ДэIэпыкъуэгъу хъухэр

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щызэIущIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр зыгъэхьэзырахэмрэ. Ахэр «Доброволец России» урысейпсо зэхьэзэхуэм пхыкIащ икIи ирагъэджэнухэм хагъэхьащ.

Зи лэжьыгъэр пхызыгъэкIа цIыху 15-м ­КИФЩI-м щыщу зы закъуэ яхэту аращ. Ар Налшык къалэм щыпсэу, КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и магистрант КъуэщIысокъуэ Зарэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ волонтерым утыку кърихьащ «Сэ сыдэIэпыкъунущ» и проектыр. Ар тещIыхьащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр щапI унагъуэхэм защIэгъэкъуэным. ЗэIущIэм къыщаIэтащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм щадэIэпыкъу IуэхущIапIэхэм адэ-анэхэми щадэлажьэу ящIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
Голиковэ Татьянэ къыхигъэщащ къэралым и социальнэ Iуэхухэм зегъэужьыным волонтёрхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэры­хуа­щIыр, апхуэдэуи къызэхуэсахэр хигъэ­гъуэ­защ езым иригъэкIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэм.
ЗэIущIэм хэтахэр я жэрдэмхэм щхьэхуэу къытеувыIащ, зыIууэ гугъуехьхэр жаIащ. КъищынэмыщIауэ, тепсэлъыхьащ волонтёрхэмрэ щIыналъэ унафэщIхэмрэ зэры­зэдэлажьэр ирагъэфIэкIуэным теухуауэ я мурадхэмрэ жэрдэмхэмрэ. Голиковэ Татьянэ волонтёрхэм ехъуэхъуащ «Доброволец России» саугъэтыр абыхэм къызэры­хуагъэфэщам папщIэ.
Гу зылъытапхъэ: «Доброволец Рос­сии» зэхьэзэхуэм 2018 гъэм проект мин 15-рэ 839-рэ къыщагъэлъэгъуащ. Ар нэгъабэ елъы­тауэ хуэдипщIкIэ нэхъыбэщ. Зэпеуэм пашэ щыхъуахэр егъэджэным теухуа программэр 2019 гъэм и кIэ пщIондэ ирагъэкIуэкIынущ.

Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)