КIуэкIуэ Казбек Ищхъэрэ флотым и хыдзэлIхэм ящIыгъуу адмирал Головко Арсений и фэеплъ жыгхэр хесэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ищхъэрэ флотым и лIыкIуэхэм ящIы­гъуу хэтащ адмирал Головко А. Г. и цIэр зезыхьэ скверым жыгыщIэ цIыкIухэр щыхэсэнымрэ абы и фэеплъым деж удз гъэгъахэр щыгъэтIылъынымрэ теу­хуа Iуэхухэм. Фэеплъыр дзэзешэ цIэры­Iуэм хуагъэувауэ щытащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым.
Зэхыхьэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек гуапэу фIэхъус ярихащ Ищхъэрэ флотым щыщ хыдзэлIхэм. Ахэр мы махуэхэм Налшык щыIэщ Урысейм регби-7-мкIэ и чемпионатым и кIэух зэIущIэу ди щIыналъэм щекIуэкIым хэту. ЩIыналъэм и УнафэщIым хьэщIэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ адмирал щэджащэ Головко Арсений Григорий и къуэр зэращымыгъупщэм, флотым и хабзэфIхэр зэрахъумэм пап­щIэ икIи щIалэхэм ехъуэхъуащ спортым ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрагъэхьэну.
Ищхъэрэ флотым и унафэщIым и дэ­Iэпыкъуэгъу, полковник Кошкарев Павел КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къритыжащ Ищхъэрэ флотым и командующэ, Урысейм и ЛIыхъужь Моисеев Александр къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр. «Ушаковым и орденыр зыхуагъэфэща, Бэракъ­плъыжьзехьэ Ищхъэрэ флотым и Дзэ советым, а щIыпIэм къулыкъур щезыхьэкI хыдзэлI псоми, си щхьэми къыдбгъэ­дэкIыу фIыщIэшхуэ пхузощI ди зэпы­щIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ зэфIэбгъэкI IуэхуфIхэм папщIэ. «Эль­брус» тенджыз кхъухьым къулыкъу щы­зыщIэхэм ягъэлъапIэ республикэм хуаIэ зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэм щIыхь пылъу къулыкъу щащIэ Ищхъэрэ флотым хыхьэ кхъухьхэмрэ частхэмрэ, ди нэхъыжьхэм я лIыхъужьыгъэ хабзэхэм къыпащэу», - щыжеIэ тхыгъэм.
Удз гъэгъахэр фэеплъым деж щызыгъэтIылъахэм яхэтащ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, Урысейм РегбимкIэ и федерацэм регби спорт лIэу­жьыгъуэм УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къа­рухэмрэ къарузехьэ IэнатIэхэмрэ зыщегъэужьынымкIэ и комитетым и спорт унафэщI Дубинэ Богдан, республикэм щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ Байсиев Те­мыржан.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н