Адыгэхэм ятеухуа щIэныгъэ зэIущIэ

Накъыгъэм и 18-м КъБКъУ-м щызэхэтащ «Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» фIэщыгъэм щIэт дунейпсо щIэ­ныгъэ-практикэ конференц. Адыгэхэм я щы­гъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм къы­­зэ­ригъэпэща а Iуэху щхьэпэм хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэздэгу къикIа лIыкIуэхэр. Онлайн жыпхъэ­м иту Тыркум, Сирием, Иорданием, Европэм щыIэ ­Ады­гэ Хасэхэри къеблэгъащ.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къы­щы­зэ­Iуихым жиIащ блэкIар зыщыдмыгъэгъупщэу къэкIуэнум дытелажьэу дыпсэун зэрыхуейр, апхуэдэ гузэ­вэгъуэм ди щ­хьэ и мызакъуэу, адрей лъэпкъхэм и зыщахъумэну къы­хуедджэну.
Адыгэхэм ди блэкIам, нобэм, къэкIуэнум ятеухуауэ зэIущIэм псалъэмакъ щхьэпэ къыщаIэтащ тхыдэджхэу Къалмыкъ Жылэбий, Къэжэр Артур (Налшык), Бадынокъуэ Марзият (АР),филологие щIэныгъэхэм я кандидат Дзыбэ Айшэт (АР), Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэрэшей-Шэрджэс институтым и унафэщI Тхьэгъэпсэу Рэмэзан сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэп­къыр зыгъэпIейтей, зыIущIэ лъэпощхьэпохэм Iуэхум и хэкIыпIэу къалъытэмкIи ядэгуэшащ къызэхуэсахэм.
«Адыгэхэр: блэкIар, нобэр, къэкIуэ­нур» дунейпсо конференцыр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ин ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм я зым фыкъыщеджэ хъунущ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.