«Согугъэ иджыри Барэсбий къэпсэлъэну…»

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унэм «Мамыр­щIэкъу» зыфIаща зэIущIэр иджыблагъэ щызэхэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий (1947 - 2020) и фэеплъыр гъэлъэпIэным теухуа пшыхьыр щIызэхашам щхьэусыгъуэ иIэт: Абхъаз къэралыгъуэм и дамыгъэ нэхъыщхьэм, «Ахьдз Апша» («Напэмрэ ЩIыхьымрэ») орденым, и етIуанэ нагъыщэр, щIэныгъэлIым и унагъуэм Iэрыгъэхьэжынырт. Зи цIэ къитIуа дамыгъэр зы­хуагъэфащэр щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм ­хуащIа хэлъхьэныгъэмкIэ Хэкумрэ лъэпкъымрэ я пщIэмрэ щIыхьымрэ езыгъэIэтахэрщ. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и гъащIэри и лэжьыгъэри зыхуэунэтIауэ щытар аращ - щIэныгъэм и Iэмалхэмрэ гъуэгухэмкIэ адыгэ-абазэ лъэпкъхэр зэпыщIэнырт, я зэхуаку дэлъын хуей зэш лъэмыжыр гъэбыдэнырт.
ЗэIущIэм къеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ащхъуэт Ритэ, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Котляров Виктор, Урысей Федерацэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, макъамэтх ХьэIупэ ДжэбрэIил, Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и унафэщI, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, «Абхъаз» щэнхабзэ центрым и унафэщI ГъущIапщэ-Кацбэ Ингэ, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.
Абхъаз къэралыгъуэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Аджинджал Рисмаг дунейм ехыжа щIэныгъэлIым хуа­гъэфэща дамыгъэмрэ щы­хьэт тхылъымрэ иритыжащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Европэм гъуазджэмкIэ и Академием и академик Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. Абхъазым и Iэтащхьэм и щыгъуэ тхылъым къеджа нэужь, Аджинджал Рисмаг къыхигъэщащ Бгъэжьно­къуэ Барэсбий хуэдэ щIэны­гъэлI­хэм я фIыгъэкIэ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зэры­мыужьыхыр, атIэ ефIакIуэу, зиужьу зэрыщытыр. «Си фIэщ хъуркъым Барэсбий Абхъазым щекIуэкI Iуэху­гъуэхэм зыщимыгъэгъуа­зэу, дэтхэнэ хъугъэщIагъэми зэрырипIейтейр къыхимыгъэщу щIагъуэ дихауэ. Ди деж Хэку зауэр къы­щыщыхъеями, Барэсбий и дуней тетыкIэм епцIыжакъым - мафIэм зэщIищта щIыналъэм япэу къихьа ди къуэшхэм яхэтащ. Бгъэжьнокъуэм гу кIуэцIылъащ, и къеуэкIэр зэхыумыхынкIэ Iэмал имыIэу, щIэныгъэ иIащ, къэхутэныгъэщIэхэм я теIущIыкIыпIэ хъууэ, цIыху­гъэ иIащ, малъхъэдисым хуэдэу узыщIишэу. МащIэ зи куэда, адыгэ-абазэ Iуэхухэм хэту Абхъазым щыпсэухэм ар зэрыщымы­Iэжыр гущIыхьэ зыщымыхъуа къытхэткъым. Нобэ Барэсбий и унагъуэм Iэрыдгъэхьэж дамыгъэр ди щIыналъэм щынэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщми, абхъаз цIыхубэм ар зытригъэувэ лъагапIэр къэлъытэ­гъуейщ. Къигъэна щIэныгъэ щIэи­ныр къыпхуэмылъытэну инщи, ар щыIэху, адыгэ лъэпкъри щыIэнущ, адыгэр дунейм тетыху, Барэсбий и цIэри кIуэдыжынукъым», - жиIащ Аджинджал Рисмаг.
Дунейм ехыжа и къуэшым абхъазхэм къыхуащIа гулъытэм фIыщIэ хуищIу Бгъэжьнокъуэ Заурбэч псалъапIэр щиубыдым, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу, ар сыт щыгъуи къилъыхъуэу зэрыщытар къыхигъэщащ. «И гъащIэ псор адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъ щэхухэр къыщIэгъэщыным иритами, къызэрыгуэкIыу лъэпкъым мыр дэслъэгъуащи, къежьапIэри ухыпIэри аращ жиIэу щхьэрыутIыпщу утыку кърихьэртэкъым. А къигъуэтам къе­жьапIэ хуэхъуам нэсыну ­­хущIэ­къурт, ар къыщи­гъуэ­тыфыну къилъытэри унэ­къуэщ лъэпкъхэм я дежт. Iэджэ гуращи иIащ Барэсбий, куэдым зри­пщы­тырт. КъехъулIар мымащIэми, зыхунэмысу къэнар си жагъуэщ. Монографие зы­бжанэ щылъщ, тридзэным хуэмыпIащIэу, загъуэрэ ­хуеплъэкIыжрэ зыгуэрхэр хилъхьэжу, зыгуэрхэр зэригъэзэхуэжурэ къекIуэкIауэ. Согугъэ Барэсбий иджыри къэпсэлъэну. Абы и пщIэм­рэ и фэеплъымрэ зыхъумэ дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI. Нэхъыбэрэ дызэхуэвгъэс адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, ­хурехъу абы гуфIэгъуэри и щхьэусыгъуэ», - жиIащ ­Заур­бэч, и гур къызэфIэнауэ.
Абхъазым къикIа лIыкIуэ гупым я пашэм жиIар диIыгъыу Дзэмыхь Къасболэт къыщыпсалъэм, Бгъэжьнокъуэм и щIэиныр лъэпкъ щIэныгъэми щыщ зы Iыхьэу, адыгэ щэнхабзэм и дыщэ фонду зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Бгъэжьнокъуэ Барэсбий щылэжьа, щыпсэуа щIыпIэм къызэрыщалъытэ пщалъэм уезэгъыну щытми, жыIэн хуейщ абы и цIэм дунейпсо мыхьэнэ зэриIэри. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ар езым и цIыхуу къалъытэу щытащ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм япыщIауэ, я IуэхущIэгъуу дунейм тетащ. Дэнэ мыкIуэми, и лэжьыгъэм епха IуэрыIуатэ е лъэпкъ щIэныгъэ гуэр ­къри­мыхьэлIэу ар зэи и лэжьапIэ IэнатIэм къекIуэ­лIэжакъым. Мэздэгу адыгэ­хэм я деж къыщегъэжьауэ Шапсыгъым щыщIэкIыжу цIыхугъэрэ хэгъэрейрэ щимыIэ щыIэтэкъым. ЖыпIэнуращи, зыхэтыр игуми и псэми Iэпих лэжьыгъэти, абы дапщэщи хуэнэхъуеиншащ. ИпэжыпIэкIэ, ар нобэ къызэрытхэмытыжыр хэ­щIы­ныгъэшхуэщ», - жиIащ Дзэмыхьым.
«Абхъаз» щэнхабзэ центрым и унафэщI ГъущIапщэ-Кацбэ Ингэ къыщыпсалъэм зэIущIэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр иджыри зы лъагапIэ дишыну зэрыщыгугъыр жи­Iащ. «ИгъащIэми ди лъэпкъхэм гуауэри гуфIэ­гъуэри зэдагуэшу къогъуэгурыкIуэ. Ди зэхуакум хьэ­-лэ къыдэзыукIэну хущIэкъу­хэм дазэрыпэщIэувэфынур щIэ­­ныгъэщи, Бгъэжьно­къуэм мыубзэщхъуу игъэ­IурыщIа а Iэмалыр зыIэ­щIэдгъэкI хъунукъым. ЩIэ­ныгъэлIым и гуащIэр пшыналъэ папщIэщ, дызэрызэ­ху­щытын хуей псори къы­щIоIукI, дыщIэдэIун ­хуейуэ ара къудейщ. И Iэдакъэ­щIэкI дэтхэнэри ди адэжь­хэм я уэрэдым и ежьущи, дэри къэдвгъэпхъуатэ ар», - къыхуриджащ къызэхуэсахэр ГъущIапщэм.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм Барэсбий хужаIэну псалъэ дахэри гукъэкIыжхэри я куэдт. Дэтхэнэми щIэныгъэлIым къызэринэкIа щIэи­ным и хьэкъыр иритырт, жылагъуэ лэжьыгъэу иригъэкIуэкIами хуэфащэ пщIэ хуищIырт. Бгъэжьнокъуэм и фэеплъыр зэманым фагъуэ зэрыщIэмыхъукIынур, и Iэдакъэ­щIэкI­хэм я мыхьэнэр зэрызэ­щIэмыкIуэнур дэтхэнэ псалъэми апхуэдизкIэ къы­хэ­щырти, плъэмыкIыу цIыхур уахътыншэ зыщI щхьэу­сыгъуэхэм урашалIэрт.
ЗэIущIэм и кIэм Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къыщы­псалъэ видеотеплъэгъуэ­хэм хьэщIэхэр ирагъэ­плъащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)