КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ Бахъсэн къалэм ГъуазджэхэмкIэ и Сабий школым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ иIэ къудамэм и гъэсэнхэм я сурэт, графикэ, витраж, батик, дыщэидэ, щыгъын хьэлэмэтхэр.
Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ ДизайнымкIэ колледжым и лэжьакIуэ Шэнтыку Артур.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Къанло Алимрэ Бахъсэн къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэч Альбертрэ.
- Бахъсэн къалэм ГъуазджэхэмкIэ и Сабий школыр къэзухащ икIи дахагъэм япэ лъэбакъуэхэр щыхэсча IуэхущIапIэмрэ абы екIуа-лIэ цIыкIухэмрэ я ехъулIэныгъэхэм зэпымыууэ сыкIэлъоплъ, срогушхуэ. СурэтыщI ныбжьыщIэхэм дяпэкIи фи зэфIэкIым хэвгъэхъуэну сынывохъуэхъу, - жиIащ Бэч Альберт щIалэгъуалэм захуигъазэу.
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэлIащ Бахъсэн къалэм и щIыпIэ администрацэм и лIыкIуэхэм, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школымрэ я егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм.