Европэм дзюдомкIэ и цIыхухъу тренер нэхъыфI адыгэ щIалэ Тау Хьэсэнбий

2020 гъэм кърикIуахэм хэплъэжа иужькIэ Европэм ДзюдомкIэ и федерацэм цIыхухъу гъэсакIуэ нэхъыфIу къилъытащ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тау Хьэсэнбий. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту а хъыбар гуапэр щагъэIуащ иджыблагъэ Португалием и къалащхьэ Лиссабон щызэхаубла Олимп Джэгухэм ипэ къихуэ ди континетым и бэнакIуэхэм я чемпионатыр къыщызэIуахым. Ди лъахэгъум и гъэсэнхэм абыи ехъулIэныгъэ яIэу зыкъыщагъэлъагъуэ икIи нобэр къыздэсым медаль зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ къыщахьащ.
Адыгэхэр дызэрыгушхуэхэм ящыщ зыщ илъэс зыбжанэкIэ Санкт-Петербург и «Явара-Нева» спортклуб цIэрыIуэм зэфIэкIышхуэ къигъэлъагъуэу хэта спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Тау Хьэсэнбий. Олимп Джэгухэр къыщежьа Алыджым и къалащхьэ Афины 2004 гъэм щекIуэкIа Олимпиадэм килограмм 90 зи хьэлъагъ дзюдоистхэм я деж домбеякъ медалыр абы щызыIэригъэхьащ, Урысей Федерацэм, Европэм, дунейпсо утыкухэм ехъулIэныгъэфIхэр щиIащ. Ди къэралым щыщу Тау Хьэсэнбий и закъуэщ «Тажышхуэ» зэпеуэм тIэунейрэ щытекIуэфар. Иджы ар Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэщ. Абыи ехъулIэныгъэфIхэр щиIэщ – жыпIэну ирикъунщ иужькIэ зэхэта Европэм и чемпионатым Хьэсэнбий и гъэсэнхэм дыщэ медалу 3-рэ дыжьынуи апхуэдизрэ къызэрыщихьар. Аращ ди контитентым дзюдомкIэ и цIыхухъу тренер нэхъыфIу къыщIалъытари. Иджыри нэхъыкIэ мыхъуну догугъэ.
Тау Хьэсэнбий къыщалъхуащ Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм 1988 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 5-м. Щысабийм щегъэжьауэ спортым дихьэхащ икIи Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и деж «Гладиатор» клубым дзюдом зыщыхуигъэсащ. Нэрылъагъут абы бэнакIуэ лъэщ къызэрыхэкIынур. И жыIэдэIуагъымрэ гугъуехьхэм къазэрыпимыкIуэтымрэ и зэфIэкI лъагэхэр щIигъэбыдэжырт.
Дэтхэнэ зы спортсменми хуэдэу, сабийхэм я зэхьэзэхуэхэм къыщыщIидзэри, лъэбакъуэ зырызурэ ехъулIэныгъэ инхэм хуэкIуащ. Пасэу яIэт хъуами, ар зыкъыфIэщIыжыныгъэм пэжыжьэт икIи зыгъэпIий лей хэмылъу зыхуагъасэхэр зыхилъхьэрт.
И ныбжьыр илъэс тIощIрэ тIурэ хъуауэ арат Хьэсэнбий къэралым щынэхъ лъэщ дыдэ щыхъуам. 2000 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм и кIэухым Пермь къалэм щызэхэта Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и ебгъуанэ чемпионатым абы дыщэ медалыр къыщихьащ. Килограмм 90-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и кIэух зэIущIэм ар щефIэкIащ Дагъыстэным къикIа Гаджимагомедов Муслим. Абы щыгъуэм ар Адыгей къэрал университетым Физическэ щэнхабзэмрэ дзюдомкIэ и институтым щеджэрт икIи Бэджыдэ Вячеслав и нэIэм щIэту зэхьэзэхуэхэм зыхуигъэхьэзырырт.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсми Тау Хьэсэнбий къэралым и дыщэ медалыр зыIэщIигъэкIакъым. Чебоксары къалэм щыIа зэхьэзэхуэм и финалым Пермь областым щыщ Меньшиков Сергей щыхигъащIэри, Урысей Федерацэм тIэунейрэ и чемпион хъуащ.
АдэкIэ дунейпсо зэпеуэхэр къыхузэIуха хъуащ. 2003 гъэм Германием и Дюссельдорф къалэм щекIуэкIа Европэм и чемпионатым и финалым ди лъахэгъур нэсащ. АрщхьэкIэ кIэух зэIущIэм зы мащIэкIэ къыщытекIуащ Украинэм икIа Греков Валентин. А лъэхъэнэм европэ зэхьэзэхуэм дыжьын медалыр щызыIэрыбгъэхьэныр ди дзюдоистхэм я дежкIэ щIыхьышхуэт икIи хуабжьу ягъэлъапIэу Тау Хьэсэнбий Хэкум къыщрагъэблэгъэжащ.
2004 гъэм Алыджым и къалащхьэм щызэхэта Олимп Джэгухэм и пэ къихуэу Бухарест щыIа Европэм и чемпионатми адыгэ щIалэр къыщыхэжаныкIащ. Абы Хьэсэнбий домбеякъ медалыр къыщихьащ, ауэ и гупсысэ псори иджы зэхьэлIар Олимпиадэм зэрыхэтынурат.
Алыджхэм я щIыналъэм къыщеувэхам, нартыжьхэм я къарур къыхалъхьам хуэдэу, Тау Хьэсэнбий дэрэжэгъуэ къритащ. Ди эрэм и пэкIэ Олимп Джэгухэр щекIуэкIа Афинхэм и теплъэ къудейм гушхуэныгъэ ин къритырт икIи текIуэныгъэншэу и Хэкум игъэзэж мыхъуну къыхуигъэувырт. АрщхьэкIэ абы псэемыблэжу щIэбэнынухэр икIи щIэхъуэпсхэр куэдыкIейт.
Дзюдоистхэм я зэпеуэр хуабжьу гуащIэт. Хьэсэнбий абы хыхьащ Кубэм къикIа Деспейн Йесвал тыншу хигъащIэри. АдэкIэ… къытекIуащ дунейпсо зэхьэзэхуэм и вице-чемпион Звиадури Зураб, иужькIэщ Олимп чемпион Алыджым щыхъуар. «Хьэсэнбий куржы щIалэм пэлъэщынут, - жиIащ иужькIэ Урысей Федерацэм и командэм къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Казаченков Авель. – Ахэр куэд щIатэкъым Европэм и чемпионатым зэрыщызэхуэзэрэ икIи Таур абы щыгъуэм Звиадури тыншу ефIэкIат. А Iуэхугъуэм игъэбэлэрыгъауэ къыщIэкIынущ, ауэ Хьэсэнбий и гур иудыгъуафIэкъым икIи бэнэныгъэм фIырыфIкIэ къыхэкIынукъым».
Дзюдом, адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэми хуэдэу, домбеякъ медалитI щагъэджэгу. Япэ дыдэ зэIущIэм укъыщыхагъэщIами, языхэзым ущIэбэныфынущ. Абы папщIэ адрей къытрадзахэри зыхэт зэхьэзэхуэм ущытекIуэу, финал ныкъуэм лей къыщыхъуам уефIэкIыжын хуейщ. Ар хуабжьу Iуэху хьэлъэщ.
Гугъуехьхэм къыпимыкIуэту еса Тау Хьэсэнбий и зэфIэкI, ерыщагъ псори къызэщIикъуэжри, утыку ихьэжащ. ЯпэщIыкIэ абы хигъэщIащ Италием щыщ Европэм и чемпион Лепре Франческэ. АдэкIэ ардыдэр я натIэ хъуащ 2001 гъэм дуней псом щытекIуа франджы Демонтфасон Фредерикрэ 2003 гъэм ЩIы хъурейм щынэхъ лъэща корей бэнакIуэ Тхе Хван Хирэ. Тыншу зыпэлъэщар итальян дзюдоистращ, адрейхэм егъэлеяуэ гугъу ирагъэхьащ икIи и Iэзагъ псори къызэкъурагъэхащ. Гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуакъым – олимп жэз медалыр зыIэригъэхьащ!
Абы теухуа хъыбарыр япэу къащыIэрыхьам Хьэсэнбий и Iыхьлыхэм я фIэщ хъуакъым. ЯщIэрт етIуанэ зэIущIэм къызэрыщыхагъэщIар. ИужькIэщ хьэкъ щащыхъуар – къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэ псоми ар зэбграгъэхакIэт.
Афины щызэхаубла Олимп Джэгухэр зэрекIуэкIыр къэзыгъэлъагъуэ журналистхэм къаухъуреихьа Тау Хьэсэнбий зэпIэзэрыту я упщIэхэм жэуап яригъэгъуэтырт: «Иджы хуэдэу зэи гугъу сехьакъым, - ибзыщIакъым абы. – Олимпиадэм хьэрхуэрэгъу къыщыпхуэхъухэр я теплъэкIи зэфIэкIкIи зэмыщхь защIэщ икIи дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтыпхъэщ. Ар тыншкъым. Дауи, сыхуеящ Олимп Джэгухэм я чемпион сыхъуну. ИкIи схузэфIэкIынут. АрщхьэкIэ етIуанэ зэIущIэм къыщыспэщIэхуа куржы бэнакIуэр къызэбзэджэкIащ. Апхуэдэу щытми къысщыгугъахэр къэзмыгъэщIэхъуауэ къысщохъу. Сэри сыарэзыщ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ иным домбеякъ медалыр къызэрыщысхьыфамкIэ».
Алыджым щекIуэкIа Олимпиадэм иужькIи Хьэсэнбий куэдрэ дигъэгуфIащ. Къэралми, Европэми, дунейми ар мызэ-мытIэу къыщыхэжаныкIащ икIи дамыгъэ лъапIэхэр зыIэригъэхьащ. Къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и спортсменхэм зэи къаймыхъулIауэ «Тажышхуэ» зэпеуэм («А» класс зиIэ Париж дунейпсо зэхьэзэхуэкIи йоджэ) тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу 2007, 2008 гъэхэм щытекIуащ.
Къэралми ещанэу чемпион щыхъуащ. 2007 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Санкт-Петербург щызэхэта зэхьэзэхуэм и финалым Тау Хьэсэнбий щыхигъэщIащ дзюдоист цIэрыIуэ Базанов Павел. Абы ипэкIэ къыпэува и хьэрхуэрэгъуитхуми зы гугъапIи яритатэкъым.
- Зэхьэзэхуэм нэхъ икIэхэращ сыкъыщызэщIэплъар, - жиIащ Урысей Федерацэм ещанэу и чемпион зэрыхъуам теухуауэ Таум. – Благъэми, Iыхьлыми, ныбжьэгъуми, цIыхугъэми куэд дыдэ къыздэщIыну нэкIуати, а къомыр къызэплъу зыкъыхезгъэгъащIэ хъунутэкъым. Си дежкIэ нэхъыщхьэр апхуэдэхэм гукъыдэж естынырщ.
И ныбжьыр илъэс щэщIым щIигъуа иужькIэ Тау Хьэсэнбий бэнэныр щигъэтащ. Абы иджыри зыкъом хузэфIэкIынут, ауэ нэхъ зи щIалэгъуэхэм гъуэгу яритмэ, нэхъ къищтащ. АрщхьэкIэ зи цIыхугъэ дахэрэ зэфIэкI лъагэкIэ гупым яхэта адыгэ щIалэр къаутIыпщакъым. Ар ягъэуващ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжьу.
2009 гъэм щыщIэдзауэ илъэсиблкIэ а къулыкъур пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зэрихьащ Таум. Спорт лъагапIэ инхэм нэса щIалэ зыбжани игъэсащ абы. Апхуэдэхэм ящыщщ иужьу зэхэта Олимп Джэгухэм япэ дыщэ медалыр ди къэралым къыщыхуэзыхьа Мудрэн Беслъэн. Рио-де-Жанейрэ къратыкI репортажхэм щызэхэтхырт утыкум ит и гъэсэным Хьэсэнбий адыгэбзэ къабзэкIэ ирит чэнджэщхэр: «УмыпIащIэ, умыпIащIэ! Уи лъакъуэм щIумыгъэхьэ! Еуэ, иджы…».
Дыщэ медалыр Мудрэным къыщихьа кIэух зэIущIэм Таум кърита дэрэжэгъуэр къыпхуэмыIуэтэнщ. ЗэрытекIуам и щыхьэту и Iэр зэраIэту Беслъэн зыкъричри, Хьэсэнбий зыкъыпщIыхидзащ - олимп дыщэр къызыIэрыхьам и гуфIэгъуэр япэу здигуэшар и къаруи зэфIэкIи емыблэжу абы хуэзыша и гъэсакIуэрат.
2016 гъэм и кIэухым зэхэтащ Урысейм ДзюдомкIэ и федерацэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц. Абы къыщыхалъхьэри, псори зэдэарэзыуэ цIыхухъухэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ Тау Хьэсэнбий. Ар хуабжьу щIыхьышхуэщ. Сыт хуэдэ спорт лIэужьыгъуи къащти, къэралым и гуп къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу щытыну адыгэхэм ящыщу аращ япэу дзыхь зрагъэзар. А пщIэ лъагэр абы зэрыхуэфащэм шэч къытетхьэркъым.
Тау Хьэсэнбий и гуащIэр гулъытэншэу къэралым къигъэнакъым. Абы къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и медалым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр. Ар спортым щIыхь зиIэ и мастерщ. Иджы Европэм и тренер нэхъыфIщ.
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и цIыхухъу командэ къыхэхар текIуэныгъэщIэхэм хуишэу, и унагъуэр и гъусэу Хьэсэнбий илъэс зыбжанэ хъуауэ Мэзкуу щопсэу икIи щолажьэ. Iэмал зэригъуэту щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэжри и благъэ, Iыхьлы, ныбжьэгъухэм, къэзыцIыхухэм, спортым дихьэххэм дэрэжэгъуэ ярет, Iуэхугъуэ щхьэпэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыджэру хэтщ.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.