Мэлыжьыхь дыдэт

Адыгэм ауи фIищакъым дызэрыт мазэм «мэлыжьыхь». ГъэтIылъыгъэхэр яухарэ гъавэщIэр иджыри къащыIэрымыхьа лъэхъэнэщ иджыпсту. Апхуэдэщ «Спартак-Налшык» футбол командэм и Iуэхур зытетри: премьер-лигэм щыхэта илъэсхэм зэтригъэхьа щIыхуэм нобэр къыздэсым зригъэужьыркъым. АдэкIэ къыпэплъэри гурыIуэгъуэкъым.
ЗэрагъэхъыбарымкIэ, мыгувэу Налшык и «Спартак» стадионыр къыпхуэмыцIыхужу зыхуей­ хуагъэзэнущ. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ зэры­зэ­гухьэжар етIанэгъэ илъэсищэ щрикъум ирихьэ­лIэу зэфIагъэкIыну IуэхугъуэфIхэм ящыщ зыщ ар. Абы хуэфэщэн топджэгу команди республикэм щы­зэфIагъэувэну я мурадщ, нэхъ мыхъуми Урысей Фе­дерацэм и япэ дивизионым хэтыфын хуэдэу. ЗэкIэ…
Дэри тхуэдэу зи Iуэхухэр мыщIагъуэ Мейкъуапэ и «Дружба»-р хагъэщIауэ мыгъэрей зэхьэзэхуэм зэ­рыщIадзэжрэ блэкIа мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу ди щIалэхэм иджыри зы текIуэныгъэ закъуэ къахуэ­хьауэ аращ. Абы щыгъуэми, турнир таблицэм къыщыкIэрыху дыдэхэм ящыщ зыуэ ихъуреягъкIэ зыкъезыгъэбыдэкIа есэнтIыгудэсхэм я гъуэм и бгъэдыхьэпIэр зригъэщIэну сыхьэтым щIигъукIэ «Спартак-Налшыкыр» хущIэкъуащ. Ди гъуащхьауэ­хэм ар щахузэфIэмыкIым, Iуэхум къыхыхьащ гъуащ­хьэхъумэхэри. Шумахуэ Заур лъэщу зэуа топым ерагъкIэщ зэрыпэлъэщар хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр.
Багъэтыр Альбертрэ ХъутIэ Анзоррэ джэгум къыхыхьа иужькIэ налшыкдэсхэм я тепщэныгъэр нэхъ иныж хъуащ. ЕсэнтIыгу къикIахэм иджы захъумэжыф къудейуэ арат. 80-нэ дакъикъэм ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ къомым хъер къихьащ: гъуащхьэхъумэ зыбжанэ къыкIэрыщIауэ ХъутIэр хьэщIэхэм я гъуэм яфIэбгъэдыхьащ икIи зыкъыпэщIэзыдза гъуащхьэтетым къигъэлъеижа топым япэу нэсар Багъэтырырщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэпыуда хъуащ джэгугъуэ еплIанэ хъуауэ «Спартак-Налшыкыр» къызэрыхэмыжаныкIыфыр.
Абдежми къыщызэтеувыIакъым ди щIалэхэр. Ахэр адэкIи ерыщу ебгъэрыкIуэрт, бжыгъэр нэхъ иныж ящIын я мураду. Къапщтэмэ, Iэпщацэ Марат зэуа топым къригъэгъэгъэзэн папщIэ «ЕсэнтIыгум» и гъуащхьэтетым хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуащ.
87-нэ дакъикъэм «Спартак-Налшыкым» и капитан Пащты Руслан хьэщIэхэм я гъуэм пэмыжыжьэу ираудащ. Куэд щыгугъащ судьям метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуэну. АрщхьэкIэ езым зигъэджэлауэ абы къилъытэри, ди щIалэм дагъуэ къыхуищIащ. Ар мы зэIущIэм щыетIуанэти, Пащтым джэгупIэ губгъуэр ирагъэбгынащ.
«Спартак-Налшыкым» дэщIхэм, аргуэрыжьти, тхьэмахуэ дэкIри я гур хэщIащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIущанэ увыпIэм фIэкIа щызымыIыгъ Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-м ар къихигъэщIащ. Абы щыгъуэми я хьэрхуэрэ­гъухэр 73-нэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу щытащ, ди щIалэхэм ящыщ зым фэбжь зэрыридзам къыхэкIыу я гъуащхьэхъумэныкъуэ Чувиловыр джэгум къызэрыхахури. Щхьэ бжыгъэкIэ зэрынэхъыбам налшыкдэсхэм я фейдэ къыхахыфакъым икIи, Iуэхур ягъэзэкIуэжыну зэман кIыхь яIа пэтми, зы очко нэхъ мыхъуми ­къахуегъэлакъым.
Псом хуэмыдэу гухэщIт ди гъуащхьауэхэм уахэплъэну. Иужь джэгугъуитхум къриубыдэу абыхэм зы топ закъуэ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIыфауэ арат. А Iуэхугъуэр къащехъулIари зэхьэзэхуэм кIэух дыдэ увыпIэхэм ящыщ зым щыщыт «ЕсэнтIыгур» къыщрагъэблэгъарат. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, зыхуагъэувыжа къалэн мащIэри - командэ нэхъыфIитхум яхэту зэпеуэр яухыну - зэрахуэмыгъэзэщIэнур нэрылъагъущ. Зэхьэзэхуэр и кIэм нэблэгъэху дэтхэнэ зы очком и уасэри нэхъ лъапIэж зэрыхъунуми шэч хэлъкъым.
«Спартак-Налшыкым» мыгъэрей зэпеуэр зэрынилъэфысыным хущIэкъуми, Краснодар крайм и командитIыр лIэн-къэнэну бжьыпэм иризоныкъуэкъу. Фызэрыщыгъуазэщи, япэ увыпIэр къэзыхьым и закъуэщ япэ дивизионым ягъэкIуэнур. Иужьу зэхэта джэгугъуэм «Кубань»-мрэ «Кубань-Холдинг»-мрэ я щытыкIэм зригъэхъуэжащ. Мэхэчкъалэ пашэу кIуа краснодардэсхэм бжыгъэр къызэIуахами, «Легион-Динамо»-м пэщIэтыфакъым. Ар хъарзынэу къагъэсэбэпащ я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэхэм: хуабжьу гугъу дехьами, ди лъахэгъу ДыщэкI Аслъэн зи пашэ «Кубань-Холдинг»-м къыхуеблэгъа ставрополдэсхэр хигъэщIащ икIи зэхьэзэхуэм бжыпэр щиубыдыжащ.
ЯфIэкIуэда очко бжыгъэр къэплъытэмэ, япэ ищахэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым Новороссийск и «Черноморец»-ри. Къэнэжа джэгугъуэхэм къагъэлъэгъуэнущ хэт и насып нэхъ къикIынуми.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ Новороссийск щызэхэта зэIущIэм «Спартак-Налшыкым» хэгъэрейхэр 2:0-у щыхигъэщIат. Мэлыжьыхьым и 10-ми ди щIалэхэм ардыдэмкIэ дащыгугъ хъуну къыщIэкIынут. АрщхьэкIэ абы лъабжьэ быдэ иIэтэкъым: «Черноморец»-р иджыри мэныкъуакъуэ, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыду, япэ дивизионым кIуэну, налшыкдэсхэм зы къалэни илъэс зыбжанэ хъуауэ хуагъэувыркъым. Арати, гурыIуэгъуэт Новороссийск къикIахэр текIуэныгъэм нэхъ зэрыхуэныкъуэр икIи очкоищыр зыIэрагъэхьэн папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур. Апхуэдэуи къэхъуащ.
Джэгур зэхаублэри, дакъикъэ зыбжанэ дэкIауэ арат «Черноморец»-р япэ щищам. Абы и гъуащхьауэ нэхъыфI Машэжь Ратмир иджыблагъэ зыхэта гупым и жагъуэ ищIащ, гъуащхьэхъумитIым я зэхуакум дэцIэфту бжыгъэр къыщызэIуихам. Ди лъахэгъур адэкIи зэIущIэм нэхъ щыжыджэрхэм ящыщащ икIи мызэ-мытIэу къыхэжаныкIыфынут. АрщхьэкIэ Ратмир хэмытуи хьэщIэхэм бжыгъэр ягъэбэгъуэфащ икIи, япэ къекIуэкIыгъуэм къызэрыхагъэщIам хуэдэ дыдэу, «Спартак-Налшыкым» ефIэкIыфащ.
ЗэIущIэм къащытекIуами, налшыкдэсхэр абы щыхуэмыхуауэ пхужыIэнутэкъым. Зэкъым икIи тIэукъым ди щIалэхэм я хьэрхуэрэгъухэм топ яхудэгъэкIыфыну щыщытар, арщхьэкIэ сыт щыгъуи я насып къикIакъым. Абы щыгъуэми къыхэгъэщыпхъэщ иужь джэгугъуихым къриубыдэу ахэр зэ закъуэ фIэкIа къызэрыхэмыжаныкIыфар. А зэращ щытекIуэфари. КъыппэщIэтхэм топ яхудумыгъэкIыфмэ, дауи, уапэлъэщынукъым – зи гугъу тщIы лъэхъэнэм плIэнейрэ къыщыхагъэщIащ. Ар хуабжьу ухэзыгъаплъэщ.
«Спартак-Налшыкым» ди гур щыхигъэщIыр нэхъыбэрэми, абы зэгуэр щыджэгуахэр нэгъуэщI щIыпIэхэм къызэрыщыхэжаныкIым дрипIейтейуэ дыкIэлъыплъащ. Къапщтэмэ, зэхьэзэхуэм щыпашэ «Кубань-Холдинг»-м бжьыпэр ихъумэнымкIэ хуабжьу сэбэп хуэхъуащ ДыщэкI Аслъэн Мэхъэчкъалэ щыIэу бжыгъэр къызэрызэIуихар. Павловскэдэсхэм зымащIэ дыдэкIэ фIэкIа къакIэрымыху Краснодар и «Кубань»-м текIуэныгъэр къригъэхьащ абы и капитан Мамты Хьэсэн дигъэкIа топ закъуэм. Аращи, дызыкIэлъыплъынрэ дызэрыгушхуэнрэ иджыри диIэщ.
Куэд щIакъым «Спартак-Налшыкымрэ» Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-мрэ зэгъусэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэрыщыджэгурэ. Уеблэмэ ди лъахэгъу Красножан Юрэ гъуэрыгъуэурэ тIуми я тренер нэхъыщхьэу щытащ. А лъэхъэнэм абыхэм Кавказыр къэралпсо утыкум щагъэбжьыфIащ икIи зэныбжьэгъугъэ быдэ я зэхуаку къыдэхъуащ. Нобэми а щытыкIэфIым тетщ. Абы и щыхьэтщ иджы къыщыхута етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щызэдрагъэкIуэкIа зэIущIитIри. Нэгъабэ и жэпуэгъуэми иджы мэлыжьыхьым и 20-м щызэдэджэгуами Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я командэ нэхъыщхьэхэм хэтхэм япэ ирагъэщар зым адрейм пщIэ зэрыхуищIырщ, текIуэныгъэм ерыщу дэтхэнэри хущIэкъуа пэтми.
«Анжи»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэмкIэ къызэIуахащ 25-нэ джэгугъуэр. Япэ къекIуэкIыгъуэми хуэдэу, ар зэрытемыгъэкIуауэ, 1:1-уэ иухащ.
Хэгъэрейхэм зэрахабзэу, мэхъэчкъалэдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ зэIущIэр ирагъэжьащ. Абы хуэхьэзырт ди щIалэхэр икIи, ахэр Iэзэу къызэтрагъэувыIэри, мыгувэу езыхэм тепщэныгъэр яубыдащ. «Спартак-Налшыкым» хъарзынэу къигъэсэбэпырт и псынщIагъымрэ IэкIуэлъакIуагъымрэ. 42-нэ дакъикъэм ар наIуэ дыдэ хъуащ. Налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зыр «Анжи»-м и футболистхэм я штрафнойм пэмыжыжьэу хабзэм къемызэгъыу къызэпаудащ. Судьям кърита Iэмалыр къигъэсэбэпри, Пащты Руслан топыр Iэзэу къыхитащ икIи псом япэу абы нэса Ольмезов Артур щхьэкIэ бжыгъэр къызэIуихащ.
Апхуэдэ щытыкIэм къигъэуIэбжьа хэгъэрейхэм зрачащ Iуэхур ягъэзэкIуэжыну икIи ар къайхъулIэным зымащIэщ иIэжар. Ди насыпти, «Спартак-Налшыкым» и гуащхьэтетхэм яIэщIэкIакъым.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIи, «Анжи»-р нэхъыбэрэ ебгъэрыкIуащ. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэми Iэмал гъуэзэджэ зыбжанэ яIащ бжыгъэр ягъэбэгъуэну. Псом хуэмыдэу абы пэгъунэгъуащ Iэпщацэ Марат. Метр пщыкIущ хуэдизкIэ фIэкIа пэмыжыжьэу ар зэуа топым ерагъкIэщ зэрыпэлъэщар хэгъэрейхэм я гъуащхьэтет Магомедов Тимур.
Мэхъэчкъалэдэсхэр хуабжьу хуейтэкъым я стадионым къыщыхагъэщIэну. ЗэIущIэм и кIэух дакъикъэ зыбгъупщIым абыхэм я къару псори ирахьэлIащ бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну. Япэ къекIуэкIыгъуэми къызэрыщыхъуам ещхьу, «Анжи»-м ар хузэфIэкIащ. Арати, аргуэрыжьу, джэгур 1:1-уэ иухащ, зэныбжьэгъугъэр текIуауэ.
«Спартак-Налшыкыр» хэмыту мэлыжьыхьым и 15-м щыIа джэгугъуэм ипкъ иткIэ Павловскэм щызэIущIат бжьыпэм ерыщу щIэбэн щIыпIэ «Кубань-Холдинг»-мрэ Краснодар къикIа «Кубань»-мрэ. Абы зыкъомкIэ зэхигъэкIыфынут пашэныгъэр зыубыду япэ дивизионым кIуэнур хэтми. АрщхьэкIэ ахэр зэрытегъэкIуакъым икIи Iуэхур зэрыщыту къэнэжащ. «Кубань»-м и капитан Мамты Хьэсэн бжыгъэр къызэIуихами, хьэщIэхэм ар яхуэхъумакъым.
Абы иужькIэ «Анжи»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я гъусэу 25-нэ джэгугъуэр къызэIуахащ «Кубань»-мрэ «ЕсэнтIыгумрэ». 4:0-у текIуэри краснодардэсхэм бжьыпэр яубыдащ. Хэгъэрейхэм я япэ топищыр дэзыгъэкIар Мамтымрэ (тIу) Абдокъуэмрэщ. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ махуэм «Кубань-Холдинг»-м пашэныгъэр зыIэригъэхьэжащ Черкесск къалэм «Интер»-р щыхигъащIэри.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэр иухыным мазэ иIэжу аращ. Иджыпстуи пхужыIэнущ «Спартак-Налшыкым» ар зэрыхуэмыугъурлар, иужь илъэс зыбгъупщIым щыIа адрейхэми хуэдэу. ЦIыхухэри стадионым къахуекIуэлIэжыркъым, плъыжь зыщыгъхэр (ди командэм и фащэм и теплъэр), студентхэр, сабийхэр пщIэншэу ирагъэхьэ пэтми.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)