КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иджыблагъэ хэтащ Урысейм зыхъу­мэжыныгъэмкIэ и ми­нистр Шойгу Сергей и уна­фэщIу екIуэкIа видеоселектор зэIущIэм.

Зэхуэсыр теухуауэ щытащ щIалэгъуа­лэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ егъэ­гъуэ­тыным ехьэлIа Iуэхухэм. ЗэIущIэм хэтхэр онлайн мардэм тету тепсэлъыхьащ Урысейм и щIыналъэ псоми «Авангард» щIэ­ныгъэ-методикэ центрхэр къы­­щы­зэ­гъэпэщыным ехьэ­­­лIа Iуэхухэм. Абы и ­къудамэхэм я къалэнхэм ящыщщ дзэм къулыкъу щащIэным зи ныбжьыр ­нэса щIалэгъуалэм хэкупсэ гъэсэныгъэ яты­ным щIыналъэхэм щелэжьынри. Шойгу Сергей къыхигъэщащ къызэрагъэпэща­кIэу апхуэдэ центр 27-рэ къэралым зэ­рыщыIэр, адрейхэр къызэIуахынущ ­коронавирусым и зэранкIэ ягъэува мар-дэ ткIийхэм къытекIыжа нэужь. Зэраубзы­хуамкIэ, апхуэдэ центрхэр яIэнущ зи цIыху бжыгъэр мини 100 хъу е абы нэхърэ нэхъыбэ щыпсэу къалэ псоми, - жиIащ зыхъумэ­жы­ныгъэмкIэ министрым.
Проектыр Урысейм и Президент Путин Владимир къалэн къазэрыщи­щIам ипкъ иткIэ егъэзащIэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм.
УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей зэIущIэм къыщы­хилъхьащ зи гугъу ящI зэгухьэныгъэхэр къэралым и щIыпIэ псоми къыщызэ­Iуахыну икIи къыхигъэщащ мы зэманым «апхуэдэ центрхэм икъукIэ ды­хуэныкъуэ зэрыхъуар».
КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэ­ны­гъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм пщэрылъ пыухыкIахэр хуа­щIащ зэIущIэм кърикIуахэм япкъ иткIэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.