Ветеранхэм яхуозэ

Налшык къалэмкIэ ведомствэм хэмыт хъумакIуэ управленэм Росгвардием и ветеранхэм я махуэм ехьэ­лIа зэIущIэ гуапэ щекIуэ­кIащ.
КъБР-м щыIэ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и ветеранхэм я советым и унафэщI, полицэм и полковникыу къыхэкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ Афган зауэм и ветеран, полицэм и прапорщик нэхъыжь Соблыр Хьэ­сэнбийрэ ведомствэм и лэ­жьа­кIуэхэм яхуэзащ, рос­гвардейцхэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрагъэхьэну, я къулыкъу къалэнхэр хьэлэлу ирахьэкIыну зэрагуапэр жраIащ.
- Нобэ ди ведомствэм и ветеранхэм ирагъэкIуэкI лэ­жьы­гъэр ипэжыпIэкIэ уасэ зимыIэщ. Загъэпсэхуну тIы­сыжами, абыхэм пащэ хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ хъу­мэным, лэжьакIуэщIэхэмрэ дзэ къулыкъур езыхьэкI­хэмрэ бгъэдалъхьэ зы еджапIэ нэхъыщхьэми щамы­гъуэтыну щIэныгъэ, - жиIащ Налшык къалэмкIэ ведомствэм щIэмыт хъумакIуэ IэнатIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Узденов Алий.
ЗэIущIэм и кIэухым рос­гвардейцхэм ведомствэм и ветеранхэм фIыщIэ хуа­щIащ, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.

Лыкъуэжь Маринэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.