|
Адыгэ пщащэр къыхожаныкI
19 апреля, 2021 - 06:42
Урысей Федерацэм и Правительствэмрэ ФинансхэмкIэ университетым аудит, корпоратив отчётхэмкIэ и департаментымрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ «Иджырей экономикэмрэ абы и къэкIуэнумрэ зэрызэтраухуэ бухгалтер учётыр, абы епха IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ III Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр. Абы хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэри. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, щIэныгъэ зэхуэсыр ар зэхэзышахэм пэIудзауэ фIэкIа яхуегъэкIуэкIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ Урысейм, Белоруссием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Таджикистаным, Люксембург, Финляндием, Латвием я еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэу цIыху 200-м щIигъу. ЩIэнIуатэр и щхьэусыгъуэу къызэгъэпэщакIуэхэр иужь итащ щIыналъэхэм бухгалтер учётыр зэрызэрахьэ щIыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къыхэгъэщыным, ахэр дунейпсо щапхъэм зэритIасэр, абы зэрыхуэгъэкIуапхъэ гъуэгухэр къэхутэным. ЩIэнIуатэм къыщыIуа гупсысэхэр нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэкIуэжыр зыщ: урысейпсо икIи дунейпсо бухгалтер учётымрэ абы и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зы мардэм хуэша зэрыхъуным и хэкIыпIэхэр къэхутэным, арыххэуи экономикэ зэхьэзэхуэ узыншэмрэ инвестицэмрэ нэхъ щIэгъэхуэбжьа щIыным.
Ди щIыналъэм щыщу щIэнIуатэм хэта цIыхуитхум иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнымкIэ къахэщащ «Экономикэ» унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт, 2-нэ курсым щеджэ Мэлыхъуэ Миланэ. Абы къыхуагъэфэщащ Дунейпсо зэхуэсым и фIыщIэгуапэ тхылъым и ещанэ нагъыщэр.
Мэлыхъуэм и лэжьыгъэр теухуат щIыналъэм е IуэхущIапIэм хухах мылъкум щIимыгъу, нэгъуэщI къыхэхъуапIэ зимыIэ бюджетым и мыхьэнэм, ар бухгалтер учёт зэращIым, дуней псом щиубыд увыпIэм. Зи гугъу тщIы мылъку лIэужьыгъуэм и зехьэкIэм теухуауэ иджыри къэс щIэныгъэ еплъыкIэ теубыда щыIэкъым. Ди щIыналъэм и щхьэхуэныгъэхэр къилъытэурэ ар япэ дыдэу утыку къизыхьар Мэлыхъуэ Миланэщ.
Зи ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкI адыгэ пщащэм лъэпкъыр зыIэтын, и цIэр дахэкIэ жыжьэ зыгъэIун щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ къыхэкIыну дохъуэхъу!
|
20.04.2024 - 12:25 Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ. |
|
20.04.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр. |
|
19.04.2024 - 09:01 Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы. |
|
19.04.2024 - 09:01 2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ |
|
18.04.2024 - 12:25 2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж |
|