ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щагъэлъапIэ

Тхылъхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, мэлы­жьыхьым и 23-м, «Sreda_book» тхылъ щапIэм ХьэтIохъу­щокъуэм и хадэм жармыкIэ къыщызэригъэпэщащ икIи абы щагъэлъэпIащ IуэхущIапIэр зы илъэс зэрырикъур.
«Sreda_book» тхылъ щапIэр къызэIузыха КIуэкIуэ Мурат къызэрыджиIамкIэ, жармыкIэм щIэупщIэшхуэ иIащ. Абы хыхьэу тхылъ 200-м щIигъу ящэхуащ.
- Хабзэ хъуауэ къызэдгъэпэщ жармыкIэм и фIыгъэкIэ тхылъеджэ нэхъыбэм дыкъацIыхуащ, ди проектым и мыхьэнэр зрагъэщIащ. Ди щэхуакIуэхэр нэхъыбэу щIалэгъуалэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абыхэм я ныбжьыр илъэс 20 - 35-м итщ. Нэхъыжьхэр тхылъхэм щIоупщIэ, ауэ ящэхуркъым. Нэхъыбэу зыхуейр дин, кавказ темэр зи лъабжьэ тхылъхэрщ. Иджырей жармыкIэм художественнэ тхылъхэр нэхъ къыщащтащ, - жеIэ КIуэкIуэм. - ЖармыкIэ нэужьым куэдым зыкъытхуагъазэ къыддэлэжьэну. Налшык къалэ администрацэм фIыщIэ худощI жармыкIэм ехьэлIауэ къыхэтлъхьа жэрдэмыр къызэрыддиIыгъам теухуауэ.
«Sreda_book» онлайн тхылъ щапIэм Iуэху гуапэр къе­хъулIауэ жыпIэ хъунущ. Абы и лэжьакIуэхэр тхылъеджэхэм нэхъ гъунэгъу яхуэхъуащ икIи налшыкдэсхэм тыкуэным и щыIэкIэ-лэжьэкIэм зыхагъэгъуэзащ. Сабий, дин, художественнэ литературэхэр, дунейпсо классикэр куэду щы­зэхуэхьэса мы тхылъ щапIэм зыхуэзыгъазэхэр зыщIэупщIэ тхылъхэр я унэм хуашэ.
- Урысейм, Европэм къыщыскIухьыну къыщысхуихуам гу лъыстащ тхылъеджэхэр зэджа я тхылъхэр зэхыхьэурэ ящэжыныр къалэ зыбжанэм хабзэу зэрыщызекIуэр. А Iуэху дахэр дэркIи щапхъэу икIи щхьэпэу къызолъытэ, - къыддогуашэ КIуэкIуэ Мурат.
Тхылъ жармыкIэм викторинэ къыщызэрагъэпэщащ икIи насыпырыхь джэгум хыхьэу зи Iущагъыр къэзыгъэнэIуа цIыху 16-м тхылъ гъэщIэгъуэнхэр тыгъэ хуащIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.