Финанс Iуэхутхьэбзэхэмрэ цIыхухэм я финанс зэхэщIыкIыр къэIэтынымрэ топсэлъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ «НСПК» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор Комлев Владимир, Урысейм и Банкым и Ипщэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Эберенец Евгений, КъБР-м и Лъэпкъ Банк IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ КIэрэф Мурат, «НСПК» акционер зэгухьэныгъэм зыужьы­ныгъэмкIэ, бжыгъэхэр зи лъабжьэ сервисхэмрэ технологие сервисхэмкIэ и уна­фэщI Точиловэ Марие сымэ.
Псалъэмакъыр теухуа­уэ щытащ финанс Iуэху­тхьэбзэхэр нэхъ къэгъэ­сэ­бэпыгъуафIэ щIыным, цIыху­хэм я финанс зэхэ­щIыкIыр къэIэтыным, ахъ­шэр зэрызэблагъэкI иджы­рей Iэмалхэм зегъэубгъу­ным.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и япэ къуэдзэ Къу­ныжь МуIэед, КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужь­ы­ны­гъэмкIэ и министр Ащ­хъуэт Ислъам сымэ.
«Псэуныгъэр зэлъыта IэнатIэхэм бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр къы­зэ­ры­щагъэсэбэпым зегъэубгъуныр республикэм и ­зыу­жьыныгъэм и Iыхьэ нэ­хъыщхьэхэм ящыщщ. Хэкум и банкхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэныр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэ­лIауэ Урысей Федерацэм и Президентым къигъэува стратегие къа­лэн ­нэхъыщхьэ дыдэхэм ­хохьэ», - къыхигъэщ­хьэху­кIащ КIуэкIуэ Казбек, Урысейм и Банкым бжыгъэхэр зи лъабжьэ и сервисхэм я зэфIэкIым и гугъу щищIым.
ЗэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ бжыгъэхэр зи лъаб­-жьэ экономикэм зегъэу­жьынымрэ къэрал Iуэху­тхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэ­тынымрэ я лъэныкъуэкIэ УФ-м и Президентым къигъэува пщэрылъхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкIэлъыкIуэу щызэ­фIагъэкIынухэм.
Комлев Владимир утыку кърилъхьащ «ЩIыналъэм щыпсэум и картэ зэгуэт» проектыр гъэзэщIэнымрэ «Мир» картэм ипкъ иткIэ финансхэм япымыщIа сервисхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщыгъэсэбэпынымкIэ щы­Iэ Iэмалхэр.
«ЩIыналъэм щыпсэухэм папщIэ картэм куэдкIэ IуэхущIапIэхэми цIыху щхьэхуэ­хэми бюджет ахъшэр зэблэгъэкIыныр, социальнэ Iуэху­тхьэбзэхэр къэгъэсэ­бэ­пы­ныр, сатум пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыныр къащигъэп­сынщIэну. Апхуэдэу ахъшэр зэрызэблагъэкI «Мир» системэр дэIэпыкъуэгъушхуэщ щIыналъэм туризмэмкIэ и IэнатIэм зегъэужьынымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм къыщагъэсэбэп ахъшэ Iэрымылъхьэ нэхъы­бэ щIынымкIэ», - жиIащ Ком­лев Владимир.
Иджырей технологиехэм зэрызаужьыр сэбэп мэхъу финансхэр зэрызэрагъа­кIуэр егъэфIэкIуэнымрэ ахъ­шэ Iэрымылъхьэу къагъэсэбэпыр нэхъыбэ щIы­нымкIи. А лъэныкъуэм и мыхьэнэр зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ банкым и унафэщI КIэрэф Мурат.
«Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрхэм щыIэ электрон терминалхэр къызэрагъэ­сэбэпым зегъэубгъуным хуэ­унэтIа лэжьыгъэшхуэ ­йокIуэкI. Апхуэдэ терминалхэр Налшык къалэми республикэм и район зэмы­лIэужьыгъуэхэми щыIэ Iуэху­щIапIэхэм щагъэуващ. Гулъытэ хэха хуащI цIыху­-хэм я финанс щIэныгъэхэм хэгъэхъуэнми. Иджыпсту диIэ хъыбархэм ятепщIыхь­мэ, Къэбэрдей­-Балъкъэрым и школхэр къыщыхожаныкI цIыхухэм я финанс зэхэ­щIыкIхэр къэIэтыным хуэу­нэтIауэ Урысей Банкым ­иригъэкIуэкI гъатхэ дерс­хэм», - къыхигъэщхьэхукIащ ­КъБР-м и Правительствэм  и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэм.
ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ КъБР-м и Iэтащхьэм республикэм и Правитель­ствэм хуигъэуващ гъэунэ­ху­ныгъэ щхьэхуэхэм республикэм и финанс IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щегъэкIуэкIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм хэплъэну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.