Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я зэпыщIэныгъэ

Накъыгъэр гъатхэм и мызакъуэу, илъэс хъурейм я нэхъ мазэ дахэщ, ауэ ар ди дежкIэ лъапIэщ абы егъэщIылIа IуэхухэмкIи. Дунейм и къэрали 142-м накъыгъэм и 1-р Лэжьыгъэм и махуэу щаIэт. Ди деж ар щыщытщ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэу икIи абы и ­къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ.
1856 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Авст­ралием и гуащIэрыпсэухэр къэрал псом къыщызэрыIэтащ сыхьэт 12 зи кIыхьагъ лэжьэгъуэ зэманыр сыхьэти 8-м нэсу ягъэмэщIэну къагъэуву. Властхэм хуа­щIащ абыхэм я фIэфIыныгъэр.
Абыхэм я текIуэныгъэм игъэгушхуащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Чикагэ ­къалэм и рабочэхэр. 1886 гъэм накъыгъэм и 1-м ахэри уэрамхэм дыхьащ сы­хьэт 15 (!) хъу лэжьэгъуэ махуэр сыхьэти 8-м нэсу ягъэмэщIэну къагъэуву. АрщхьэкIэ гуащIэрыпсэухэр зыпэщIэувахэр нэгъуэщIу къыщIэкIащ. Щызэгуры­мы­Iуэм зэрызекъуэ къэхъуащ. ИужькIэ гуа­щIэ­рып­сэухэм ираутIыпщащ полицэр. Лъыгъажэм цIыху куэд хэкIуэдащ. Мис абыхэм я фэеплъыр ящымыгъупщэн папщIэ II Интернационалым 1889 гъэм Париж щригъэкIуэкIа конгрессым унафэ къыщащтащ накъыгъэм и 1-р ГуащIэ­рып­сэу­хэм я зэакъылэгъуныгъэм и дунейпсо махуэу (жытIэнщи, СССР-м и лъэхъэнэм а цIэ дыдэр иIэу ди деж щаIэту щытащ а гуфIэгъуэр) ягъэувыну. Зэрытлъагъущи, нэщхъеягъуэу къежьар гуфIэгъуэм хуэкIуащ.
Совет Союзым и зэманым ди къэралым Накъыгъэм и 1-р Iэтауэ щагъэлъапIэу щытащ. Дзэ парадхэр, пэкIухэр ще­кIуэкIырт. Уэрамхэм къыдыхьэрт цIыху зэщыхуэпыкIа мелуанхэр, зэхъуэхъухэрт, зэ­хуэгуфIэхэрт. СССР-м хуэдэу ахэри тхы­дэм къыхэнащ. Пэжщ, иджыри ящыгъупщакъым, ауэ мащIэщ ар гъэлъэпIэн ­папщIэ зи Iуэхухэр зэблэзыгъэур - гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм я гуащIэгъуэщ. СлIожь, и цIэм тэмэм дыдэу йозэгъ: гъат­хэмрэ лэ­жьыгъэмрэ зэпыщIащ.

Шал Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н