ДАХ-м пщIэ яхуещI

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм накъыгъэм и 8-м ще­кIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэ.
Зэхуэсым кърагъэблэгъат Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Багъ Сэ­фудин, Герасименкэ Нинэ, Долбня Борис, Калабуховэ Валентинэ, Ламырдон Хьэсэнбий. Апхуэдэуи зэ­IущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу Баах Сергей, УФ-м и Жы­лагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ упол­номоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Зумакулов Борис, РСФСР-м щIыхь зиIэ и ­артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ, ­КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэ­мыку Жаннэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къару­хэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Му­хьэмэд, Джылахъстэней и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэрэф Мурадин, нэгъуэщIхэри.
Кърагъэблэгъа нэхъыжьхэм фIы­щIэ хуащIащ фашизмэм текIуэ­ным хэлъхьэныгъэныгъэшхуэ зэрыхуа­щIам папщIэ икIи узыншагъэ быдэ яIэну, илъэс куэдкIэ псэуну ехъуэ­хъуахэщ.
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий гуфIэгъуэ зэхыхьэр къыщызэIуихым абы хэт псоми махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм фIы­щIэ яхуищIащ хахуэу хэкур зэ­рахъумэжам, лIыхъужьыгъэ къы­зэрагъэлъэгъуам папщIэ.
- Дэтхэнэ зым ди дежкIи Накъыгъэм и 9-р махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. ТекIуэныгъэм и махуэм дэ псори дызэкъуегъэувэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Урысей псор ефIэ­кIуэным, абыхэм щыпсэухэм нэхъ­ри заужьыным хуэунэтIа IуэхуфI­хэр длэжьыным дытрегъэгушхуэ! Ди къэралыгъуэ лъэщым хузэ­фIэкIащ зауэм и мыгъуагъэ псоми пхыкIын икIи ар дэтхэнэ зыми фи фIыгъэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ветеранхэм захуигъа­зэри. - Дэ фIыщIэшхуэ фхудощI къэвгъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэм пап­щIэ. Ди щхьэр лъахъшэу фхудогъэщхъ дэтхэнэ зыми! Сыт хуэдиз илъэс дэкIами, фи щIыхьыр, фи къэмылэнджагъэр, фи къару фы­зэремыблэжар игъащIэкIи щытынущ къытщIэхъуэ щIэблэм я гъащIэ гъуазэу. Ди гуапэщ узыншагъэ быдэ фиIэну.
Ветеранхэм апхуэдэуи ехъуэ­хъуащ Нэхущ Заурбийрэ Зумакулов Борисрэ.
Нэхъыжьхэри къыщыпсэлъащ пщыхьэщхьэм. Абыхэм ягу къагъэкIыжащ зауэ зэман хьэлъэр, я гъащIэм и къекIуэкIыкIар. Зауэр зэриухрэ илъэс куэд дэкIыжами, абыхэм фIыуэ ящIэж фронтым щагъэкIуа махуэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ­артист цIэрыIуэхэр ветеранхэм къахуэфащ, усэхэм къахуеджащ, ахэр уэрэдхэмкIэ ягъэгуфIащ, езыхэри яфIэфIу ядежьууэ, Iэгу яхуеуэу ­яхэсащ.
Зэхыхьэм кърихьэлIахэм махуэшхуэ Iэни къыхуащтащ, нэхъыжьхэм фэеплъ саугъэтхэмкIэ, удз гъэгъахэмкIэ яхуэупсащ, ерыскъы щIэщыгъуэхэри хузэралъхьащ.
Ветеранхэм я гуапэ дыдэ хъуащ апхуэдэ гулъытэр икIи зэхыхьэр зи жэрдэмхэм фIыщIэ хуащIащ, ехъулIэныгъэхэр яIэу адэкIи лэжьэну зэрагуапэри къыхагъэщащ.
ГуфIэгъуэ пшыхьым и кIэухым зэгъусэу с­урэт зэтрагъэхащ.

ДЖАТЭ Къантемыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)