэщхьэ псор екIуэкIащ ­гуапагъэрэ хуабагъэрэ ебэкIыу. Юбилейм и программэм хыхьэу ЖьакIэмыхъу КIунэ и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм Iэмал яIащ ар щыджэгуа, театреплъхэм фIыуэ ялъэгъуа спектаклхэм щигъэзэщIа ролхэм ящыщ зыбжанэ ягу къагъэкIыжыну. Апхуэдэхэщ пшыхьым щагъэлъэгъуа «Анэм и гур», «Тыргъэтауэ», «Эдип», «Медея», «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», «Черкесская Жи­зель» спектаклхэм ящыщ пычы­гъуэхэр.
И щхьэгъусэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъаз республикэм и цIыхубэ артист, актёр, усакIуэ, режиссёр Мысостышхуэ Пщызэбий и гъусэу КIунэ илъэс 40-м нэблагъэкIэ утыкум щыджэгуащ икIи унагъуэ, творческэ зэхущы­ты­кIэхэм я щапхъэгъэлъагъуэу ­къе­кIуэкIащ. КIунэ ипхъу Маринэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэщ икIи КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистщ. И къуэ Аслъэнбэч Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артистщ. И пхъурылъху Айдэмыр Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым къа­фэмкIэ щиIэ къудамэм и студентщ. ФIыуэ илъагъу и анэшхуэм ар пшыхьым къафэкIэ щегуэпэ­кIащ.
Апхуэдэу артисткэм уэрэдрэ къа­­фэрэ тыгъэ хуащIащ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэ­жьа­кIуэхэм, артистхэм. Ахэр «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым хэтхэрщ, уэрэджыIакIуэхэу Батыр Мухьэдин, ЦокIыл Азэмэт, Текуев Амур, ДыщэкI Артур, Уэзрокъуэ Чэрим, Къул Ланэ, Гергокаевэ Хьэлимэт, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ сымэщ.
ГуIэфIтещIэжу КIунэ хъуэхъукIэ зыкъыхуагъэзащ жэщ-махуэ жимыIэу зы унагъуэшхуэм хуэдэу зы­хэт и лэжьэгъу гупымрэ я ре­жис­сёр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зи­Iэ и артист Шыбзыхъуэ Басиррэ.
Зэхыхьэр удж дахэкIэ зэхуащIыжа нэужь, ЖьакIэмыхъу КIунэ фIыщIэ яхуищIащ и махуэшхуэр къыдэзыгъэлъэпIа, дамэ къытезыгъэкIа хъуэхъу псалъэ гуапэ мыухыжхэр къызыбгъэдэкIа дэтхэнэми:
- Си щхьэр фхузогъэщхъ! Дэтхэ­нэ зы унагъуэри гуапагъэ, ехъу­лIэныгъэ, лъагъуныгъэ, гуфIэ­гъуэ,­ насып фыщымыщIэну! ГъащIэм гукъеуэ фыщимыIэну, узын­шагъэ быдэ фиIэну!
Зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ къэ­рал властымрэ щIыпIэ са­моуп­рав­ленэмрэ я органхэм я унафэщIхэм, гъунэгъу республикэхэм я лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм, театр гъуаз­джэмрэ щэнхабзэмрэ я лэ­жьакIуэхэм, артисткэм и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, и лэ-­­ ­жьэ­­гъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, юби­лярым и творчествэм дихьэх­хэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)