ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ДАХ-м щагъэлъапIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъур мэлыжьыхьым и 17-м щагъэлъэпIащ «Трек» рестораным. ГуфIэгъуэ пшыхьыр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къехъуэхъуну, и махуэщIыр даIэтыну гуфIэгъуэ зэIущIэм къеблэгъащ УФ-м и Жы­лагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ­тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, профессор БакIуу Хъанджэрий, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэш ФатIимэ, республикэм и артист пажэхэр, и ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.
Къызэхуэсахэр ХьэфIыцIэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи дэтхэнэ зыми къыхигъэщащ къызыхэкIа лъэпкъым ХьэфIыцIэм хуилэжьа Iуэхутхьэбзэм и инагъыр.
- Жылагъуэ лэжьыгъэу ебгъэ­кIуэкIым щыгъуазэр ди щIыналъэм щыпсэухэм я закъуэкъым, ар хэIущIыIу щыхъуащ адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым. Уи цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыдэм, абы и зэфIэувэным, зыу­жьыныгъэм. Лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм зиубгъуным, дунейпсо адыгэ щIэжым зыкъиIэтыным, ди щэнхабзэм утыкур иубыдыным, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэку­- рыс адыгэхэмрэ зэрыубыдыжыным хэплъхьа уи гуащIэм и инагъыр къэлъытэгъуейщ. Уи гукъыдэжыр мыужьыхыу иджыри илъэс куэдкIэ адыгэ лъэпкъымрэ ди Хэкумрэ уахуэлажьэу, уахуэщхьэпэу упсэуну ди гуапэщ! – зи махуэр зыгъэлъапIэм гуапэу ехъуэхъуащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Апхуэдэу къызэхуэсахам ягу къагъэкIыжащ Мухьэмэд и къекIуэ­кIыкIам, и лэжьыгъэм ехьэлIа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. КъаIуэтэжхэр гъэн­щIат абы далъэгъуа гуапагъэмрэ лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэкIэ.
ЗыгъэлъэпIахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд икIи къыхигъэщащ и лэжьэгъухэм, къыдэгъуэгурыкIуа и ныбжьэгъуфI­хэм абы и гъащIэм увыпIэ хэха зэрыщаубыдыр.

Щоджэн Iэминэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.