ЩIалэгъуалэм зэфIагъэкIар мащIэкъым

КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхуэсым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэр зэхуищIыжащ.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ЩIа­лэгъуалэ палатэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ ирагъэ­кIуэкIа лэжьыгъэм пап­щIэ.
- Нобэ ЩIалэгъуалэ палатэм и иужьрей зэIущIэщи, шэч хэмылъу, дигу къоуэ языныкъуэхэм адэкIэ дазэ­рыдэмылэжьэжынур. Псом япэу фыщIэ ин яхузощI мыхьэнэ зиIэ, сэбэп зыпылъ Iуэху гъэщIэгъуэнхэр къы­­зэрагъэпэщу ахэр зэрылэ­жьам щхьэкIэ. Лъэпкъыбзэхэм зегъэужьыным, хабзэхэр хъумэным, нэгъуэщI­хэми ятеухуауэ абыхэм къыхалъхьа жэрдэм зыбжанэм федеральнэ мыхьэ­нэ ягъуэтащ. Си гуапэщ ­апхуэдэ Iуэхухэм ди щIалэ­гъуалэм гу зэрылъитэр икIи сыщогугъ дяпэкIи ехъулIэ­ныгъэ къагъэлъэгъуэну, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Узэрыгушхуэнщ илъэсипщI и пэкIэ КъБР-м и Парламентым епхауэ къызэдгъэпэща ЩIалэгъуалэ палатэм и зэфIэкIыр наIуэ зэрыхъуар. Къапщтэмэ, палатэм щы­зэфIагъэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм заужь - ахэр районхэм я щIы­пIэ самоуправленэхэм я советхэм, КъБР-м и Парламентым я депутат мэхъу, министерствэ, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я унафэщI ­къулыкъур ягъуэт. Етхуанэ зэхуэсым хэта щIалэгъуа­лэм я нэхъыбэр зэхьэ­зэхуэм пхыкIащи, адэкIи лэжьэнущ. Абы къегъэлъагъуэ ­политик хъарзынэхэр къэ­кIуэнум дызэриIэнур. Ап­хуэдэуи ди гуапэ хъунут мы зэманым екIуэкI «Урысейм и пашэхэр», «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэхэм хуэ­дэхэм ди щIалэгъуалэр къыщыхэжаныкIамэ.
ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэми КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым фIыщIэ хуащIащ щIалэгъуалэм щIэ­гъэкъуэн сыт щыгъуи къазэрыхуэхъум папщIэ.
ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахь­мэд тепсэлъыхьащ илъэситIым къриубыдэу зэфIагъэкIам.
КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэсым и ЩIалэ­гъуалэ палатэм хэтынухэр ягъэбелджылащ, абы теу­хуа дэфтэрыр щэкIуэгъуэм и 29-м ирагъэкIуэкIыну зи чэзу зэIущIэм къыщащтэнущ.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.